«ЗэвгъэцIыху дыдейхэр»

Апхуэдэ фIэщыгъэр иIэу, иджы ещанэу Урысейм щекIуэкIащ бренд зиIэ IэнатIэхэм я зэпеуэ. Ар бадзэуэ­гъуэм и 17-м щызэхуащIыжащ Москва Репиным и цIэр зе­зыхьэ и жыг хадэм.

Ди къэралым и щIыналъэ 41-м я IуэхущIапIи 100-м щIигъу нэхъыфIу къыщалъытащ абы. Мы Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэщ Зыужьыныгъэ жэрдэмхэмкIэ агентствэр, Росконгресс фондымрэ ВЭБ.РФ-мрэ.  Абыхэм ядолажьэ «Хэкум и хъума­кIуэ­хэр» фондыр, Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, ЩIалэгъуалэм зегъэужьынымкIэ федеральнэ агентствэр, ПСБ-р, РВБ-р, РЭЦ-р. 
Мы зэпеуэм хьэрычэтыщIэхэм IэмалыфI къахузэIуех феде­ральнэ музейхэм ядэлэжьэнымкIэ, дунейпсо утыку ихьэнымкIэ, хэIущIыIу хъунымкIэ.  Мы гъэм зэпеуэм хэтыну хуейуэ мин 25-м нэблагъэм я тхыгъэхэр ягъэхьат. 
Iыхьи 7-м тещIыхьауэ дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ бренд 38-м. Ди гуапэ зэрыхъунщи, «Кавказ брендхэр» Iыхьэм текIуэныгъэ къыщахьащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIитIым. Япэр: Жангуразовхэ я хьэщIэщырщ. Ар Балъкъэр Ип­щэкIэ щыIэ Кюнлюм Эль жылэм хуозэ, пасэрей лъапсэ ухуэкIэм тету яухуащ. ЕтIуанэу пашэ ­хъуар пхъэщхьэмыщхьэхэм IэфIы­кIэ къыхэзыщIыкI YUMMY IэнатIэрщ. 
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, текIуэныгъэ къэзыхьахэм Iэмал яIэнущ Кавказ инвестицэ зэхыхьэшхуэм хэтыну, бгы къежэхыпIэхэм хуит хуэзыщI картэхэр пщIэншэу къаIэрыхьэну, цIыху мини 100-м щIигъу зиIэ Интернет напэкIуэцIхэм я лэ­жьыгъэр хэIущIыIу щащIыну.  
Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ Кавказ.РФ IуэхущIапIэри. Абы и унафэщI Юмшанов Андрей жеIэ: «Нэгъабэ ди IуэхущIапIэми мы зэпеуэм дэлэжьэн щIидзащ. Абы щы­гъуэм «Инклюзия» Iыхьэр къы­хэтлъхьауэ щытащ. 2025 гъэм «Кавказ брендхэр» Iыхьэр дгъэбелджылати, дыхущIэкъуащ Кавказ Ищхъэрэм и теплъэр, и тхыдэр, и хабзэр зи тегъэщIапIэ IуэхущIапIэхэр къыхэдгъэщыну. ИкъукIэ лэжьыгъэ хьэлэмэт куэдым зыщыдгъэгъуэзащ, хьэ­щIэщхэм щегъэжьауэ лъахэр зэрыбей хъугъуэфIыгъуэхэм я IэкIэ зыгуэрхэр къызэрыхащIы­кIым щыщIэкIыжу.  Дыщогугъ ди дэIэпыкъуныгъэр абыхэм адэкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуну, Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэм зыщаужьыну».
Урысейм и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Орешкин Максим къыхигъэщащ урысей брендхэр ягъэкIуэтэн мурадкIэ зэхьэзэ­хуэр зэрырагъэкIуэкIыр. «Ди Iуэху­щIапIэхэр нэгъуэщIхэм ехьэехуэу, къацIыхуу хъуным ди зэфIэкI етхьэлIэн хуейщ. Дэ иджы долъагъу ди хэкум къы­щыщIагъэкIым и фIагъыр, ахэр зыкIи зэрымынэхъыкIэр», - жиIащ абы.
- Гъэ къэс цIыху нэхъыбэ къыхохьэ мы зэпеуэм. Абы къегъэ­лъагъуэ ди къэралым къы­щыщIагъэкIыр егъэфIэкIуэным хьэрычэтыщIэхэри щэхуакIуэ­хэри зэрыдихьэхыр. ЩIыналъэхэр жыджэру иужь итщ хьэрычэт Iуэхур зэрырагъэ­фIэ­кIуэным. Шэч хэмылъу, ди гуа­пэщ урысей хьэпшыпхэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ адрейхэм ехьэехуэ зэрыхъуар, - къыхегъэщ Урысей Федерацэм и Президентым и чэнджэщэгъу, зэ­хыхьэм и къызэгъэпэщакIуэ комитетым жэуап зыхь и секретарь Кобяков Антон.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: