Къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр зи IэрыкI

Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым иджырей лъэхъэнэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэ­хэмрэ яIэ щытыкIэхэмрэ къэплъытэмэ, гляциологие щIэныгъэм мыхьэнэуэ иIэм и инагъым иджыри зэ урегъэгупсысыж. Дыгъэм и гуащIагъыр нэхъ лъэщ, дунейм и хуабагъым хэпщIы-кIыу зиIэт щыхъуа иужьрей илъэсхэм, дауи, ­гулъытэншэ пщIы хъунукъым мылылъэ Iувхэр, псы гущIыIум тес мыл тафэхэр, къуршыщхьэ ­лъагэхэм телъ уэс мыткIужхэр джыныр, абыхэм щIылъэмрэ щIыуэпсымрэ, псыежэххэмрэ тенджызхэмрэ ират зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэр къэхутэныр. 

ЦIыхум, абы и гъащIэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ        а Iуэхугъуэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ, ахэр зыдж IэщIагъэлI Iэзэхэм ящыщщ географие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, гляциолог цIэрыIуэ ­Керимов Абдуллэхь Мыхьэмэт и къуэр. Лъэпкъ щIэ­ныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэр Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэны-гъэ центрым Бгылъэ щIыпIэхэм къэхутэныгъэ-       хэр щегъэкIуэкIынымкIэ и IэнатIэм и къудамэм и уна­фэщIщ, «РОСГИДРОМЕТ»-м и Бгы лъагэ щIыпIэхэм я географиемкIэ институтым и щIэ­ныгъэ лэжьакIуэ пашэщ. Мы махуэхэм илъэс 75-рэ ирикъуащ щIэныгъэлI цIэрыIуэм и ныбжьыр. 
Керимовыр КъБАССР-м хыхьэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хиубыдэ Гундэлэн къуажэм 1950 гъэм и гъэмахуэм къыщалъхуащ. Курыт школыр ехъу­лIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Абдуллэхь щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и физико-математикэ факультетым физикэмкIэ и къудамэм. Студент илъэсхэр купщIафIэу, Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэдкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ щIалэ­щIэм. А зэманым ирохьэлIэ щIыуэпсым, дыкъэзыухъуреихь дунейм я зэхэлъыкIэм дихьэх ­щIалэ жаным иригъэкIуэкIа япэ къэхутэныгъэхэ-ри. А Iуэхугъуэхэм хуабжьу дахьэхырт ар. Универ-си­тетыр фIы дыдэу къиухыу 1973 гъэм я къуажэм дэт курыт школым физикэр щригъэджу лэжьэн щыщIидзами, IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и гур ­пабгъэрт бгъэдэлъ щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэ-ну, дэзыхьэх унэтIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэхэм пищэну. 
ЕгъэджакIуэу илъэситхум щIигъукIэ лэжьауэ, Керимовыр инженер нэхъыщхьэу ирагъэблэ-                   гъауэ щытащ «СССР-м и Госкомгидромет»-м Бгы лъагэ геофизикэмкIэ и институтым. А къулыкъум пэрыту, IэщIагъэлIым пищащ иригъэкIуэкI къэху­тэныгъэхэм. Нэхъыбэу ар дэзыхьэхыр гляциологие, геологие, географие унэтIыныгъэхэрати, жы­джэру хэту хуежьащ институтым къызэригъэ­пэщ зекIуэхэм. Абыхэм къызэщIаубыдэрт бгылъэхэм щрагъэкIуэкIыпхъэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр, нэгъуэщI лэжьыгъэ къызэрымыкIуэхэр. Апхуэдэу IэщIагъэлI гумызагъэр мызэ-мытIэу дэкIуеящ ­Кавказ Ищхъэрэм и къурш лъагэхэм. Абыхэм ­ящыщу щIэныгъэлIым гукъинэж щыхъуахэм ящыщщ СССР-м и щIыпIэ нэхъ лъагэу къалъытэ, метр 7495-рэ зи лъагагъ «Пик коммунизма» къуршым геохимиемкIэ щрагъэкIуэкIауэ щыта къэ­хутэныгъэ къызэрымыкIуэхэр. 
А лэжьыгъэ купщIафIэхэм къадэкIуэу Абдуллэхь мурад ищIащ бгъэдэлъ щIэныгъэхэм аспирантурэм щыхигъэхъуэну. Ар щIэтIысхьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ГеографиемкIэ и институтым и еджапIэм. Илъэс блэкIахэм гумы­загъэу зэфIигъэкIа къэхутэныгъэ псоми къари­кIуахэр Керимовым къыщызэщIикъуэжащ аспирантурэр къыщиухым хьэзыр ищIауэ щыта щIэ­ныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэтым. ЩIэныгъэ дунейм пщIэ лъагэ щызыгъуэта а диссертацэр Керимовым игъэзэщIауэ щытащ географие щIэныгъэ­хэмкIэ доктор, совет, урысей еджагъэшхуэ цIэ­рыIуэ, гляциолог пашэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академик, профессор, УФ-м щIыхь зиIэ и географ Котляков Владимир и унафэм щIэту. А лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIри, Керимов Абдуллэхь 1989 гъэм къыфIащауэ щытащ «географие щIэныгъэхэмкIэ кандидат» цIэр. 
Керимовыр щIэныгъэ дунейм IэщIагъэлI Iэзэу къызэрыщалъытэм и щыхьэтщ РАН-м и Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и къызэгъэпэщакIуэу икIи и пашэу илъэс куэдкIэ щыта лъэпкъ еджагъэшхуэ Иуан Пётр и жэрдэмкIэ Географие къэхутэныгъэхэмкIэ къудамэ 1996 гъэм къыщыщызэIуахам, а IэнатIэм и унафэщIу Керимов Абдуллэхь ягъэувауэ зэрыщытар. А къулы­къум пэрыту, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм IуэхугъуэфI куэд зэфIихащ. Ап­хуэдэхэт РАН-м и КъБЩIЦ-м ГеографиемкIэ и ­къудамэм и лъабжьэр гъэбыдэным, абы адэкIи ­зегъэужьыным ехьэлIа лэжьыгъэшхуэхэр. 
Керимовым и унафэм щIэту IэнатIэм щрагъэкIуэкIащ гляциологие, гидрохимие, гидрологие, химие, геоэкологие щIэныгъэ унэтIыныгъэ­хэмкIэ къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэхэр. Илъэс ­30-м къриубыда а щIэныгъэ лэжьыгъэхэр, геохимие къэхутэныгъэхэр, гъэунэхуныгъэхэр и тегъэ­щIапIэу Керимовым зэфIигъэуващ химие пкъы­гъуэхэм я зекIуэкIэ хьэлэмэту щIыуэпсым щыщыIэм и щытыкIэр. Абы увыпIэ хэха щеубыд мы­лылъэхэм, уэсымрэ уэшхымрэ, псыежэххэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэ хьэлэмэтхэм. А лэжьыгъэхэм я нэхъыбапIэр Iуащхьэмахуэ къуршым тещIыхьащ: а бгышхуэращ Кавказым и мылылъэ щIыпIэ нэхъыщхьэр. 
 ИригъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, къы­зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм ящIыгъуу Кери­-мов Абдуллэхь жылагъуэ къалэн куэди къызы­хуэтыншэу зэфIихыу къекIуэкIащ. ПщIэ хуащIу ар 1996 гъэм хагъэхьауэ щытащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и Президиумым, IэнатIэр МЧС-мрэ КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIы­гъуэхэмкIэ и комитетымрэ зэрадэлажьэр и нэIэм щIэту. Апхуэдэу Абдуллэхь хэтащ КъБР-м и Пра­вительствэм КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и комиссэм. Еджагъэшхуэр «Известия Кабарди­но-Балкарского научного центра РАН» журналым и редколлегиеми хагъэхьауэ щытащ. 
А зэманым Абдуллэхь жыджэру ядэлэжьащ ди къэралым къыщыдэкI академическэ журналхэмрэ нэгъуэщI щIэныгъэ къыдэкIыгъуэхэмрэ. РАН-мрэ мылылъэхэр зыджу хамэ къэралхэм щы-Iэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ зэраухылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Керимовыр шэщIауэ ядэлэжьащ Мылылъэхэр къэпщытэнымкIэ дунейпсо къулыкъущIапIэм (Цюрих, Швейцарие) и IэщIагъэлIхэм. ЩIэныгъэлIхэм зэгъусэу къапщытащ Гарабаши бгым (Iуащхьэмахуэ и ипщэ лъэ­ныкъуэ джабэ нэкIумкIэ) телъ мыл Iувхэм яIэ щытыкIэр. 
КъинэмыщIауэ, езы щIэныгъэлI Iэзэм и нэIэм щIэту ягъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэкIэ пхагъэкIащ кандидат диссертацэу зы, диплом лэ­жьыгъэу пщыкIущ. Ар я унафэщIу ягъэзэщIащ РФФИ-м (Къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэхэмкIэ Урысей фонд) къыхилъхьа проект лэжьыгъэ зыбжанэ. Керимовым и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 100-м щIигъу. Ахэр къытра-дзащ къэралым, дуней псом пщIэ щызиIэ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. А тхыгъэхэм ящыщ ­дэтхэнэри хъуащ географие, гляциологие щIэ­ныгъэхэм ди щIыналъэм, къэралым зыщезыгъэужь хэлъхьэныгъэфI. 
А псоми къадэкIуэу, Керимовым студентхэр илъэс зыбжанэкIэ щригъэджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, биологие факуль­тетым географиемкIэ и кафедрэм епхауэ. Абдежми щIэныгъэлI щыпкъэм зыкъигъэлъэгъуащ дэтхэнэ студентми творческэ бгъэдыхьэкIэ хэха къыхуэзыгъуэтыф егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэу. ЩIалэгъуалэр яфIэфIу екIуалIэрт абы палеогеографиемкIэ, геокриологиемкIэ, гляциологиемкIэ, метеорологиемкIэ, климатологиемкIэ езым зэхигъэувэжа программэ хэхахэм тету къызэригъэ­-пэщ курсхэмрэ лекцэхэмрэ. 
 Апхуэдиз зэфIэкI лъагэ зи щIыбагъ къыдэлъ еджагъэшхуэм и лэжьыгъэхэм къэрал гулъытэ ­лъаги ягъуэтащ. Керимов Абдуллэхь къыхуагъэфэщащ РАН-м къыбгъэдэкI дамыгъэ лъагэхэр, абы и ЩIыхь тхылъыр, РАН-м и профсоюз зэгухьэныгъэм, КъБР-м и Парламентым я щIыхь тхылъхэр. 
 Мы зэманым еджагъэшхуэ Керимов Абдуллэхь Мухьэмэт и къуэм хэлъхьэныгъэ ин хуещI зэлэжь унэтIыныгъэхэм ди щIыналъэм, къэралым нэхъ- ри зыщригъэужьыным, географиемкIэ РАН-м и IэщIагъэлIхэм нэхъри шэщIауэ япыщIауэ щы­тыным. Гулъытэ хэха хуигъэныкъуэркъым щIэныгъэм и лъагъуэм щIалэгъуалэ нэхъыбэ тегъэувэ­ным епха Iуэхугъуэхэри. 
РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым, Бгы лъагэ геофизикэ институтым и Iэ­щIагъэлIхэр я гуапэу йохъуэхъу Керимов Аб­дуллэхь Мухьэмэт и къуэм и махуэщI лъапIэмкIэ. Дэри ди гуапэу гъусэ дахуохъу а щIэныгъэлI гупым икIи лъэпкъ еджагъэшхуэм дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу иджыри куэдрэ лэжьэну, и зэфIэкIхэм хэхъуэ зэпыту зыпэрыт IэнатIэр ирихьэкIыну, творческэ лъагапIэщIэхэм нэсыну.

ЖЫЛАСЭ  Маритэ.

Поделиться:

Читать также: