Псэемыблэжу я IэнатIэр ирахьэкI

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м СледствэмкIэ и органхэм и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ.

«Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сыныво­хъуэхъу республикэм следствэмкIэ и IэнатIэм и ­къудамэ псоми щылажьэхэм фи махуэщIымкIэ.
ФIыщIэ фхузощI нобэ щыIэ щытыкIэ гугъум емылъытауэ, фи лэжьыгъэр зэпэщу зэтеублауэ зэрефхьэкIым, псэемыблэжу ­Хэкум къулыкъу зэрыхуэфщIэм, IэнатIэм, дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм лIыгъэ къызэрыщывгъэлъагъуэм ­папщIэ.
Урысейм СледствэмкIэ и комитетым, абы и щIыналъэ къудамэхэм, МВД-м, ФСБ-м я сле­до­ва­телхэм къэралым и пщIэр, цIыхухэм я хуиты­ныгъэр жэуалыныгъэ яхэлъу яхъумэ.
СледствэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэр, я ­IэнатIэм къазэрыхуигъэувщи, терроризм, экст­ремизм щIэпхъаджагъэхэр, къэралым, жыла­гъуэм я шынагъуэншагъэр къызэпызыудынкIэ хъуну Iуэхугъуэхэр къыщIэгъэщыным я гъащIэ емыблэжу яужь итщ.
Шэч къытесхьэркъым къапэщыт къалэнхэр пщIэрэ щIыхьрэ яIэу адэкIи зэрагъэзэщIэнум.
Узыншагъэ быдэ фиIэну, фи унагъуэхэм зэIу­зэпэщыгъэ илъыну, фи IэнатIэм ехъулIэныгъэ щывиIэну сынывохъуэхъу».

Поделиться:

Читать также: