Гъэлъэхъукъуэ зекIуэхэр![]() «ЕхъуэрэхъуэкIыурэ Гъэлъэхъукъуэ нэсащ», – жаIэ зи цыр псыгъуэ, зи лыр хьэлъэ, лъэкIэ псынщIэ хъуа гъэлъэхъум щхьэкIэ. ГъэлъэхъукъуэкIэ зэджэ къуэладжэм псынэщIэжхэр щыкуэдт, удзыпцIэр щыбэт, хьэуар щыкъабзэт – дауи гъэлъэхъум лы имыщIынрэт!.. Зэрахуэурэ гъуэгу кIыхьым иригъэша хъушэр щIыпIэ пыухыкIам нэсу зыщаужьыжкIэ, апхуэдэу жаIэ хабзэт, зэгуэр ди адэжьхэр а Гъэлъэхъукъуэм нэсу зэрыщытам и шэсыпIэ адыгэбзэр иувэу. НобэкIэ а псэлъафэр зытеухуар зи узыншагъэр зэфIэзыгъэувэж, зэрыщытам емыщхьыжу жан къэхъужа, зи Iэпкълъэпкъыр псынщIэу щIэкIыу хуежьэжа цIыхурщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, Гъэлъэхъукъуэм, иджы цIыхухэм я нэхъыбэм Ирик-Чат жыхуаIэм, апхуэдэ хущхъуэгъуэ иIэщ – хьэуар къабзэщи, зы жьы зыжьэдэшэгъуэм лъым и зекIуэкIэр зэтес ещIыж, гум и къеуэкIэр зэтрегъэувэж, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр я пIэ ирегъэувэж. Адыгэхэм Гъэлъэхъукъуэр я щIэжым къызэрыхэнам хуэдэ дыдэу къахущIэкIащ а щIыпIэхэм зыщаплъыхьыну иджыблагъэ ежьа щIалэгъуалэ гупми. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зыбжанэ лъандэрэ хъарзынэу щолажьэ «Бгырысхэр» фIэщыгъэр зэзытыжа щIалэгъуалэ гуп. Урысей географие зэгухьэныгъэм и щIалэгъуалэ къудамэ хъу а гупым хэт студентхэр щеджэр КъБКъУ-м менеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэм епха хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтращ. ЩIэх-щIэхыурэ зыкъызэрагъэпэщурэ гупым хэт ныбжьыщIэхэр ди щIыналъэм и щIыпIэ пхыдзахэм, къуакIэбгыкIэ екIуэлIэгъуейхэм, бгылъэ дэкIыгъуейхэм макIуэ, щалъхуа лъахэм и дахагъэр зрагъащIэу, а гъуэгум я лъэгуажьэгъу цIыкIухэр теувэным ирагъэхъуапсэу. Гъэлъэхъукъуэр, зэрыжытIащи, хъупIэхэмрэ мэзхэмрэ щыкуэд къуэладжэщ. Ар зыбжанэ хъуауэ хохьэ ди щIыпIэхэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэр зытрашэ зыплъыхьакIуэ лъагъуэхэм. А лъагъуэхэр зыубзыхуари, зекIуапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр хуэзыщIари, дамыгъэ щхьэхуэхэр къыхухагъэкIыу епсыхыпIэхэр хуэзыщIари Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетырщ. Апхуэдэ жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм я фIыгъэкIэ мы далэм къриубыдэу а щIыпIэхэр цIыху куэдым я зэхэзекIуапIэ хъуащ, Гъэлъэхъукъуэм и хъыбарри нэхъыбэм зэлъащIысу хуежьащ. ЗекIуэм хэта ныбжьыщIэхэм зрагъэлъэгъуащ ар цIэрыIуэ зыщIа щIыуэпс къэгъэщIыгъэ куэд: ахэр щыIащ быдапIэ ухуэныгъэхэм ещхь пкъыгъуэхэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ пшахъуалъэхэм, зыщаплъыхьащ сыт щыгъуи щхъуантIэ мэзылъэхэм, зрагъэщIащ нартсанэ псынэпсхэм къыщIэжыпIэ яхуэхъумрэ псыкъелъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къыщежьэр дэнэ щIыпIэми. Апхуэдэу куэдым хьэлэмэт къащыхъуащ Гъэлъэхъукъуэ фIэкIа нэгъуэщIыпIэ ущримыхьэлIэу мы щIыпIэм къэкIыгъэ щхьэхуэхэр къызэрыщыкIым, псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщызекIуэм. А зекIуэм хэта Къумыкъу Инарэ и гум ихъыкIхэр хуэмыбзыщIу, илъэгъуар псалъэ зэгъэпэща защIэкIэ къеIуэтэж: – Сэ сыкъыщыхъуа къуажэр пэжыжьэкъым Iуащхьэмахуэ. Дыщыгъуазэщ Бахъсэныщхьэ щыдэкIуейкIэ, пхуэмыIуэтэщIыжыну щIыпIэ дахэ куэд зэрыщыIэр. Ауэ си нэгу къыщIэувамрэ Гъэлъэхъукъуэ щыслъэгъуамрэ фIыуэ зэщхьэщокI. Iуащхьэмахуэ апхуэдэу гъунэгъуу щыслъэгъуар иджыщ. ЗыхэсщIащ ди адэжьхэм абы хуаIэ Iулыджыр къызыхэкIыр – пагэщ икIи лъагэщ, ауэ и куэщIым уихьамэ, укъихъумэну къыпхуэсакъ хуэдэу къыпфIощI. Дызытет дунейр фочышэ икIам ещхьщ. Лэжьыгъэр куэдыщэщ, ухи иIэ хуэдэкъым. Арыххэуи, абы ди псэр щытезашэ, ди гур зыщэтриIубэ къыхокI. Зыбужьыжынумэ, уи щхьэм жьы къабзэкIэ зебгъэгъэнщIынумэ, нэгъуэщI щIыпIэ ущIэкIуэн щыIэкъым. Мыбы сызэрыщыIа махуэ зыбжанэм зызгъэпсэхужащ, щIэрыщIэу дунейм сыкъытехьащ, си гупсысэри нэхъ бзыгъэ хъуа къысфощI. КъБКъУ-м менеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэм епха хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтыр жыджэру йолэжь Iуащхьэмахуэ лъапэ и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр цIыху кIуапIэ зэрищIыным, апхуэдэ щIыкIэкIэ щIыналъэм и пщIэр къызэриIэтыным. Абы къыщыувыIэркъым. ГурыIуэгъуэщ лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ пхыпш къудейкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыплъыхьакIуэ къакIуэхэр къызэрыдумыхьэхынур. Ахэр хуэныкъуэщ щIыпIэм и тхыдэмрэ и географиемрэ зэхэхауэ ягурызыгъэIуэн псэлъэкIи. Ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – тхыдэшхуэ къызэранэкIащ, щэнхабзэ бей яIэщ, щIэныгъэ лъэрызехьэ зэтрагъэуващ. ЛъэпкъитIым я дуней лъагъукIэхэр зэщхьэщыкIми, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэм зэрешалIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэ дахэр жыжьэ зэрыIуным хущIокъу. ИкIэм-икIэжым, мы зекIуэхэр программэ псо ирикъу жэрдэму зэхоувэ, зэрызаплъыхьым и мызакъуэу, щIыуэпсым теухуа лекцэхэмрэ мастер-классхэмрэ къызэщIиубыдэу. КъБКъУ-м и мурадщ Гъэлъэхъукъуэ зекIуэхэм я программэр хагъэхьа лекцэхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэм зрагъэубгъуну: дяпэкIэ абы геологиеми, уахэ щIэныгъэми, лъэпкъ щIэныгъэми, пщэфIэкIэ щэнхабзэми ехьэлIа лекцэхэр хэтынущ. Ди хэгъэгум зыплъыхьакIуэ къихьахэм абыхэм къахуэщхьэпэнрэ яфIэгъэщIэгъуэнынрэ къыхахыфынущ, ди щIыналъэр я нэгу къызэрыщIэувэ щIыкIэми теплъэгъуэ пыухыкIахэр игъуэтынущ. ЖэрдэмщIакIуэхэр зыхущIэкъури аращ: Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыгъэпсэхупIэ къудейуэ цIыхухэм ягу къримынэу, щIэныгъэ гуащIэ зиIэ туризмэм и центру къаригъэщтэнырщ.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 12:11 →
Хамэ щIыпIэхэм щилъэгъуар
15.04.2026 - 13:26 →
Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
| ||






