Шакъэр, инсулиныр, блащхъуэм и щхъухьыр…

Дунейм къыщагъэсэбэп ткIуаткIуэхэм яхэтщ егъэлеяуэ лъапIэхэр, уеблэмэ дыщэм и уасэм пэгъунэгъу хъухэр. Абыхэм ящыщщ, псалъэм щхьэкIэ, бзылъхугъэхэм я Iэбжьанэхэр зэралэ лэчыр. Сыт щхьэкIэ, ар апхуэдэуи лъапIэкъым, дэтхэнэми къыщищэхуфкIэ, жыпIэуи уегупсыс хъунущ. Ауэ ар пуд зыщIыр мащIэ дыдэу игъэхъуауэ фIэкIа ящэркъыми аращ. Зы Iэбжьанэ лэч литрым и уасэщ сом мин 40 - 50 хуэдиз. Апхуэдиз дыдэ зи уасэну ткIуаткIуэ лъапIэхэм хабжэ ГОМК жыхуаIэ хущхъуэхэлъхьэр.
Языныкъуэ къэралхэм хуит ущащIыркъым ар къыщIэбгъэкIынуи, пщэнуи, къэпщэхунуи. ГОМК-р хуит щащI къэралхэм ар къыщагъэсэбэп наркотикымрэ фадэмрэ IэщIыб зымыщIыфхэр ирагъэхъужу. ТкIуаткIуэ лIэужьыгъуэр къагъэсэбэпын зымыдэ къэралхэм я щхьэусыгъуэр мыпхуэдэщ: и мэр тыншу къыпIурыуэркъым, плъыфи иIэкъым – псым, шейм, псыIэфIым хэпкIэми, гу лъыптэнукъым. Лъумытэ щхьэкIэ, уефэмэ, и зэран къокIынущ. ЩIэпхъаджащIэхэм я мурад Iейхэм тыншу къыщагъэщхьэпэфын ткIуаткIуэщ ар. Апхуэдэу лъапIэщ шакъэри. Сом мин 50 хуэдиз текIуэдэнущ компьютер принтерхэм иракIэ шакъэ литрым. ГъэщIэгъуэнщ, зи гугъу тщIа ткIуаткIуэ лIэужьыгъуэхэм нэхърэ нэхъ пудщ цIыхум и лъыр - литрым хуэзэр сом мин 25-рэщ.
Сом мин 55-60 хуэдиз и уасэщ джынасум (ртуть). Ар къагъэсэбэп дыщэр нэгъуэщI гъущIыкIэхэм къыщыхагъэкъэбзыкIкIэ. Ар гъущI мылъапIэхэми трагъэлъадэ - «дыщэпс тегъэлъэдащ» жыхуаIэхэрщ. Псалъэм папщIэ, дыщэпс тегъэлъэдащ Санкт-Петербург щыIэ Иссакиевскэ члисэм и щхьэ хъурейм.
ТкIуаткIуэ лъапIэ дыдэхэм хабжэ инсулиныр - абы и уасэщ литрым хуэзэу сом мин 250-рэ. Фошыгъу уз зиIэхэм ар хущхъуэу ямыIэу хъуркъым.
ЛъапIэ дыдэщ дуней псом щацIыху «Шанель №5» дыхур – литрым хуозэ сом мин 440-рэ.
ДжатэкIапэ (мечехвост) хы елыркъэшым (краб) и лъы литрым сом 1 мелуан и уасэщ. Абы хэтщ коагулоген жыхуаIэр, бактериехэр зыукIыр.
Блащхъуэм (королевская кобра) и шхъухь зы литрым и уасэщ сом мелуани 3-м нэблагъэ. Блащхъуэм и щхъухьыр зыIэрыбгъэхьэным шынагъуэшхуэ пыщIащ. ЛъапIэ пэтми, щхъухьым щIэупщIэшхуи иIэщ. Ар хущхъуэ лъапIэхэм халъхьэ. ИтIанэ, блащхъуэ щхъухьым шизофрениер ирагъэхъуж. Блащхъуэм и щхъухьым нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъапIэжщ бэджейм (скорпион) и кIапэм хэлъ щхъухьыр. Литрым сом мелуан 650-рэ уасэу хуагъэув. АбыкIэ ягъэхъужыф кIуэцI узхэр, къупщхьэ узыр, щыгъупщэхыр.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: