ЩIэблэм хуэгъэпсауэАдыгэ художественнэ литературэм и зы Iыхьэщ сабийхэм папщIэ адыгэбзэкIэ ятхахэри, ещхьыркъабзэуи, щIэблэм хуагъэпса драматургиери а литературэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ, уеблэмэ, адрейхэм нэхъри нэхъ гугъущ. Арагъэнщ тхакIуэ куэдым а жанр мытыншым зыщIрамыпщытри. А IуэхугъуэмкIэ иIэ еплъыкIэхэмкIэ къыддогуашэ филолог Щхьэныкъуэ Аринэ. «Нобэрей адыгэ сабийхэм папщIэ литературэм и щытыкIэм уригъуазэмэ, гу лъумытэу къанэркъым драматургиер усыгъэми прозэми къыкIэрыху хуэдэу зэрыщытым. Ауэ, насып диIэщи, а жанр гугъум щылажьэу, сабийхэм яхуэтхэ драматург зыбжани диIэщ. Дэтхэнэ зым и дежкIи гурыIуэгъуэу къыщIэкIынщ сабийхэм зэхах, къызэджэ, зытепсэлъыхьыж Iуэхугъуэхэм нэхърэ художественнэу псыхьа теплъэгъуэрэ едзыгъуэу зэхэлъ пьесэхэм къытращIыкI спектаклхэм еплъмэ, ар я нэгу щIэкIмэ, художественнэ псалъэм и къарур нэхъри нэсу къазэрыгурыIуэнур, зэрызыхащIэнур. Адыгэ сабийхэм яхуэгъэза драматургием тхыдэ ин иIэкъым. Ар зэфIэува хъунымкIэ, и хабзэ гуэрхэр зэпэщынымкIэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэфIахащ Къэбэрдейм щыщыIа мэкъумэш окружной еджапIэхэм къыщызэрагъэпэщауэ щыта кружокхэм. Апхуэдэщ 1924 гъэм ЛУГ-м лъэпкъ драмкружокхэр кьыщызэIуахауэ зэрыщытар. А илъэсым къыщыщIидзауэ къэплъытэ хъунущ адыгэ сабийхэм папщIэ ди драматургием жытIэмэ, дыщыуэну къыщIэкIынкъым. Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум и драмкружокым хэт курсантхэм къуажэ-къуажэкIэрэ къакIухьурэ щагъэлъагъуэрт япэ адыгэ спектаклхэр, гъащIэм къыхэпхъуэтыкIа теплъэгъуэ кIэщI цIыкIухэр. Псалъэм папщIэ, а илъэсхэм екIуэкIыу щыта зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм жыджэру хэтащ Гуанэ Сохъутэ - а зэманым ЛУГ-м щеджа ди хэкуэгъу щIалэр, абы и ныбжьэгъухэри. Абы щыгъуэ ягъэлъагъуэу щыта теплъэгъуэхэр я IэдакъэщIэкIт хэкулIхэу ЩэрэлIокъуэ Талъостэн (1884 - 1937), Борыкъуей ТIутIэ (1888 - 1937), Щоджэн Хьэзешэ (1890 - 1989), Блайхэ Къэрэщейрэ (1891 - 1937) Увжыкъуэрэ (1889 - 1985), ШэджыхьэщIэ Пщыкъан (1889 - 1937), ЩоджэнцIыкIу Алий (1900 - 1941), Мыд Хьэжмусэ (1910 - 1997), Шортэн Аскэрбий (1916 - 1985). ЗанщIэу къыжытIэнщи, XX лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм адыгэ литературэр щыгъуазэу, абы къыхуэгъэсэбэпу щытакъым литературэм и жанр псори. ТIощI гъэхэм лъэпкъ литературэм ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр щызыIэрызыгъэхьэр драматургиерщ. Лъэпкъ тхакIуэхэм а жанр нэхъ гугъум апхуэдэ гулъытэ хуащIыныр, абы нэхъ елэжьыныр къыхэкIагъэнущ тхыбзэ щIэныгъэ щIэин къулей зимыIэ лъэпкъым и цIыхухэм я дежкIэ ар нэхъ гурыIуэгъуэу, зэхэщIыкIыгъуафIэу зэрыщытар. XX лIэщIыгъуэм 30 гъэхэм адыгэ (къэбэрдей) драматургием зыIэрегъэхьэ ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр. Ахэр зи фIыгъэу къэплъытэ хъунур хэкум япэ лъэпкъ театрхэр зэрыщызэфIэуварщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, еджакIуэ цIыкIухэр псэукIэщIэм зэрыхущытыр егъэлеиныгъэ инхэр хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащ шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд (1902 - 1942) и пьесэ «Сабийхэмрэ бийхэмрэ» (1932) жыхуиIэм. Сабийхэм папщIэ драматургием и гъуэгуанэщIэт 1931 гъэм фокIадэм и 10-м Налшык къыщызэрагъэпэщауэ щыта сабий театрыр. Ар а гъэ дыдэм ГъуазджэмкIэ япэ областной олимпиадэ екIуэкIам хэтащ. А сабий театрым къыпэщыта къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщт Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ театр къызэгъэпэщыныр. ЯIэ хъуа зэфIэкIымрэ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ хэкIыпIэ яхуэхъуауэ къэплъытэ хъунущ 1933 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэща Театреплъ ныбжьыщIэм и театр (ТЮЗ) жыхуаIэу щытами. Лъэпкъ драматургием зи гуащIэ езыхьэлIахэм япэ итахэм ящыщщ Налшык дэта реальнэ училищэм, ЛУГ-м я егъэджакIуэу щыта ЩэрэлIокъуэ Талъостэн 1934 - 1937 гъэхэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэшхуэр. ЕтIуанэу, къыхэгъэщын хуейщ 1921 - 1924 гъэхэм Къэбэрдейм къыщыунэхуа япэ драмкружокхэм къалэн пыухыкIахэр ягъэзащIэу зэрыщытари. 1937 гъэм къызэIуахауэ щыта колхоз-совхоз театрым абы щылэжьэнухэр игъэхьэзырарщ, культурэмкIэ унэхэм, клубхэм я художественнэ самодеятельностхэм я лэжьыгъэр иригъэфIэкIуащ. Лъэпкъ репертуарымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр драмэ коллективхэр зэфIэгъэувэнымкIэ абы мыхьэнэуэ иIар къэлъытэгъуейщ. Лъэпкъ литературэм япэ лъэбакъуэ щызыча нэхъыжьыфIхэмрэ а лъэхъэнэм тхэн щIэзыдзахэмрэ я фэеплъ мыкIуэдыжынщ 1968 гъэм МэшылI Екатеринэ игъэхьэзыру дунейм къытехьа «Япэу лъэбакъуэ зычахэр» тхылъышхуэр. Зи зэхэщIыкIым махуэ къэс зиужь щIэблэм анэдэлъхубзэм и дахагъэ, и лъэкIыныгъэ псори къыхузэIузыхыр, абы и IэфIыр псэкIэ зыхезыгъащIэу щытыр литературэращ. Художественнэ псалъэм и зэфIэкIхэр къызыгурыIуэ лъэпкъхэм сыт зэмани я нэIэ трагъэт я IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ. Сыт щыгъуэ зэмани таурыхъхэр Iэщэ гъуэзэджэу щытщ, лейзехьэхэм, нэпсейхэм, бзаджащIэхэм уебэнынымкIэ. Таурыхъым сыт щыгъуи пэжыр щытокIуэри, гуфIэгъуэкIэ еух. АтIэми, текIуэныгъэр зылъысыр цIыхугъэрэ хабзэрэ зыхэлъхэрщ, лIыгъэ зиIэхэрщ». ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэм зэрыжиIэмкIэ, нобэрей адыгэ тхакIуэхэм я пщэм къалэн куэд къыдохуэ ди лъэпкъым и къэкIуэнур, и пщэдейр зэпха щIэблэщIэм я щIэныгъэм, зэхэщIыкIым, цIыху щытыкIэ-зэхэтыкIэ дахэм хуэущиинымкIэ, я псэм дахагъэр къыщыгъэушыным, хэкупсэу гъэсэнымкIэ. А къалэн гугъум и хэкIыпIэ нэхъыфI дыдэу щыIэр театр гъуазджэрщ. Аращи, драматургиемрэ театр гъуазджэмрэ къуэпс быдэкIэ зэпхащ. ЦIыхум и хьэлым щытепщэн хуей щэныр игъэнахуэм къыщымынэу, абы зэрызебгъэужьыну Iэмалхэми театрым ухуегъэуш.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




