ЩIыналъэм и тхыдэр и сурэтхэмкIэ зыхъумэ

Сурэттех, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, СССР-ми Урысейми я Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэта, лэжьыгъэм и ветеран, дамыгъэ лъапIэ­хэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ зыхуа­гъэфэща Мамий Руслан и ныбжьыр бадзэуэгъуэм и ­27-м илъэс 80 ирокъу. 
Руслан Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ, иужькIэ и унагъуэм и гъусэу Налшык къалэм къэIэпхъуащ. И сабиигъуэр Хэку зауэш­хуэ нэужь зэманым хиубы­дэри, и ныбжьым итхэм я фэм дэхуа гугъуехь куэдым пхыкIащ ари.
И адэр Хэку зауэшхуэм хэтащ, полковникыу, милицэм и уна­фэщIу щытащ. И анэ Iэминат Iэрыпщэхэ ящыщт, «Кабардинка» ансамблым хэтащ. ЗэкъуэшитIымрэ я шыпхъумрэ я адэ-анэр пасэу щафIэкIуэдым, ахэр Александровкэ хьэблэм и Колхознэ уэрамым (иджы Калининым и цIэр зезыхьэм) тет сабий унэм щIэхуащ. ИужькIэ интернат хъуа а IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Багъэтыр БетIал, я егъэджакIуэхэр Руслан фIыкIэ игу къинэжащ.
- Интернатым спортым зыщы­хуэзгъасэрт, футбол сыщыджэгурт, хорым уэрэд щыжысIэрт, ор­кестрым сыхэтт, - игу къегъэ­кIыж Руслан. - ЗэрысщIэжрэ си узыншагъэм сыкIэлъоплъыж. Лы­жэкIэ къызожыхь. Си IэщIагъэм и гугъу сщIымэ, дзэм ­къулыкъу щысщIэу Германием и Дрезден къалэм сыщыщыIам «Советский воин» газетым и фотокорреспонденту сылэжьащ. Абы щыгъуэ къызатат «Хэку зауэшхуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэ­риух­рэ илъэс тIощI зэрырикъур» медалыр. Къулыкъу нэужьым унэм сыкъыщыкIуэжым, Львов сыкъыщыувыIэри, абы дэт институтым и фотожурналистикэ къудамэм сыщIэтIысхьэри къэзухащ.
Мамий Руслан и унафэм щIэту 70 гъэхэм лэжьащ сурэттеххэм я «Зенит» зэгухьэныгъэр. ИужькIэ илъэс 30-м нэблагъэкIэ IэнатIэм щыпэрытащ «Къэббалъкътелерадиом», республикэм къы­щы­дэкI газетхэм, министерствэ щхьэ­хуэхэм, КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм. БлэкIа лIэ­щIыгъуэм и 80 гъэхэм щыщIэ­дзауэ республикэм къикIуа гъуэгуанэр уи нэгу къыщIэзыгъэ­хьэ­ж сурэтхэр зэхуихьэсащ абы, щIы­налъэм, къэралым щекIуэ­кIа­  Iуэхугъуэхэр, зэхыхьэшхуэ­хэр, конференцхэр, фестивалхэр къызэщIаубыдэу. Иджы тхы­дэр къызэрыщ и сурэт Iуащ­хьэхэр мыпIащIэу зэтрихыурэ ироплъэж. КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм Руслан тыгъэ хуи­щIащ электрон IэмалымкIэ и­хъумэ сурэт мин 350-м щIигъу.
Руслан сурэт зытрихахэм ящыщщ къэрал къулыкъущIэхэу Ельцин Борис, Путин Владимир, Медведев Дмитрий, Патрушев Николай, Лужков Юрий, Шойгу Сергей, Мэлбахъуэ Тимборэ, Елисеев Евгений, КIуэкIуэ Валерэ, Къанокъуэ Арсен, уса­кIуэшхуэхэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ, Зумакуловэ Танзиля, Гамзатов Расул, Те­мы­ркъан зэкъуэшхэу Юрэрэ Борис­рэ, нэгъуэщI цIыху цIэ­рыIуэхэр. 
- Дуней псом къыщацIыху, рес­публикэр зэрыгушхуэ спортсмен, олимп чемпион куэдым с­урэтхэр ятесхащ. ТекIуахэр ягъэ­лъапIэу цIыху гупхэм сурэт ятесхын хуей щыхъукIэ, КIуэкIуэ Валерэ ядэгушыIэрт: «Сэр ды­дэр сыфIолIыкI абы, зэрыжиIэм хуэдэу фыув!», - жеIэ Руслан. ЦIыху щхьэхуэхэм, екIуэкI зэ­хыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм къа­дэкIуэу, республикэм и щIы­уэпсымрэ къалэм и щIыпIэ дахэхэмри сурэт куэд ятрихащ. ЩIыналъэм и махуэшхуэм ирихьэлIэ къыдэкIыгъуэхэр абы и сурэт щIэщыгъуэхэмкIэ мызэ-мытIэу ягъэдэхащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Сосрыкъуэ» шхапIэри ихъуреягъри вертолётым ису трихащ. Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхь­кIэ щыIэ утыкум и дахагъэр цIыхухэм яригъэлъагъун, лъэ­ны­къуэ куэдкIи къы­зэщIиубы­дэн папщIэ «Урысей» хьэщIэ­щым и унащхьэм дэкIуей­ри гукъинэжу и IэдакъэщIэкI те­лъы­джэхэр утыку кърихьауэ щы­тащ. Лениным и  цIэр зе­зы­хьэ уэрамым илъэс зэхуэ­мы­дэхэм сурэт трихащ, къурш уардэхэри къищу. 
- Нэхъапэм щыIар «Зенит», «Смена» сурэттеххэрщ. Иужь­кIэщ бжыгъэхэм тегъэщIа Iэ­мэ­п­сымэхэр къыщежьар. Иджы­рей зэманым сурэт тепхыну куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ. ЛъагапIэхэми удэмыкIуейуэ квадракоптеркIэ зы мэскъалым къриубыдэу ап­хуэдэ сурэтхэр къыпхуогъэщI, - жеIэ Руслан. – Иджыпсту сурэттеххэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэми зихъуэжащ. Зы дакъикъэм сурэт 60 трахыну Iэмал щыIэщ. Сурэт 1000 трахын хуей мэхъу, ягу ирихьу зы къыхахыжын щхьэкIэ. Ап­хуэдэ Iэмал щыщымыIэм сурэттехым Iуэхум егугъуу зыхуигъэ­хьэзырын хуей хъурт, а зы сурэтыр тэмэму къехъулIэн щхьэ­кIэ. Нэху къудейр зэтрау­хуэн папщIэ цIыхур сыхьэт ны­къуэкIэ щызыпагъаплъэ щыIэт. Абы щыгъуэ къалэм сурэт щы­зытрагъэх IуэхущIапIэу зытхух къудей дэту арат, дэтхэнэми художественнэ лэжьыгъэхэр щащIу. Нобэ абыхэм щIэупщIэ яIэж­къым. Сурэтхэр тхылъымпIэм тету зэрахьэжыркъым, элек­трон Iэмалым тету яхъумэ. Зэлэжьэгъухэм, зэныбжьэгъу­хэм, къызэдалъхуахэм зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхын хуейщ, ­къащтэжрэ еплъыжыфу. Къалэм зэрызихъуэжри къэгъэлъэгъуапхъэщ. Налшык и къы­дэ­лъэдапIэхэм, къалэм и утыкухэм зэхъуэкIыныгъэ куэд яIэ  хъуащ. 
Зи махуэр зыгъэлъапIэ, «Адыгэ псалъэ» газетми илъэс куэдкIэ къыщыддэлэжьа Мамий Руслан дохъуэхъу узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу, и щIэблэм я гуфIэгъуэ илъагъуу дяпэкIи псэуну!
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: