Адыгэр дэнэ щыIэми, адыгэу къэнэжыныр и къалэн нэхъыщхьэу зыгъэувым сыту пщIэшхуэ къилэжьрэ! Псом хуэмыдэу, а цIыхур хамэ къэрал щапIамэ, хамэ щэнхабзэм хэпсэукIмэ, хамэбзэм ирипсалъэмэ, абы ирилажьэмэ. Апхуэдэ цIыхум уи щхьэр лъагэу уегъэIэт.
Тыркум и мызакъуэу, адыгэ щыпсэу къэрал куэдым зи цIэр фIыкIэ щыжаIэ НэтIабжьэ Жанхъуэт ипхъу Сэтэней фыдогъэцIыху.
Сэтэней Гуащэ нэхъ Iущрэ нэхъ дахэрэ бзылъхугъэ щымыIауэ къыхощыж адыгэ Iуэ- рыIуатэм. Сыт хуэдэ-атIэ нобэрей Сэтэнейр?
НэтIабжьэ Сэтэней къафэр и лъым хэту, и псэр абы хэлъу къыщIэкIри, адыгэ къафэм щыхурагъасэу Иорданием и пащтыхьым и HAMZA школым иратащ илъэсих щрикъуам, и шыпхъу нэхъыжь Синэмис щIыгъуу. Абы къыщыщIэ- дзауэ нобэр къыздэсым къафэм пыкIакъым пщащэр. Сыт хуэдэ къэралыгъуэм сыт хуэдэ адыгэ Iуэхушхуэ ще- кIуэкIами, Сэтэней къэфакIуэ пашэу хэтщ.
Унагъуэр Иорданием щыщыпсэуам щыгъуэ, Сэтэней адыгэ школымрэ консерваторэмрэ зэдихьырт. «Узыщыпсэунуми узэрыпсэунуми уемыгупсысу, егъэджакIуэу си деж къыщынэ, адыгагъэмрэ хабзэмрэ цIыхухэр хуебгъаджэу», - Иорданием и пащтыхьым Жанхъуэт апхуэдэу зыкъыщыхуигъазэм: «Хьэуэ, сэ Хэкужьым сыкIуэжмэ нэхъ къэсщтэнущ», - жиIэри, НэтIабжьэхэ Адыгэ Республикэм къэIэпхъуэжауэ щытащ. Абдежи Сэтэней и псэр зыхьэхуа къафэр IэщIыб щищIакъым, уеблэмэ музыкэ школым скрипкэм щыхуеджащ, къэфакIуэ гупым хэтащ. ГъащIэр апхуэдэу къекIэрэхъуэкIри, унагъуэр Тыркум мыIэпхъуэу хъуакъым. Абы Сэтэней консерваторэм щыщIэтIысхьэри, илъэсиблкIэ щеджащ. Ар зэфIэкIри, зэшыпхъуитIым мурад ящIащ Хэкужьым къагъэзэжу, щIэныгъэ нэхъыщ- хьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызрагъэгъуэтыну. Апхуэдэуи хъуащ - зэшыпхъуитIым КъБКъУ-м сервисымрэ туризмэмкIэ и къудамэр къаухащ. ЕджапIэм щIэсыху НэтIабжьэ зэшыпхъухэр «Къафэ» ансамблым къыщыфащ, «Студент гъатхэ» фестивалым илъэс къэс жыджэру хэтащ, я Iэзагъыр къыщагъэлъагъуэу, иужькIэ «Кабардинка»-м хагъэхьащ.
«Зэ IуплъэгъуэкIэ, Сэтэней къызэрыгуэкI пщащэу уолъагъу. Ауэ фащэ щыгъыу утыку къихьакъэ - Пащтыхь Гуащэу уIуоплъэ. Си фIэщ хъуркъым абы и зыIыгъыкIэкIэ къефIэкIын бгъуэтыну икIи игъэлъагъуэ щэнымкIэ, хабзэмкIэ, цIыху хэтыкIэмкIэ къылъэщIы-хьэн щыIэу», - жеIэ КъБКъУ-м и «Къафэ» ансамблым илъэс куэдкIэ и гъэсакIуэу щыта Щэ-уей Еленэ.
Къафэм и закъуэ мыхъуу, адыгэ щэнхабзэмрэ хабзэмрэ и сыт хуэдэ гъунапкъэми хуэIэзэщ Сэтэней: скрипкэм, шыкIэпшынэм, Iэпэпшынэм, пианинэм, пшынэм зэхуэдэу йоуэ. А псом къищынэмыщIауэ, инджылызыбзэр, хьэрыпыбзэр, урысыбзэр, тыркубзэр, адыгэбзэр зэхуэдэу Iурылъщ.
- Сэ зэи сщыгъупщэнукъым Хэкужьым сыщыщыпсэуа лъэхъэнэм Еуаз Зубер, Атэбий Игорь, Битокъу Беслъэн, «Кабардинка»-м и къэфакIуэхэр къызэрыддэIэпыкъуар. Абыхэм я фIыгъэкIэ си IэщIагъэм куэдкIэ хэзгъэхъуащ. ШыкIэпшы-нэм нэхъри хуэIэижь сыхъуащ, Зубер и чэнджэщхэм сытетурэ, си къэфэкIэм нэхъри зиу-жьащ, куэди къэсщIащ Хэкужьым и къэфакIуэ пашэхэм сакIэлъыплъурэ. КъафэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыщхьэу сытым дежи сиIар си адэрщ, ауэ куэдым я дежи си Iэзагъым щыхэзгъэхъуащ: Тарбэ Арвелод, Iэмырхъан Рэмэзан, Къурбан Къурбан, Алханашвили Тимур, Тенгиз, Плъий Нодар, Тание Валерэ. Арами, щапхъэ нэхъыщхьэу сыт щыгъуи сиIар си шыпхъу нэхъыжь Синэмисщ. Ар къафэ, уэрэд, хабзэ ирехъу! Абы зыкIэ макъ дахэ иIэщи! Зы щыуагъэ къыхимыгъэхьэу, кавказ лъэпкъхэм я сыт хуэдэбзэкIи уэрэд жеIэф абы… - къыддогуашэ Сэтэней.
Адыгэ хабзэмрэ щэнымкIэ гъэсакIуэ Iэзэу Тыркумрэ Иорданиемрэ къыщацIыху НэтIабжьэ Жанхъуэт и бынитIыр езым хуэфэщэжыну, хабзэ ткIийхэм тету игъэсащ. Абы теухуауэ Сэтэней мыпхуэдэ хъыбар игу къегъэкIыж:
- Илъэситху сыхъуу арагъэнт абы щыгъуэ… Ди адэр илъэскIэ Иорданием щылэжьати, и Iуэхухэр зэтеува щыхъум, унагъуэри дриджэжащ, абы псори зэщIыгъуу дыщыпсэуну. Ди анэр, Синэмис, сэ дызэгъусэу аэропортым дыщытехьэм ди адэр къытпежьащ. Абы зы тхьэмадэ гуэр и гъусэт. Илъэс псокIэ дымылъэгъуа ди адэр дигу къэкIауэ, къызэрытлъагъуу зэшыпхъуитIыр IэплIэ зэIухакIэ дыщIэпхъуащ, зеддзыну. Ауэ, дызэрыщIэпхъуам нэхърэ нэхъ псынщIэжу дыкъызэтеувыIэжащ, ар нэщхъкIэ къыдэплъри. Ди пIэм дижыхьат тIури, ди лъэр тхузэблэмыхыжу. «Ди адэм фIыуэ дыкъыщIимылъагъужыр» къыдгурымыIуэу ди нэпсыр мыгъущу дыгъащ зыкъомрэ. «Апхуэдэу щхьэ ищIа?» - жысIэу, къытезгъэзэжурэ ди анэм сыщIэупщIэу дынэсащ унэм. Унагъуэр дэр-дэру дыкъыщынэм, ди адэм и лъэгуажьэм дытригъэтIысхьэри, ди нэм къыщIэплъэу, балигъым епсалъэм ещхьу жиIащ: «Хамэ щыту зэи IэплIэ къысхуэфщIыну фыкъызбгъэдэмыхьэ. Сыт хуэдизу сигу фыкъэкIами, адыгэлIым ар игъэлъагъуэ хъунукъым, цIыху щыту. Ар хабзэм къезэгъыркъым». Схуэмыубыдыж си нэпсхэм абдежым щыпичащ. Абдежым щыщIэддзауэ, ди адэм и напэр зэрытедмыхыным, емыкIу къызэрыдмыхьыным яужь диту дыкъогъуэгурыкIуэ. Сыт хуэдизу ткIийуэ ди адэр къытхущытами, абы фIыуэ дыкъызэрилъагъум, ар къызэрытхуэгузавэм зэи шэч къытетхьэжакъым.
Бынырщ уи щхьэр лъагэу уэзыгъэIэтри, къыпхуэмыIэтыжыну йозыгъэхьэхри. Ауэ щыхъукIи, быныр гъэсэн хуейщ, уи гугъэхэр къагъэпэжын щхьэкIэ.
Фырэ Анфисэ.