Жэбагъы зэрыакъылыфIэр наIуэ къызэрыхъуарПасэрей адыгэхэм я хьэлу щытакъым утыкуакIуэу. Зы IэзагъэфI гуэр зыбгъэдэлъыр, е зауэ гуащIэм нэхъ лIыгъэшхуэ щызезыхьар, хьэмэрэ къаруушхуэ зиIэр гуп хэхуамэ, сабыру щысынут, езыр зэрыпсалъэм нэхърэ адрейхэм жаIэм зэредаIуэр нэхъыбэу, гуп зыхэхуам зыкIи закъыхимыгъэщу. АтIэ, Жэбагъыи занщIэу ежэжьакъым, «сэ акъыл сиIэщи, сыущиен хуейщ, къуажэри жылэри фыкъызэдаIуэ», – жиIэу. Ар щIыхьышхуэ зыхуэфащэ лIы цIэрыIуэ щыхъуами, имыIуэху зэримыхуэу, зыми емыпэгэкIыу, дэтхэнэ цIыху къызэрыгуэкIми уэршэрэгъурэ IуэхущIэгъурэ дэхъуу щытауэщ хъыбарыжьхэм къазэрыхэщыжыр. Абы щхьэкIэ лIы хуэдэлIыр зыкIи нэхъ пуд хъуртэкъым, и пщIэр нэхъ лъагэжу дэкIуей фIэкIа. А зэрысабырыфэмрэ игъуэм деж къылъыкъуэкI лъэкIыныгъэмрэ гулъытэншэу къанэртэкъым. ИтIанэми, хъыбархэм хэт Къэзанокъуэм и акъылыр пасэ дыдэу хэIущIыIу къэхъуауэ аращ зэраIуатэр. Къызэрыхъуауэ жыхуаIэри тIу-щыуэ зэщхьэщокI. Зэгуэрым бжьэ зезыхьэ лIиплI гъусэ зэдэхъущ, я бжьэ матэхэр губгъуэм зэдрашэри, зы щIыпIэ гуэр деж тIысат, жи, бжьаIуэ яухуэщ, езыхэр зыщIэсын зы пщыIэ къекIу ящIри. Махуэ гуэрым абыхэм ящыщ зым чыцI цIыкIу къигъуэтащ, и зы лъакъуэр къутэри, губгъуэ нэщIым и закъуэу къинауэ. Мо пщыIэм тезэшыхьхэм, махуэ къэс цIыхухэм къахыхьэну хущIэмыхьэхэм псэущхьэ цIыкIур яфIэщIэщыгъуэ дыдэу къахьащ япIыну, и лъакъуэ къутами пхъэщIэпхэ хуащIри хъыданкIэ япхэжащ. Ауэрэ, гушыIи хуэдэурэ, я фIэщ тIэкIуи хэлъурэ, мо чыцIыр лIиплIым зэхуагуэшащ, сэ мы лъакъуэр сысейщ, уэ мыр ууейщ, жаIэри. ЛъакъуиплIыр я зырыз хъуащ, ауэ, куэдрэ къызэрыхъу хабзэу, нэхъ зылъэкIхэм лъакъуэ узыншэхэр хаубыдыкIри, лъакъуэ къутар нэхъ тхьэмыщкIэм къыхуэнащ. Мобыи сыт ищIэжынт, ухэныпэ нэхърэ - лъэпхъуамбыщIэ, жыхуаIэрати, чыцIыр къиубыдщ, лъакъуэ къутар нэхъ быдэу ипхэри иутIыпщыжащ. Апхуэдэурэ, зы махуэ дэкIа, тIу дэкIа, лIыхэри бжьэм пэрытщ, чыцI цIыкIури есэжащи, лъакъуищымкIэ мапкIэ-малъэ, къежыхь, къутар щIым тримыгъэувэу. Сытми махуэ гуэрым чыцIыр – бжэн лъэпкъыр езыр бзаджэкъэ, бжэн лъакъуэ пхуэубыдын, жыхуаIэращ, зы пIэм ису сабыру пхущысынукъым – адэкIэ лъэм, мыдэкIэ къалъэурэ, жьэгум пэрылъадэри, и лъакъуэ къутар зэрыпха хъыданым мафIэ къыщIэнащ. Абы игъэгужьея тхьэмыщкIэр щIэпхъуэщ аби, кIийуэ къижыхьурэ жьажьэ гъурыбзэ зытебгъа бжьэ матэхэм мафIэр ящIэнэри, бжьахъуэхэр пэмылъэщу зы къэмынэу зэтригъэсащ. Мис апхуэдэу, лIиплIым я гъэ псо лэжьыгъэр зи лъакъуэр къута чыцIым текIуэдэжат, жи. Иджы мыр зыгуэрым къипшыныжын хуейщ, жаIэри бжьахъуэхэр ежьащ я Iуэхум унафэ трагъэщIыхьыну. А зэманым хеящIэу зы лIыжь хэкум ист, жи, УэрийкIэ еджэу, хэт и зэдауэри, хэт и Iуэху зыIумыбзри абы деж ирахьэлIэрэ, абы зэрыжиIэр яфIэкъабыл хъурэ къащтэу. Мо бжьахъуэхэр къыщыхуэкIуэм, Уэрийуэ хеящIэр Iуэхум хэплъэщ, гупсысэжри, лъакъуэ къутар зылъысауэ щыта тхьэмыщкIэм ипшыныжыну техуэу къыщIригъэдзащ. – Ар дауэ хъун, – къопсалъэ мысэу къалъыта лIыжь цIыкIур, – сэ апхуэдиз мылъкуи збгъэдэлъыххэкъым, къыздисхыни сиIэкъым, лей къыстумыгъэхьэ, пщылIыпIэ сиувапэми, мо щым сызыхуэпщылIынур дэтхэнэра? Уэрий абдежым, шэч къытрихьэжа хъунти, зэ зыщIогупсысыжри мыпхуэдэу жеIэ: – Уэ уи мылъкур зыхуэдизми, зэрыппшыныжынур къыздипхынуми сэ си Iуэху хэлъкъым, ауэ пIалъэу тхьэмахуэ закъуэ узотри, абы къриубыдэу уи Iуэхур дэзыгъэкIын уэчыл къэбгъуэтмэ, щIэрыщIэу сыхэплъэжынщ. Къыпхуэмыгъуэтрэ – уи лажьэжщи, сыт хуэдэ щIыкIэу бгъэзащIэми, унафэ сщIар бгъэзэщIэнущ. ЛIыжь цIыкIур махуэкIи лъыхъуащ, махуитIкIи, щыкIи лъыхъуащ, ауэ уэчылу къыхуэувын игъуэтакъым. Ебланэ махуэм, дыгъэри къухьэпIэ хуегъэзэкI щыхъум, лIыжьыр, и гугъэр хихыжыпауэ, Уэрийм деж ежьащ, зыри зэримыгъуэтар жриIэну. А здэкIуэм, ар хуозэ сэтей гуэрым щIалэ цIыкIу гуп тету кIэн джэгуу. Зыр къопсалъэри: «Уи кIэныр къэсхьэхуащ», – жи. Адрейми «Хьэуэ, сфIэпхьакъым», – жи. Зэдауэ щыхъум: «НакIуэ, тIэ, мес мо Жэбагъы ди Iуэхур зытетыр жетIэнщи, абы зэрыжиIэр дэркIэ унафэщ», – жаIэри абыкIэ зэгурыIуащ. МыдэкIэ мо зи щхьэр зи жагъуэ лIыжь тхьэмыщкIэри якIэлъоплъ, сыту пIэрэ мыбыхэм ящIэнур, жыхуиIэу. Жэбагъы жыхуаIэри адрейхэм яхуэдэ зы щIалэ цIыкIуу а джэгухэм яхэтти, зэдауэхэр къыщыбгъэдыхьэм, мыр жеIэ: – Уэлэхьи, – жи, – сэ фи хеящIэу сыкъафщтэмэ, Уэрий и хей щIэкIэу сымыщIэн, захуэм тету сщIэнмэ! Ар зэхэзыха мо лIыжьым щIалэ цIыкIур зыбгъэдешэри йоупщI: – Сыт, ТIыкIуэ, Уэрий и хей щIэкIэм уэ мыхъуауэ хэплъэгъуар? – Уэлэхьи, хэслъэгъуарам: абы хейр егъэмысэри мысэр еухей, сыт абы чыцI лъакъуэ къутам и Iуэхур зэрызэхигъэкIар, лажьэ зиIэр иухейрэ зимылажьэр мысэ ищIу! – АтIэ, уэрауэ щытамэ, дауэт зэрыпщIынур? – Езы чыцIри мафIэри къезыхьэкIар лъакъуищ узыншэракъэ, ар зейхэм къутар зылъысам и мылъкур къезгъэпшыныжынут, – кърет жэуапыр мо цIыкIум. – АтIэ, тIу, а чыцI лъакъуэм и IуэхукIэ тезыр зытехуар сэращи, си гъусэу унакIуэу а сэ къызжепIар езы Уэрий схужепIэфын? – ЖесIэфынщи, хейуэ ухэсхынщ. Ауэ сэ иджыри сысабийщ, си анэм хуит симыщIауэ сынэкIуэфынукъым. Еуэщ аби, лIы тхьэмыщкIэр Жэбагъы и анэм деж кIуэри елъэIущ, хуит къригъэщIри, Уэрий-хеящIэм деж а тIур зэгъусэу кIуахэщ. – Сыту укъэгува?! – къегиящ Уэрийр мо лIыжь цIыкIум. – Уэчыл схуэхъун сымыгъуэтурэ куэдрэ къэскIухьащ, дауэ мыхъуми, иджы къэзгъуэтащи, абы жиIэм къысхуедаIуэ. – Дэнэ щыIэ, атIэ, уи уэчылыр? – жиIэу щыщIэупщIэм, лIыжь тхьэмыщкIэм Жэбагъы цIыкIур утыкум къришащ, мыращ си уэчылыр, жыхуиIэу. Хей щIапIэм щIэсхэр хэт щэхуу, хэти нахуэу къэдыхьэшхахэщ: «Апхуэдэ уэчылым утыку укъринэнкъыми!» – жыхуаIэ щIыкIэу ауан къащIу. Ауэ езы Уэрий абы щхьэкIэ къигъэнакъым: – Хъунщ-тIэ, щIалэфI, уэ сыт къыджепIэн? – йоупщI ар мо цIыкIум. – ЖысIэнуращи, - кърегъажьэ Жэбагъым, – хьэдэр псэухэм дахрэ, хьэмэрэ лIам псэухэр ихьрэ? – Iэу, зиунагъуэрэ, ар сыт щIэупщIэкIэ, дауэ хьэдэм псэур зэрихьынур! – АтIэ, а лIар яIэтауэ, дамэм телъу щыдахым деж зыгуэр къащыщI хъужыкъуэмэ, лажьэр зыхуэпхьынур лIара, хьэмэрэ псэухэра? – Уэлэхьэ, лIам хьэкъ имыIэж, псэухэрам. – Апхуэдэу щыхъукIэ, Уэрий-дадэ, чыцI лъакъуэ къутар лIам пэлъыт, абы зыри зыщIыпIи ихьыфыну щытакъыми. Лажьэ зиIэр ар езыхьэжьа лъакъуэ псэуищыращ. ЛъакъуиплIри къутауэ щытамэ, чыцIыр и пIэ икIыу зыщIыпIи кIуэфынутэкъым. Ар уи фIэщ хъууэ щытмэ, сэ сызиуэчылыр хейуэ хэгъэкIи, абы и мылъкуу мафIэм исар езыгъэса лъакъуэ псэухэр зейм къегъэпшыныж. Мис итIанэ, Уэрий и суд щIэкIэр пэжщ, къыпхужаIэнщ, сабий джэгухэм я ауану ущымыту! – апхуэдэу жеIэ Жэбагъыуэ щIалэ цIыкIу джэгум къыхашам. – Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, мы цIыкIум жиIэр пэжкIэ, – жиIащ Уэрийм. А зэм щыуами, ари делэу къыщIэкIынутэкъым, лIыгъэ гуэри хэлъти, псалъэ къыхимыгъэкIыу Iуэхур къызэридзэкIыжащ. Мис апхуэдэу лIы тхьэмыщкIэм къытехуэнкIэ хъуну щыта лейр мо Жэбагъы щIалэ цIыкIум щхьэщихауэ щытащ, жаIэ. Ауэ ар абыкIэ къызэтеувыIакъым: хей щIапIэм къыщыщIэкIыжым, бжэщхьэIум нэсауэ, зыкъигъазэри Уэрий и нэгум иплъэуэ мыпхуэдэу жиIащ, жи: – ПщIы – бзу, пщыкIутху – чыцI, тIощI – дыгъужь, плIыщI – аслъэн, хыщI – къаплъэн, пщIей – пэщащэ, щэ – джэдыкIэ! Зыми къагурымыIуа а псалъэр къахидзэри, екъури ежьэжащ Жэбагъы цIыкIур, и ныбжьэгъу кIэн джэгухэм яхыхьэжауэ къыщIэкIынщ. Уэрий и хейщIапIэм щIэсхэр ныбжь зиIэу пщIэ зыхуащI тхьэмадэхэти, къэуIэбжьахэщ, жи, мы Iейм къибжхэр сыт, убэрэжьам хъунт ар, жаIэу. АрщхьэкIэ Уэрий, абдежым зэрымыделэр аргуэру зэ къуигъащIэу, мо щIалэ цIыкIум жиIам зыгуэр зэрыхэлъыр къыгурыIуащ. Абы хейщIапIэм щIэсхэр зэтригъэбэяуэри, щIалэ щIэкIыжари къригъэшэжащ, жи. – Иджы, щIалэфI, – жеIэ Уэрий лIыжьым, – уэ ущыщIэкIыжым щыгъуэ къыджепIам щIагъыбзэ щIэлъыр мы щысхэми къагурыIуакъым, сэри Iэнкун сыкъэпщIащи, уи псалъэм къибгъэкIар къыджумыIэу хъунукъым! – Ахьай, нывжесIэн, – жеIэри Жэбагъым кърегъажьэ. – «ПщIы – бзу» – жысIатэкъэ? ЦIыхур и ныбжькIэ илъэсипщIым щитым деж бзум хуэдэу лъэтэну къыфIощI: и щхьэм щIагъуэ имытми, дунейр фIэдахэщ, фIэIэфIщ, псори фIэщIэщыгъуэщ, и анэр гупсэщ, и адэр псэущи, мыгъуагъэ дунейм тету зыкIи зэхищIыкIыркъым, мис аращ. «ПщыкIутху – чыцI»: пщыкIутхум деж цIыхур дэнэкIи нэсу, къуейщIейуэ, ауэ акъылым зимыузэщIарэ ерэ фIырэ зэхищIыкI мыхъуауэ – апхуэдэкъэ! Ари къащтэ. Илъэс тIощIым деж щегъэжьауэ 25-р цIыхур дыгъужьым хуэдэу лъэщу, зэIэр къыгуиудыфын и гугъэжу, зытемыгушхуэн Iуэху щымыIэу, мы дунейм зы убыдыпIэ иIатэмэ, и лэрыджыр дэгъэзеяуэ зэзгъэдзэкIынти, жиIэу – мис апхуэдэ мэхъур. ПлIыщIым щынэсым деж абы и акъылыр тIысауэ, ауэ гуащIэкIэ аслъэным хуэдэу, жьыгъэм къыхимыгъэзыхьауэ, и пкъым хэлъымрэ щхьэм итымрэ зэдэхъуу, зы Iуэху гуэр и пщэ къыдэхуамэ, и къарум Iэмалымрэ акъылымрэ хилъхьэжыфу, IэкIуэлъакIуэу зэфIигъэкIыфу – ари аракъэ! «ХыщI – къаплъэн» – щIыжысIам ухуеймэ, абы щыгъуэм деж лIыр и теплъэкIи зэкIэлъыкIуэу, жьыгъэр къэблэгъами, Iуэхур дахэрэ хъуэпсэгъуэу акъылкIэ зэрихьэу, къаплъэным хуэдэу Iущу, гъэтIысауэ псалъэу, уи Iуэху епхьэлIэмэ, чэнджэщэгъу пэж къыпхуэхъуфын хуэдэу щыткъэ! Ари пэжкъэ?! КIуэурэ, зи ныбжьыр пщIейм нэсам хузэфIэкIышхуэ щымыIэжу, и гур зэманыгъуэ блэкIам хуеплъэкIыу, нэхъапэхэм щыгъуэ зэрыщытам хуэдэу псори зригъэдэIуэну пылъ щхьэкIэ, нэхъыщIэхэр щхьэж и акъылкIэ псэужыну хуейрэ къемыдаIуэу, Iуэху ищIэну хуежьэми пэщащэ фIэкIа, хухэгъэщIышхуэ щымыIэу къонэ. Мис аращ сэ «ПщIей – пэщащэ» жысIам къизгъэкIар, – жеIэ щIалэ къыщIашэжам. – АтIэ, щэм и гугъу пщIакъыми? – А зыр жызумыгъэIэ. – Хьэуэ, адрейхэр щыжыпIакIэ, ари къремынэж, жыIэ. – ЖысIэмэ, жысIэщи, Уэрий-дадэ, уэ плъэгъуакъэ абгъуэрынэу къинэжауэ джэдыкIэ шкIумпI – уеплъмэ джэдыкIэу, и кIуэцIыр шкIумпIу, абгъуэм къипхамэ, зэрысэбэпын зыри щымыIэу? Илъэсищэ хъуа цIыхури мис апхуэдэщ: сэбэп зэрыхъуф щымыIэжу, и акъылри шкIумпI хъуауэ, Iуэху гуэр и ужь ихьэми, ар тэрэзу ищIэнкIэ ущыгугъ мыхъужыну, къалъхур къытралъхуэу, ипэкIэ зыщыгугъын фIы къыхуэмынэжауэ. Мис аращ – уи ныбжьэгъухэр пкIэрыхужауэ, щIалэгъуэм щыгъуэ бгъэхъахэмрэ узэрыщытамрэ зыIуэтэжу уи щхьэр зыгъэлъэпIэни щымыIэжу, уэ узэрыщытахэр щыжыпIэжым деж лIыжь щхьэщытхъур къыпфIащу, уэ езым зыри плъэмыкIыжу укъанэмэ, джэдыкIэ абгъуэрынэ ухъуакъэ! – Афэрым, щIалэфI! Арэзы сыкъызэрумыщIа къэбгъэнакъым. Сэ си ныбжьыр илъэсищэм фIэкIарэ, си щхьэри мыхъужрэ пэт мы къулыкъур сымыутIыпщу иджыри къэс щIэсIыгъар уэ пхуэдэ гуэр къэунэхуным сещэрэ сыпэплъэу арати, си хъуэпсапIэм Алыхьым гу къылъитэри, нобэ укъызитащ. Уэращ иджы дяпэкIэ Къэбэрдейм хеящIэу диIэну зыхуэфащэр. Дунейр гъуэрыгъуэ шэнтщ, жыхуаIэрати, си зэманыгъуэм зылI хуэфащэ сщIащ, иджы си зэманыр икIащ, си пIэ – си абгъуэ ситIысхьэжынкIэ игъуэ дыдэщ. Уа, жылэ махуэ хъун, нобэ щыщIэдзауэ фи суд зыщIэнури, фызэдэIуэнури, зи унафэкIэ фыпсэун хуейри мис мы щIалэращ, Къэзанокъуэ Жэбагъыщ, и щIалагъым емылъытауэ акъылыфIэщ! – апхуэдэу жиIэри, Уэрий лIыжьым мо хей щIапIэм щIэсхэм закъыхуигъэзащ. Ар дауэ хъун, дауэ щIэн, жаIэу зыгуэрхэм зыкъыщаIэтым, къытригъазэри мыпхуэдэу жиIащ: – Уа, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэнхэ, нобэр къэсыхункIэ си ужьыр зэрыхъуным си гур иригъути, Алыхьым сызэрелъэIуар къысхуищIащ. Гукъыхэщт симыIэу, хеящIэ башымрэ шэнтжьеймрэ мы щIалэм къыхузогъанэри сотIысыж. Абы и къэунэхугъуэмрэ сэ си ужьымрэ Къэбэрдейм фхуэмахуэн Алыхьым ищI! – ар жиIэщ аби, къыщIэкIыжащ Уэрий дадэр, щIэсхэр къызэхинэри. Мис аращ Жэбагъы и акъылыр къызэрыунэхуауэ жыхуаIэр.
Поделиться:
Читать также:
13.02.2026 - 16:35 →
ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым
13.02.2026 - 12:55 →
ГъащIэ щыIамэ арат
12.02.2026 - 18:39 →
Гъуэгу лэжьыгъэхэр
12.02.2026 - 12:26 →
Радиом и Iэмалхэр
12.02.2026 - 11:11 →
ЗэгурыIуэныгъэр япэ ирагъэщу
| ||




