Мыпхуэдэ фIэщыгъэ иIэу Нало Заур и Iэрытх си лэжьапIэ пэшым щIэлъщ. Заур дунейм ехыжа иужьщ къыщысIэрыхьар, ауэ алъандэри куэд щIащ. Апхуэдэ тхыгъэхэу къытезмыдзэ щIыкIэ зи IэдакъэщIэкIхэр дунейм ехыжахэм я гуэныхь стелъу къызэрысщыхъуми и гугъу мызэ-мытIэу сщIащ. Дыкъызэралъагъур, дунейм къыщекIуэкIым зэрыщыгъуазэр хьэкъыу си фIэщ мэхъури, Заур и псэр щыгуфIыкIыным сыщыгугъыу ди газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм тызодзэ Налом и гукъэкIыжыр.
Мыр си анэ нэхъыжь Мадинэт къыджиIэу щытауэ си гум къинэжати къыфхузотхыж.
Си адэ Нало Мыхьэмэт Къубатий и къуэм (1870 - 1942) и щхьэгъусэ Жылау Мадинэт Елмырзэ и пхъур 1875 гъэм Болэтей къыщалъхуат. Адыгэ хабзэм (пасэрей псэукIэм) тету Налохэ абы цIэ етIуанэ фIащ – ТIасэ, жылэр къызэреджэри а цIэ дыдэрат. Ди бынунэр ТIасэ дызэреджэр зэхъуэкIарэ гъэдэхауэт – ТIазутIэ жытIэрт. Ар еджауэ тхылъ щIэныгъэ зиIэхэм ящыщтэкъым. Абы сыт ищIэми – ар хабзи, дини, псэукIи, лэжьэкIи, IуэрыIуати ирехъу! – ижь лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI щIэныгъэрат. ТIазутIэ 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м дунейм ехыжащ, Лэскэн адрыщIым (Лескен-2) дэсу пхъуитI къыщIэнри – Балъкъэр Ланэрэ Саукуий ФатIимэтрэ (дэ дызэреджэр Бабыхут). Си анэ дыдэм (Молэмусэ Исмел-хьэжым ипхъу МащIэ, жылэр къызэреджэр Дыгъэт, дэ Нанэ жытIэрт) Налохэ дыкъыщилъхуар зэкъуэшитIрэ ди шыпхъу закъуэмрэщ: ди нэхъыжь Уэлий мыгъуэр, ди курыт Къарэ, я нэхъыщIэ сэ. Дэ еджапIэм къыщIэтх щIэныгъэ тIэкIур унэм щыдгъэхъыбарыжырт, зым ищIэр адрейм хуиIуатэу:
- ЩIыр, хъарбызым хуэдэу, зэпэхъурейщи, мэкIэрахъуэ, къухьэпIэмкIэ щыIэр къуэкIыпIэмкIэ къакIуэу. Дыгъэм хуэгъэза лъэныкъуэр махуэрэ нэхуу, адрей лъэныкъуэр жэщрэ кIыфIу. Апхуэдэу кIэрахъуэ ЩIым Дыгъэм и хъуреягъри къелъэтыхь… - жытIэрт.
- ЩIым Дыгъэр къилъэтыхьмэ, сыту Iулъэту емыжьэжрэ? – жиIэрти, ар ТIазутIэ къытхуидэртэкъым.
- Дыгъэм IэщIэкIыфыркъым ар, - пэддзыжырт абы.
- Мо тепщэч хуэдиз фIэкIа мыхъум мыр зи инагъ ЩIыр иIыгъыуи? ПцIышхуэщ, Тхьэ!..
Ар зэрыщытыр мыращ, делэхэ, фыщымыуэ:
Мы дунейр гъуни нэзи имыIэу, лъащIи щIэмыту тенджызщ. А тенджызыжьым зэрамыщIэжу шылъэгу абрагъуэ тесщ йосри. А шылъэгум апхуэдиз и инагъщи, и гъунэ ижьым укъыщежьэу и гъунэ сэмэгум унэсын щхьэкIэ, шагъдийм и жэрыжэкIэ илъэс миным щIигъукIэ ужэн хуейщ, къэувыIэ уимыIэу. Абы и щIыбагъым жыги удзи къытекIэркъым, псыикI щежэхыркъым, ауэ шылъэгум и щIыIум зэрамыщIэжу вы абрагъуищ тетщ, бжьэисэ хъужахэу, я щхьэхэр тенджызымкIэ гъэзауэ, ауэ щыми я кIэхэр зэпыщIауэ, ешу псым хэмылъэн щхьэкIэ. Ахэр шылъэгум елъэмэ, дунейр къутэжауэ аращ. А выжьищым я бжьакъуэ исахэм телъу яIыгъщ ЩIыр, аращ щIыр тенджызым хэхуэу имытхьэлэу къызэтезыгъанэр. А выхэм я зыр псы ефэну зигъэщхъмэ е и лъакъуэ ешам зригъэгъэпсэхуну иIэтмэ, ЩIыр мэхъей.
А ЩIыр фэ фызэригугъэу хъарбыз зэпэхъурейкъым, ар зэрыхъурейр шэрхъым ещхьущ. Хьэуэ, ар нэхъ зэщхьынур тебэращ, тебэр блыуэ зэтету щытамэ. ЩIыр къат-къату зэтетщ, къатибл хъууэ. А щIыIу къатым дэ дытесщ. Ди щIагъым къыщIэт къатихми дэ дэщхьу цIыху щопсэу, гъавэ ящIэу, жыг ягъэкIыу, Iэщ ягъэхъуу, лажьэрэ шхэжу. ЩIым и гъунэ дыдэм деж зы жыгышхуэ тетщ, и щхьэкIэр уафэм щIэуэу, абы зы бгъэшхуэжь тесыжщ, дамибл тету, тырахтыр къиIэтыфын хуэдэу лъэщу. Абы етIуанэ къатми, ещанэми, еплIанэми, етхуанэми, еханэми, ебланэми урихьэхыу укъыдрихьеижыфынущ, фIыуэ бгъашхэмэ. Къатиблми апхуэдэ бгъэжь зырыз яIэщ.
Тебэм ещхьу хъурей ЩIым Уафэ къащхъуэр, фалъэм ещхьу, къыщхьэщыIубащи, махуэкIэ Уафэ щIагъым Дыгъэр щызокIуэ, къуэкIыпIэмкIэ къыщыщIэкIрэ къухьэпIэмкIэ щыкъухьэжу. Жэщым Мазэр щызокIуэ, абы ещхьыркъабзэу. ЖэщкIэ вагъуэ цIыкIухэр зырызурэ уафэм кърагъэтIысхьэ, пщэдджыжьым ирахыж. Уафэ щIагъым пшэ куэд щIэтщ, пшэ хужьи, пшэ гъуабжи, пшэ фIыцIи. Пшэ фIыцIэм благъуэ хэсщи, абы зэмзэмкIэрэ е Дыгъэр еубыд, е Мазэр еубыд. Апхуэдэхэм деж цIыхухэр кIий-гуоуэ уэрамым къытолъадэ, тасхэм башкIэ еуэурэ ягъэзу ину, фоч зиIэхэр фочкIэ доуей, цIыхубзхэр Тхьэм йолъэIу – апхуэдэурэ благъуэр ягъащтэ, ягъэшынэри, Дыгъэмрэ Мазэмрэ ирамыгъэтхьэлэу, ирамыгъэшхыу къыIэщIагъэкIыж.
Илъэсым и зы жэщ гуэрым уафэ щхьэгъубжэр зэIуахри, Гъуэбжэгъуэщыр къраутIыпщхьэх. Гъуэбжэгъуэщ хъужыр Тхьэшхуэм и нурщ. Зы дакъикъэщ ар къызэрепсыр, дакъикъэр зэрыфIэкIыу щхьэгъубжэр зэхуащIыж. Гъуэбжэгъуэщыр къыщепсым деж Тхьэшхуэм, сыткIэ уелъэIуми, ущIелъэIуар къыпхуещIэ. ЛIы гуэрым куэдрэ зэхихырт «шыIэ зиIэм насып иIэщ» жаIэуи, щхьэгъубжэ зэIухам и щхьэр къыдэгъэжауэ илъэскIэ Гъуэбжэгъуэщым пэплъащ, «Ялыхь, шыIэныгъэ къызэт!» - жиIэу елъэIуну. АрщхьэкIэ Гъуэбжэгъуэщыр къыщытепсэм, Iэнкун хъури, «шыIэныгъэм» ипIэкIэ «шхыIэныгъэ» жиIэри, шхыIэну и фызым тепхъуауэ нэху къекIащ, жи.
ЩIым къытеIуба уафэм и щIыIум къытесщ Щыблэри, Уащхъуэ-Мыващхъуэ КIанэри, Iилэри. Абыхэм уафэр ягъэгъуагъуэ, мывэ зэрагъажэурэ, уафэр ягъэхъуэпскI, Щыблэр ягъауэ, уэшхри кърагъэшх, уэсри кърагъэс, уэфри кърагъэх. Уэгъу хъумэ, цIыхухэм хьэнцэгуащэ кърашэкI, Тхьэм елъэIуурэ: «Хьэнцэгуащэ къыдошэкIрэ, Ялыхь уэшх къегъэщэщэх!» - жаIэурэ. Хьэнцэгуащэри тхьэщ, ауэ бзылъхугъэщ, аращ абы гуащэкIэ щIеджэр. Ари уафэм тесу жаIэ.
Уафэри блыуэ зэщхьэщытщ, ебланэм Тхьэшхуэ къытесщ, дуней псори IэщIэлъу.
Мыдрей тхьэхэр ЩIым тесщ: Тхьэгъэлэдж гъавэ есэ, Амыщ Iэщхэр егъэхъу, Мэзытхьэ мэзхэр къегъэкI, хьэкIэкхъуэкIэхэр егъэбагъуэ. Абы игу къобгъауэ тхьэкIумэкIыхь къудей къыуигъэукIынукъым. Абы дэщIыгъущ Мэзгуащэри. Псатхьэм цIыху псоми я псэр IэщIэлъщ. Лъэпкъ гъукIэтхьэщ, цIыхум Iэщэуи Iэмэпсымэуи яIэр зыщIар гъукIэ Лъэпщщ. Жьыр къезыгъапщэу пшэхэр зезыхуэр Жьытхьэщ. Бзылъхугъэ тхьэхэр гуащэщ. Дунейм псыхъуэу щежэхым Псыхъуэгуащэ зырыз яIэщ, тенджызым иIэщ гуащэ, ХыгуащэкIэ еджэу. Тхьэхэм я IуэхутхьэбзащIэу мэзхэм щIэсщ, къуршхэм исщ тхьэIухудхэр, щIалэ делэ къахуэзэмэ ягъэгъуащэу. ТхьэIухудхэм нэрымылъагъуи защIыфырт.
Дунейри цIыхури къэзыгъэщIар Тхьэшхуэщ, зыкъутэжынури Тхьэшхуэщ.
ЩIым цIыху цIыкIур къытехьэн ипэкIэ тетар иныжьхэмрэ благъуэхэмрэщ.
Иныжьхэр азэн джапIэм хуэдизу инхэт, иныкъуэхэм щхьищ яфIэту, адрейхэм щхьибл яфIэту, зы щхьэ фIэкIа зыфIэмыт гуэрхэри яхэту. Ауэ щхьэ куэд яфIэт пэтми делэжьхэт, гупсысэ ямыIэу. Абыхэм щIыри, жыгхэри, псэущхьэхэри яшхыурэ, лэжьыгъэ лъэпкъи ямылэжьурэ псэурти, Тхьэшхуэ игу къайбгъэри, нартхэр къариутIыпщщ аби, абыхэм зэтраукIэри, ЩIыр къабзэу къахуэнащ. ЦIыху цIыкIур нартхэм къатепщIыкIащ.
Нартхэм я зэманым ЩIым тетащ цIыкIужьей лъэпкъ гуэр, испыкIэ еджэу. Ахэр, жьгъей щхьэкIэ, Iущхэт, лIыгъи яхэлът. Испыхэм япхъу нартхэми къыщашэ щыIащи, я дахагъэмрэ я Iущыгъэмрэ щхьэкIэ. Абы къыхэкIыу нартыпхъухэр жагъуэгъу яхуэхъури, испыхэр абы текIуэдэжащ.
Нартхэм иныжьхэр ЩIым трагъэкъэбзыкIа нэужькIэ, благъуэхэм яужь йохьэ. Благъуэхэр куэд хъурт, къуажэ къэс зы хуэзэу. Ахэр блэ зэрамыщIэжт, иныжь ягъэшынэу. Благъуэр мэжэлIамэ, къэпщырт, къуажэр хъурейуэ къигъэтIылъыхьырти, жьыи, псыи, гъави къыдамыгъэхьэу иубыдырт. Хъыджэбз дахэ хуашэу ирамыгъэшхауэ IукIыжыртэкъым. Дахэ дыдэ фIэкIаи Iахыртэкъым. ЦIыхухэр псы щхьэкIэ лIэуэ, шхыныншэу къызэхэнауэ, зэрыбэуэн жьы ямыгъуэтыж хъуауэ щытмэ, сыт ящIэжынт? – япхъухэм щыщу нэхъ тхьэIухудыр хуашэрти Iурадзэрт. ЗигъэнщIа нэужь Iупщыжырт. Благъуэхэм куэдрэ езэуащ нартхэр икIи ятекIуэри ягъэкIуэдащ.
Нартхэр нартыхум текIуэдэжащ жаIэ, ауэ сэ сщIэркъым абыхэм я кIуэдыжыкIэ хъуар.
ЦIыхум ЩIыр къыхуэна нэужь, дунейр тIэу къутэжащ: япэ къутэжыгъуэм жьыкIэщ зэрыкъутэжар. Тхьэшхуэ и унафэкIэ Жьытхьэ абрэмывэхэр бжэныцрэ хьэцыпэу зэрихьэу жьышхуэ къиутIыпщри, абы дунейр икъутэжащ. Ауэ лIыфI гуэр къыкъуэкIри, абы и бынунэр къурш бгъуэнщIагъ куум щIигъапщкIуэри, къригъэлщ аби, а бынунэм къатепщIыкIыжащ цIыху цIыкIур. А лIым и цIэр зэхэсхауэ сщIэжыркъым. ЕтIуанэ къутэжыгъуэм псыкIэ къутэжащ. Абы щыгъуэ Нухь кхъухьышхуэ ищIащ, тенджыз къащIэуэщ, кхъухьыр ирихьэжьэри, илъэскIэ кърихьэкIащ. А кхъухьым итIысхьэн хуеят хыври, арщхьэкIэ къыкIэрыхури тенджызым къыхэнащ. Псыр уэжыху кхъухьым кIэлъесащ хывыр, «Нухь! Нухь» - жиIэурэ джэуэ. Иджыри ар щыбукIэ «Нухь» псалъэр и бум къыхоIукI. ЕсыкIэкIэ Iэзэт, езыри къарукIэ лъэщти, дунейкъутэжым къелащ. Аращ абы хыв щIыфIащари.
Иджыри ещанэу зы къутэжыгъуэ къытпэщытщи, абы щыгъуэ мафIэкIэщ зэрыкъутэжынур. Япэрей дунейкъутэжитIым къела дунейр ещанэм къелынукъым.
* * *
Мы тхыдэр ТIазутIэ иужькIэ ди шыпхъу, ТIазутIэ ипхъу нэхъыщIэ Саукуий ФатIимэти (Бабыху) зэпыудауэрэ жиIэу зэрэ тIэурэ зэхэсхащ дыщасэ къыщыкIуэжхэм деж. Абыи и анэм къыпихауэ арат мы щIэныгъэр.
10. 05. 2008