Псыдзэм къытригъэзэжыфынущ

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм захуе­гъазэ Тырныауз деж къыщеха псыдзэм кърикIуа щытыкIэ къызэрымыкIуэм и зэран зыми къемыкIын папщIэ.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу, абы и хьэщIэхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
Дуней къэхъукъащIэхэм кIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм къы­зэратамкIэ, Герхожан псым и жапIэр ятIэпсым икудащ, а щIыпIэм иджыри псыдзэ къыщехынкIэ хъунущ. ЯтIэпс къе­хыр ирикIуэным хуэщIа кIэнауэм пэгъунэгъуу щыт псоми зыфхузогъазэ а щIыпIэм фыкъикIыну.
КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм епха, къегъэ­лакIуэ, гъуэгуухуэ IэнатIэхэр жэщ-махуэ ямыIэу мэлажьэ.
Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Тырныауз лъэныкъуэкIэ зэкIэ фымыкIуэну зыныфхузо­гъазэ.
ЩытыкIэ гугъу къэхъумэ зызыпыфщIэну телефоныр - 112», - итщ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.
Нэхъ пщыхьэщхьэхуэкIуэу КъБР-м и Iэтащхьэм дыщигъэгъуэзащ Герхожан псыр нэхъ зэрысэбырам икIи коммунальнэ, гъуэгуухуэ ­IэнатIэхэм абы Iэмал къызэрэрыритам я зэ­фIэгъэувэжыныгъэ лэжьыгъэхэм адэкIи пащэну. 

Поделиться:

Читать также: