Аскэр и фэеплъыр уахътыншэщ

Лыгъэр, хахуагъэр, Хэку лъа­гъуныгъэр сыт щыгъуи ди лъэпкъ хабзэу, абы щIэблэр щIапIыкIыу къекIуэкIащ. Ди зэманми ахэр зэрамыгъэ­гъуащэр щынэрылъагъущ щIа­­лэгъуалэм я деж. 

Улымбащ Аскэр Амырхъан и къуэр лIыхъужьыгъэ хэлъу хэтащ дзэ Iуэху хэхам. 2022 гъэм къулыкъу ищIэну дэкIа щIалэр тIэу уIэгъэ хъуат, ауэ къикIуэтатэкъым. Абы и лIыгъэм къы­пэкIуащ Жуковым и медалым­рэ щIыхь тхылъ куэдрэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м и дзэ къулыкъур игъэзащIэу ар хэкIуэдащ. 
Аскэр и ныбжьыр 31-рэт зэрыхъур. Ислъэмей къуажэ школымрэ колледжымрэ къиуха нэужь, и щIэныгъэм щыпищат Москва дэт автомобиль-гъуэгу къэ­рал техникэ университетым. 
ЛIыхъужьым и фэеплъ пхъэбгъур иджыблагъэ къыщызэIуахащ щIалэр щалъхуа къуажэм и езанэ школым. Улымбащ Ас­кэр и щIыхькIэ къызэрагъэпэща пэкIум хэтащ район, къуажэ администрацэхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, ветеран зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджа­кIуэхэр, щIалэм и благъэ-Iыхь­лыхэр, ныбжьэгъухэр. 
Фэеплъ пхъэбгъур щIынымрэ ар къызэIухынымрэ я жэрдэмщ «ЗауэлI зэкъуэтыныгъэ» зэгухьэныгъэм и ветеранхэу Улым­бащ Хьэсанш, Къылъшыкъуэ Алий, ГъукIэ Руслан сымэ. Абы я Iуэ­хур даIыгъащ Бахъсэн райо­ным и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артуррэ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ уна­фэр зехьэнымкIэ и советым и унафэщIым и къуэ­дзэ Iэхъуэбэч Андзоррэ. 
Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ Улымбащ Аскэр хэкIуэдауэ хуагъэфэщащ «ЛIыхъужьыгъэм и орденри». Iэхъуэбэч Андзор а дамыгъэ ­лъапIэр щIалэм и адэм ири­тыжащ. Абы жиIащ: «Ди лъа­хэгъу, Хэкум папщIэ зи гъащIэр зыта щIалэм ди щхьэр худогъэщхъ. Абы и лIыгъэр, хахуа­гъэр, къикIуэт имыIэу Хэкум ­къулыкъу зэрыхуищIар дэ зы­щыд­гъэгъупщэнукъым. ЛIы­хъу­жьыгъэр уахътыншэщ».
Къэпсэлъам дыщIигъуащ лIы­гъэм и щапхъэу щIэблэр зыдэплъеипхъэр Улымбащ Ас­кэр хуэдэ щIалэхэр зэрыарар.

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:

Читать также: