Мэз дохутыр цIыкIухэрАмкIыщыр (синица) зыщыпсэу щIыпIэр зымыхъуэж бзухэм ящыщщ. ЩIымахуэм я нэхъ щIыIэм абыхэм цIыхухэм я псэупIэхэм гъунэгъу нэхъ зыхуащI, апхуэдэу яшхын нэхъ ягъуэтри. Зы махуэм къриубыдэу амкIыщым ешхыф къэкIыгъэхэм зэран яхуэхъу хьэпщхупщ цIыкIу куэд - езы бзум и хьэлъагъым и нехьэкъехуэ. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ, зы амкIыщ унагъуэм жыг 40 хуэдиз хьэпIацIэ зэранхэм щахъумэу. Мэзым и дохутыркIэ йоджэ амкIыщхэм. Языныкъуэ къэралыгъуэхэм нэхъ пасэхэм унафэ ткIий щыIащ амкIыщхэр букIыну ухуимыту. XIV лIэщIыгъуэм Баварский Людовик къуэдышхуэ япшыныну ятрилъхьауэ щытащ амкIыщ зыукIыу къаубыдхэм. Егъэлеяуэ псэемыблэжщ амкIыщхэр. Шыр къраша нэужь, ахэр сыхьэтым къриубыдэу 30-40-рэ шхыныхьэ IуолъэтыкI. Абыхэм я гум фIы дыдэу ираубыдэ ерыскъы къыщагъуэт щIыпIэхэр. АмкIыщхэм куэдрэ псэупIэ ящI цIыхухэм япэгъунэгъуу. ЩIымахуэ кIыхьыр нэхъ тыншу бзухэм ирахын папщIэ, жыгхэм хуфIадзэ шхын зракIутэ унэ цIыкIухэр. Ауэ псоми ящIэркъым а бзу лIэужьыгъуэм щIакхъуэ фIыцIэ хуэбущыкъуейуэ ебгъэшх зэрымыхъунур. Абы кIытэ (дрожь) куэд хэлъщи, и хулъэр егъэбэг, куэдри егъалIэ. Псом нэхърэ нэхъыфIщ бзухэм тхъуий, сэхуран хьэдзэхэр яхуэппхъмэ. Урысейм щагъэлъапIэу щытащ амкIыщым и махуэр. Ар жэпуэгъуэм и 30-м техуэрт. Унагъуэхэм я жыгхэм бзу унэ цIыкIухэр фIащIэрт, абдеж зэуэ амкIыщ куэд къэлъэтамэ, унагъуэм берычэт къызэрихьэнум и нэщэнэуи къалъытэрт. АмкIыщхэм я зыщIыкIэмкIэ, дунейм и щытыкIэнури хуэгъэфэщауэ къащIэу щытащ. Я кIиикIэм щIэфие щIэтмэ, дунейм зиукъэбзынути, хуабэу щытынут. Бзухэм я макъыр цIумэ, дунейм щIыIэ зыкъищIыну жаIэрт. Езыхэм абгъуэ яухуэ нэхърэ, нэгъуэщI бзухэм ябгынэжахэр е дурэшплIэрэшхэр псэупIэ ящIмэ нэхъ къащтэ амкIыщхэм. Ахэр мэпсэу илъэсищ хуэдизкIэ, ауэ цIыхухэм хъаркIэ яIыгъмэ, нэхъыбэрэ псэуфынущ. АмкIыщым и гур псынщIэ дыдэу къоуэ – дакъикъэм къриубыдэу 1200-м нэс. ЩыпIейтейм деж, къеуэгъуэхэр нэхъ псынщIэж мэхъу. Къыщалъэтэхьым деж амкIыщхэм я дамэхэр куэдрэ яшэщIыркъым, я къарур яхъумэри. Сыхьэтым къриубыдэу километр 35-рэ хуэдиз лъэтэфу аращ. АмкIыщыр Европэм нэхъ щыкуэд дыдэ бзухэм ящыщщ. Ахэр щопсэу Азие Курытми КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми. Бзухэр Кавказым и мэзхэми щопсэу. Брат Хьэсин и «Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» тхылъым ар цIыжьдадэ унэбзу лIэужьыгъуэхэм ящыщу къыщокIуэ, езыхэр зыбжанэу зэщхьэщокIыж. «Нэхъыщхьэу абгъуэ щищIыр псей, уэздыгъей жыг гъуанэхэрщ. Адрей цIыжьдадэ бзу лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу, и пщэм кусэ фIыцIэхэр хэлъщ, хулъэ щIагъым гъуэжьыфэ къыщIоуэ. И Iусым хохьэ псей, уэздыгъей жыг жылэхэр, хьэпщхупщхэр», - дыкъыщоджэ Хьэсин тхылъым.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




