Япэу топ джэгун щыщIадзар

ЛъапэкIэ топыр кърахуэкIыу япэу щрагъэжьар Китаймрэ Пасэрей Урымымрэщ. Ди эрэм ипэкIэ III лIэщIыгъуэм Китайм щыIэт «цуцзюй»-кIэ зэджэ джэгукIэр, «лъакъуэкIэ топым еуэн» жиIэу къикIыу. Урымхэм топ къехуэкIыныр джэгукIэу къагъэсэбэпу аратэкъым, атIэ зауэлIхэм я Iэпкълъэпкъхэр зэщIагъэкIырт апхуэдэ щIыкIэкIэ.

Ди эрэм и XII лIэщIыгъуэм Инджылызым къыщыунэхуащ топ джэгукIэ лIэужьыгъуэ, футболым ещхьу. ЦIыхухэм топыр къыщрахуэкIырт губгъуэхэм, гъуэгубгъухэм. Топым лъапэкIэ зэреуэм нэмыщI, IэштIымкIи ягъэлъейрт. Апхуэдэ топ джэгум хэтт цIыху куэдыщэ - топджэгухэм я бжыгъэр убзыхуатэкъым.

XVI лIэщIыгъуэм абы ещхьыфэ топ джэгукIэ лIэужьыгъуэ къыщежьащ Флоренцием. Абы фIащауэ щытащ «Calcio» (Кальчо). Апхуэдэ топджэгум хэтхэм куэдрэ фэбжь ягъуэтырт, уеблэмэ мыхъужыххэни къахэкIырт. Узыншагъэм зи зэран екI джэгукIэхэр къагъэувыIэри, пIалъэкIэ зэпыуауэ щытащ. Ауэ XVII лIэщIыгъуэм щIэрыщIэу топ джэгуныр щаублэжащ Лондон. Ар иджырей футболым ещхьтэкъым – и хабзэхэр нэгъуэщIт. А зэманхэм Лондон и школхэми футболымкIэ дерсхэр щекIуэкI хъуащ.

Футболым хабзэ пыухыкIахэр къыхуагупсысыну 1884 гъэм и ужь щихьащ Кембридж. Пэжщ, и кIэм нэсу зэфIагъэувакъым. 1863 гъэм Инджылызым къыщыунэхуащ япэ футбол ассоциацэ, футболым и хабзэхэри ткIийуэ ягъэуващ. Абы щыгъуэ Лондон щекIуэкIа зэIущIэм лъапэкIэ топ джэгуныр лIэужьыгъуитIу щагъэбелджылащ: регбирэ футболрэ. Абы къыхэкIыу, 1863 гъэм дыгъэгъазэм и 8-р къалъытэ футболыр къыщыунэхуа махуэу. Инджылызыр футболым и хэкуу ябж. 1863 гъэм иужькIэ, футболым зиужьу, зиубгъуу щIидзащ. Ар цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Топ джэгум хэтхэр нэхъри дихьэхырт, щхьэж и джэгукIэ Iэмалхэр иубзыхурт.

Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ япэ футбол командэр 1824 гъэм Эдинбург къыщызэрагъэпэщауэ щытауэ. Ауэ япэ дыдэ футбол клубыр къыщыунэхуауэ тхыдэм хэувар 1857 гъэрщ – футбол клуб нэхъыжь дыдэу ябж «Шеффилд» жыхуаIэр. 1888 гъэм футбол лигэ яухуащ, клуб 12-у зэхэту. Ауэрэ а бжыгъэри нэхъыбэ хъуащ. Футбол джэгухэми, джэгум кIэлъыплъхэми кIуэ пэтми къахэхъуэрт. Футбол лигэр къэунэхун ипэкIэ, 1871 гъэм Инджылызым и Кубокым щIэбэнауэ щытащ футболист гупхэр. Ар футбол зэпеуэ нэхъыжь дыдэу къалъытэ. 1892 гъэм Инджылызымрэ Шотландиемрэ футбол зэдэджэгури, 0:0 бжыгъэмкIэ яухауэ щытащ. 1904 гъэм накъыгъэм и 21-м Париж къыщыунэхуащ футболымкIэ дунейпсо федерацэр - FIFA. Абы хэтт Франджыр, Испаниер, Нидерландхэр, Бельгиер, Швециер, Даниер, Швейцариер. Инджылызыр FIFA-м щыхыхьар илъэскIэ нэхъ гувауэщ.

Урысейм футбол джэгуу къыщаублащ XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым, 1880 гъэхэм ирихьэлIэу. 1897 гъэм жэпуэгъуэм и 24-м Урысейм щыIащ япэ футбол зэIущIэ. Санкт-Петербург щыджэгуащ «Спорт», «ВОФ» командитIыр. Иужьрейм бжьыпэр иубыдауэ щытащ, 6:0 бжыгъэр яIэу. 1909 гъэм футбол клубхэр къыщыунэхуащ Урысей империем и къалэ куэдым. 1912 гъэм Урысейпсо футбол союз къызэIуахащ. Нэхъ иужькIэ ар футболымкIэ дунейпсо федерацэм хыхьащ. 1917 гъэм ВФС-р зэбгрыкIыжащ, абы и пIэкIэ къэунэхуащ СССР-м футболымкIэ и федерацэр. 1992 гъэм Урысей футбол союз къэунэхуащ.

1908 гъэм футболыр Олимп джэгухэм хагъэхьащ. ФутболымкIэ япэ чемпионатыр Уругвайм щекIуэкIащ 1930 гъэм. Финалым Уругваймрэ Аргентинэмрэ щызэхуэзэри, 4:2 бжыгъэр яIэу Уругвайр текIуащ. 1954 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м франджы, итальян, бельгие ассоциацэхэр зэIущIэри, Европей футбол ассоциацэхэм я союз – UEFA – къэунэхуащ. 1960 гъэм UEFA-м иригъэкIуэкIащ япэ европей чемпионатыр. Абы щытекIуат СССР-м и гупыр.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: