Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр шынагъуэншэу икIи къызыхуэтыншэу ехьэкIыным гулъытэшхуэ щегъуэт ди республикэм. Къэрал унафэщIхэм я нэIэм щIэмыкI а Iуэхугъуэр ди щIыналъэм и гуащIэгъуэу щокIуэкI.
Зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр яублэным ипэ къихуэу республикэм и школ псоми щрагъэкIуэкIащ сабийхэм шынагъуэншэу загъэпсэхуным хуэгъэпса дерс щхьэпэхэр. Псори зэхэту къапщтэмэ, ди республикэм щыпсэу ныбжьыщIэхэм, гъунэгъу щIыналъэхэм къикIыу ди деж зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм папщIэ мы гъэмахуэм мэлажьэ апхуэдэ IуэхущIапIэ 35-рэ. Абыхэм ящыщщ курыт школхэм къыщызэрагъэпэща махуэрылажьэ гъэмахуэ лагеру 22-рэ. Абыхэм зыщагъэпсэхуну икIи я нэгу зыщрагъэужьыну мы гъэм Iэмал яIэщ сабий минрэ ныкъуэм щIигъум.
Апхуэдэуи цIыкIухэм я узыншагъэр щрагъэфIа- кIуэ, я нэгу зыщрагъэужь IуэхущIапIэ 13-м. Абыхэм яхэтщ Iуащхьэмахуэ щIыналъэ къуршылъэм щылажьэ лагерихри. Абыхэм я нэхъыбапIэр къыщызэIуахащ Iуащхьэмахуэ лъапэ, Налшык, Терскол къалэхэм. Азау хуейм щолажьэ бгыхэм лъэрыжэкIэ къыщыжыхьыным хуезыгъасэ лагерышхуэ. Апхуэдэу Джылы-Су и Iэхэлъахэ щIыпIэм щыIэ зыгъэпсэхупIэм ныбжьыщIэхэр щыхуагъасэ бгылъэхэм щытыкIэ къызэрымыкIуэ ущихуэмэ, сэбэп узэрызыхуэхъужыфыну Iэмалхэм. НэгъуэщI лагерхэм щокIуэкI инджылызыбзэмкIэ, хъыбарегъащIэ программэхэмрэ технологиещIэхэмкIэ, спортымрэ щэнхабзэмкIэ курс зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэу сабий IуэхущIапIэхэм ящыщ дэтхэнэми щызэхэухуэнащ зыгъэпсэхунри, еджэнри, нэгузегъэужьынри.
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторэхэмрэ лагерхэмрэ дызэрыт гъэмахуэ лъэхъэнэм къриубыдэу зыщагъэпсэхуну Iэмал яIэнущ сабий мини 7-м щIигъум. А бжыгъэм хеубыдэ гъащIэм щытыкIэ гугъу щихуа унагъуэхэм, сабий куэд зыпIхэм, адэ-анэм я нэIэм щIэмытыжхэм, ди къэралым гъунэгъу щIыналъэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм ящыщ ныбжьыщIэ мини 3-м щIигъур. Апхуэдэ сабийхэр зыгъэпсэхупIэхэм лъэпощхьэпоуншэу, чэзум емыжьэу икIи пщIэншэу ягъакIуэ.
Сабийхэм я мыгъэрей зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм хухахащ псори зэхэту сом мелуан 74-м щIигъу.
ЦIыкIухэр махуэ 21-кIэ здэщыIэфыну школ лагерхэм лэжьыгъэр къыщызэрагъэпэщ егъэджакIуэрэ гъэсакIуэу 200-м нэсым, пщэфIэн Iуэхум пэрытщ IэщIагъэлI 50-м щIигъу. Сабийхэм я узыншагъэм кIэлъоплъ медицинэ лэжьакIуэ пщIы бжыгъэхэр. КъинэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэм ядолажьэ вожатэ гупхэр, лагерхэм щыIэ къабзагъэм кIэлъоплъ ар зи пщэрылъ цIыху 40-м щIигъу. А IэщIагъэлIхэри IуэхущIапIэхэри къызыхуэтыншэу гъэмахуэ лъэхъэнэм лэжьэным я зэфIэкI езыхьэлIахэм ящыщщ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм ди республикэм щиIэ къудамэм хэт ныбжьыщIэхэр, студент жыджэрхэр. ГъэсакIуэхэм гулъытэ хэха хуащI ныбжьыщIэхэм щIэныгъэщIэ егъэгъуэтыным, лагерхэм зэрыщыIэ зэманыр гукъинэж ящыхъуным. Псом хуэмыдэу балигъхэр йолIалIэ сабийхэм хэкупсэ гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ шэщIауэ зэрадэлэжьэным. Ар, дапщэщи хуэмыдэу, мы лъэхъэнэм гулъытэшхуэ зыгъуэт унэтIыныгъэщи, мыбдежми IэщIыб щащIыркъым. НыбжьыщIэхэм къахуоджэ лекцэ зэмылIэужьыгъуэхэм, СВО-м, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм хуагъазэ, лIыхъужьыгъэм и дерсхэр, пшыхь купщIафIэхэр къыхузэрагъэпэщ.
Мыгъэрей зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм къриубыдэу республикэм щылэжьэнущ унэтIыныгъэ хэха зиIэ лагерхэри. Апхуэдэу, «ДыгъафIэ къалэм» щыIэщ математикэр зыфIэхьэлэмэтхэм, зи къэухьым хэзыгъэхъуэну гукъыдэж зиIэхэм папщIэ лагерхэр. Зэреджэ программэм и лейуэ ныбжьыщIэхэм щадэлажьэ IуэхущIапIэхэми къыщызэIуахащ егъэджэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщызэрагъэпэщ гъэмахуэ утыку цIыкIухэр. Зыгъэпсэхугъуэ зэманым гулъытэ ягъуэт зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэми. А лэжьыгъэр къызэрагъэпэщынущ «Псоми ди зэхуэдэ Iэмалхэр» къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ. «Лэгъупыкъу» лагерым щолажьэ апхуэдэ гупхэр.
Зи ныбжьыр илъэс 14 - 17 хъу ныбжьыщIэхэм папщIэ мэлажьэ «Зи щIалэгъуэхэм я щIыналъэ» федеральнэ программэ хэхар. Абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ ныбжьыщIэхэм зыхуагъасэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр гъэхьэзырыным, жыджэрагъ яхэлъу IуэхугъуэфI зэмылIэужьыгъэхэм я жэрдэмщIакIуэ хъуным.
Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм хуэщIа IуэхущIапIэ псори я лэжьыгъэкIэ епхауэ щытщ щIыпIэхэм щыIэ медицинэ IэнатIэхэм, хуей хъумэ, дэIэпыкъуэгъу хъун папщIэ. Къыхэдгъэщынщи, апхуэдэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэщ лагерым зыщызыгъэпсэху сабийхэми абы щылажьэ IэщIагъэлIхэми папщIэ. Зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм къриубыдэу апхуэдэ IэщIагъэлIхэр псом хуэмыдэу нэхъ хуэнабдзэгубдзаплъэщ сабий куэдым зэуэ узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэ гуэри къапкърымыгъэхьэным, фэбжь ямыгъуэтыным. Ахэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ.
Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым я лэжьыгъэкIэ епхащ къэрал IэнатIэ куэди. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ, КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ я министерствэхэр, «Роспотребнадзор»-м, МЧС-м КъБР-м щаIэ IэнатIэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми я IэщIагъэлIхэм къызыхуэтыншэу ягъэзащIэ сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм ехьэлIауэ я пщэ къыдэхуа къалэн псори.