Адыгэм я динымрэ мифологиемрэАдыгэ щIэныгъэрылажьэхэу Мыжей Михаилрэ Пащты Мадинэрэ зэдатха «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъыр теухуащ пасэрей адыгэ дуней еплъыкIэм – тхьэхэм, нартхэм, дауэдапщэхэм, фIэщхъуныгъэхэм. А тхылъым и фIыгъэкIэ лъэпкъым доцIыхуж ди япэ итахэм тхьэлъэIу зыхуащIу щыта тхьэхэмрэ тхьэпэлъытэхэмрэ. Лъэпкъ гъащIэмрэ щэнхабзэмрэ щIыпIэшхуэ щеубыд диным. Диным ижь зыщIихухэм ящыщщ IуэрыIуатэри, псом хуэмыдэу пасэрей жанрхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, мифхэр, хъуэхъужьхэр, нарт эпосыр, псысэ гуэрхэр, къинэмыщIхэри. Диным и лъэужь хыболъагъуэ нэхъ кIасэу къежьа жанрхэми. Абы къыхэкIыу IуэрыIуатэм щыщ куэд нэсу гурыIуэгъуэ хъунукъым, лъэпкъым иIыгъа дин лIэужьыгъуэхэр зыхуэдэр фIыуэ умыщIэу. Лъэпкъ куэдым яхуэдэу, адыгэхэри дин зыбжанэм итащ. Абыхэм ящыщщ мажусий диныр (политеизм). Тхьэр закъуэу къэлъытэным (монотеизмэм) и нэщэнэхэр адыгэ мифологием мащIэу хыдолъагъуэж, ауэ тхьэзакъуэ диныр езы адыгэм къадэхъуарэ чыристан диным и лъэужьу щытрэ зэхэгъэкIыгъуафIэкъым. Мажусийм иужькIэ адыгэм яIыгъа чыристан динри муслъымэн динри нэгъуэщI щIыпIэ къикIахэщ. Ухэплъэжыпэмэ, дин псоми я къуэпсыр цIыху гъащIэм, псэуныгъэм хуокIуэж. Къэзыухъуреихь дунейр пасэрей цIыхум къыгурыIуэркъым, и акъылыр къэхъукъащIэ псоми хунэсыркъым, ахэр зэригъакIуэрэ зэблихыу зы гупсысэкIэ системэм тохьэ. Адыгэм я диным къигъэщIахэм ящыщщ Хьэнцэ-гуащэр къешэкIын хабзэр. Сыт абы зэрихуэр, сыт зыщIэлъэIур? Уэшхщ – лэжьыгъэр уэгъум иримыгъэхьыну аращ. Уэгъум пэмылъэщ пасэрей цIыхум абы дауэдапщэ ирещIэкI (тхьэлъэIу удж уэрэдри, тыхьри хэту) уэшхыр зи IэмыщIэ илъу игъэува тхьэм. ЯпэщIыкIэ, мажусийм и лъэхъэнэм, уэшхыр Щыблэм и IэмыщIэ илъу къафIэщIырти, абы елъэIурт. ИужькIэ дауэдапщэ уэрэдым къыхоувэ чыристан Ильям (Еллэ), итIанэ – муслъымэн Алыхьым я цIэхэр. Абы ещхьу, цIыхум и псэуныгъэм къыдэкIуэу, ар зыхэпсэукIыфын хъугъуэфIыгъуэ кърихьэлIэн зэрыхуейм къытехъукIащ мажусийм игъэлъапIэу щыта нэгъуэщI тхьэхэри. Гъавэ зыщIэм къыфIэщIырт лэжьыгъэр Тхьэгъэлэдж и IэмыщIэ илъу, щакIуэм къыфIэщIырт хьэкIэкхъуэкIэхэр Мэзытхьэ и IэмыщIэ илъу, гъукIэм – гъукIэ IэщIагъэр Лъэпщ бгъэдэлъу, псэм и тетыр Псатхьэу, псыхъуэм – Псыхъуэ-гуащэу, бзаджэнаджагъэхэр, Iуэху мыхъумыщIэхэр уд сытхэм къапыкIыу. ЦIыхум и псэуныгъэр нэгъуэщI тхьэпэлъытэхэми елъытати, абыи яхуэпщылIырт. ТхьэлъэIупIэ пэлъытэу адыгэм ягъэлъапIэу щытащ дыгъэр, бгыхэр, жыгышхуэ сытхэр. ТхьэщIагъ жыгхэр, мэз лъапэхэр, бгыхэр, нэгъуэщI ландшафт тхьэлъэIупIэхэр КIахэми Къэбэрдейми куэду щыIащ, я лъэужьхэри щIэх кIуэдакъым. ИпщэкIэ зэрыщыжытIащи, псэуныгъэм и хэкIыпэ къэс (мэкъумэшым, Iэщ гъэхъуным, гъукIэным, къ.) езым я тет яIэжт. НэгъуэщIу тхьэ (тхьэпэлъытэ) къежьэныр зэпхауэ къакIуэр лъэпкъыр лIакъуэ-лIакъуэу зэрыпсэуращ. ЛIакъуэ псэукIэм икIыу лъэпкъыр зы пщыгъуэм, зы пащтыхьыгъуэм щыхуэкIуэкIэ, абы къыхокI тхьэр закъуэу къэлъытэнри, диныр тхьэ закъуэм и культым къещIэкIауэ гъэпсынри. Мифологием хэт тхьэр IэщIагъэ гуэрым и тепщэу, и къызэгъэпэщакIуэу щытщ, ар цIыхухэм я егъэджакIуэщ, я дэлэжьэгъущ, я узэщIакIуэщ. Мифологием цIыхур егъэбжьыфIэ, еIэт, абы къигъэлъагъуэ тхьэхэр цIыху гуащIэм и дамыгъэщ, езы цIыхум и хъуэпсапIэу щытщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Тхьэгъэлэдж. Ар цIыхум яхэтщ лажьэу, пщIантIэу. КъызэрымыкIуэу лэжьыгъэ бэв къыдохъу: гъэр щыуэгъум мэш Iэтищэр зы гъэсэгуу, гъэсэгуищэр зы щэджу, щэдж щийр кърех. Абы ещхьу мифологием хэт фIыгъуэ куэдыр псэукIэ пэрыхьэтым, зэгъэзэхуам я нагъыщэщ. Чыристан диныр япэ дыдэу адыгэм къыхахьащ урымхэм. КъыкIэлъыкIуэу чыристаным адыгэм я деж зыщиубгъуным хэтащ куржыхэр, урысхэр (куржыхэм а диныр къащтащ IV лI., урысхэм – Х лI.). Адыгэхэр чыристан диным зэритам и щыхьэт куэд тхыдэм ещIэ. 1235 гъэм католик-миссионер, доминикан Юлиан адыгэ къэралыгъуэ Зихием и къалэ Матрикэ (иджы Тамань здэщысым) щыIати, мыпхуэдэу итхыжыгъащ: адыгэхэр «чыристанкIэ зоджэж, урым тхыбзэ, урым дин IуэхущIэхэр яIэщ». А диным и лъэужь къыхэнащ IуэрыIуатэми бзэми. Апхуэдэу адыгэ мифологиеми, эпосми, нэгъуэщI жанрхэми яхэтщ чыристан тхьэпэлъытэхэу Еллэ (Илья), Даущджэрджий (Аущджэрдж, Святой Георгий). Адыгэ цIэ-унэцIэ зыбжанэ епхащ чыристаным: Джэрыджэ, Щоджэн (урымкIэ «поп» жыхуиIэщ), IутIыж («Пасхэ»), Иуан (Иван), Марьян, Марьят (Марием къытекIащ). «Члисэ», «бэрэжьей» урым псалъэхэри, «щэбэт» журт псалъэри адыгэбзэм къыхэзыхьар чыристаныращ. Мыжей зэадэзэпхъум зэратхымкIэ, муслъымэн диныр хахьэн мурадкIэ, хьэрып къэзэуатыщIэхэр 651 гъэм ГъущI куэбжэмкIэ (ДэрбэндкIэ) япэ дыдэу къохьэ Кавказ Ищхъэрэм. ЯпэщIыкIэ муслъымэн диныр ящтэ дагъыстэн лъэпкъхэм, лIэщIыгъуэ зыбжанэ дэкIа нэужь адыгэ (къэбэрдей) феодалхэмрэ динырылажьэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ ислъамым езы адыгэхэм, абазэхэм, къэрэшей-балъкъэрхэм я деж зыщиубгъунымкIэ. Гу лъытапхъэщ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм чыристан Урысейм и колонизацэм пэщIэтын папщIэ, шэрихьэт бэракъым къызэщIиубыдэн хьисэпкIэ адыгэхэм ислъамыр нэхъ куууэ, нэхъ убгъуауэ кърагъэщтэну яужь зэритам. А щIыкIэм тету адыгэм я тхыдэм щызэблэкIащ езы лъэпкъым къыдэхъуа диныр, чыристаныр, ислъамыр. Зы диным икIыу нэгъуэщI дин къэщтэныр Iуэху къызэрыкIуэтэкъым. Динхъуэжыр сыт щыгъуи гуащIэщ, абы лъапсэрых, лъыгъажэ ин къыщыдэкIуэ щыIэщ. «ДиныщIэ къащтащ» щыжаIэкIи, лъэпкъыр зэрыщыту абы зэуэ ихьауэ, ар зэуэ къабыл ящIауэ, япэм зэрыта диныр зэуэ IэщIыб ящIыжауэ угугъэ хъунукъым. Япэм зэрыта диным и къуэпсыр зэуэ кIуэдыркъым. Уеблэмэ, динхъуэж тIуащIэ ящIа нэужьи, етIуанэр щыгъэтыжауэ, япэрей диным щыщ куэди цIыхум къадогъуэгурыкIуэ. Ауэ япэрей диным и щIэинхэм диныщIэм езым и сэфэт кърегъащтэ, и уней еплъыкIэхэм ирегъэзагъэ. Дж. Интериано (ХV лI.) мыпхуэдэу итхыгъащ: адыгэм «я диныр тыншу къыпхуэщIэркъым – мажусийри чыристанри зэхэзэрыхьащ». Франдж дипломат Абри де ла Монтре (XVIII лI.) зэрыжиIэмкIэ, бгырыс адыгэхэм жыгеижьхэр ягъэлъапIэ, абыхэм я лъабжьэм тхьэлъэIу, тыхь щащI; чыристанщIэплъи муслъымэнщIэплъи яхэтщ. 1833 гъэм хыIуфэ адыгэхэм я деж щыIа франджы щIэныгъэлI Фредерик Дюбуа де Монпере итхыгъащ: «Чыристан, муслъымэн, мажусий динхэр апхуэдизу зэхэзэрыхьауэ ядыболъагъури, хэубыдыкIауэ пхужыIэнукъым адыгэм яIыгъ диныр. ...Адыгэм ящыщу муслъымэнрэ муслъымэн хабзэм тетыр пщыхэмрэ бейхэмрэщ, ахэри диным IэхъуэгъуэтегъэкIыу пылъщ, а ягъэзащIэ хабзэхэм езыхэр щридыхьэшхыж куэдрэ къохъу». Уэгъу щыхъукIэ щIыпIэ гуэрхэм иджыри къыщрашэкI Хьэнцэ-гуащэр. Ар ислъамми чыристан динми нэхърэ илъэс мин бжыгъэкIэ нэхъыжьщ! Лъэпкъым и лъым хэтщ. ТхьэлъэIу псалъэхэм щыщу зызыхъуэжар - уэшхкIэ зэлъэIу тхьэм и цIэрщ: мажусийм щитам - Щыблэ, чыристаным – Еллэ, ислъамым – Алыхь жаIэу. Ауэ езы Хьэнцэ-гуащэ къешэкIын хабзэр, дауэдапщэр (ритуалыр) зэрыщыту къэнэжащ. Адыгэм я диныр IэшырыI хьэнтхъупсым хуэдэу зэхэзэрыхьауэ щытами, динхэм я къуэпсыр куууэ лIакъуэ псоми я гъащIэм хэмыхьами, диныр лъэужьыншэу щытакъым лъэпкъ тхыдэм, лъэпкъ культурэм я дежкIэ. IуэрыIуатэри аращ. Мифхэм, нарт хъыбархэм, псысэхэм, псалъэжьхэм нэгъуэщI жанрхэми уащрохьэлIэ адыгэм дуней еплъыкIэу яIар.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




