ЛIыхъужьыгъэм и орденыр хуагъэфащэКъулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м пэкIу щызэхэтащ, ар къэзыуха, дзэ Iуэху хэхам лIыхъужьу хэкIуэда Гугъуэт Нурхьэлий и щIыхькIэ. Къэралым и мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ зи псэр щIэзыта щIалэм абы фэеплъ къыщыхузэIуахащ. ЩIалэм и фэеплъым пщIэ хуащIыну, абы и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ я гузэвэгъуэр дагъэпсынщIэну пэкIум зрагъэхьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, хэкIуэдам и ныбжьэгъухэм, зыцIыхуу щытахэм, къуажэдэсхэм. ПэкIум щIидзэн и пэ къихуэу, къызэхуэсахэр хэкIуэдам зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ. Балъкъыз Артур къыхигъэщащ Гугъуэт Нурхьэлий зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, псэемыблэжу ар мамырыгъэм зэрыщIэбэнар щIыналъэм щыпсэухэм ягу зэримыхунур. Ар щIалэм и унагъуэм хуэгузэващ, лIыхъужьым и лIыгъэр щIэблэм щапхъэ зэрахуэхъунур къыхигъэщу. Фэеплъыр къызэIуаха нэужь, щIыналъэм и Iэтащхьэм Нурхьэлий и адэм фIыщIэ хуищIу абдеж щритыжащ хэкIуэдауэ и щIалэм къыхуагъэфэща «ЛIыхъужьыгъэм и орденыр». Зэхыхьэм хэтахэм фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ, зи псэ емыблэжу Хэкум къыщхьэщыжа щIалэм пщIэ хуащIу. ПэкIур щиухым армеец ныбжьыщIэхэм жаIащ: «ЛIыхъужьыр зэи дигу ихунукъым!» Мамырыгъэм папщIэ зи гъащIэ емыблэжахэм я фэеплъыр зэрахъумэнумрэ абы и уасэр зэрызыхащIэмрэ теухуа тхьэрыIуэ хуэдэт а псалъэхэр. Абы къегъэлъагъуэ Нурхьэлий и лIыгъэр къулыкъу къыдэзыщIахэми къыдэкIуэтей щIалэгъуалэми зэращапхъэр. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
06.03.2026 - 12:02 →
А гъатхэ пщэдджыжьыр уает лъэпкъым и дежкIэ
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
05.03.2026 - 12:08 →
Хамэ щIыпIэхэм нэIусырт и макъыр
| ||




