Нэхъыжьхэр зи щапхъэКъытщIэхъуэ щIэблэм я гупсысэм зыщиужь, гъэсэныгъэ щагъуэт IуэхущIапIэщ школыр. Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж, и къэкIуэнум телэжьэ дэтхэнэ къэралым аращ курыт еджапIэм гулъытэ ин щIыхуищIыр. НыбжьыщIэхэм школым щрат щIэныгъэр пэжу, щызу, гурыIуэгъуэу икIи лъабжьэ быдэ иIэуи щытыпхъэщ. Апхуэдэ гупсысэхэр и гъуэгугъэлъагъуэу егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытщ Шорэн (Хьэкъун) Хьэлимэт Алихъан и пхъур. Ар илъэс 35-м щIигъуауэ щолажьэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан жылэм дэт курыт школым, адыгэбзэмрэ литературэмрэ щригъэджу. ЩIэныгъэм пщIэ щыхуащI Шорэнхэ Алихъанрэ Жанпагуэрэ я унагъуэшхуэм къыщыхъуащ Хьэлимэт. Заирэт, Iэминат, Аллэ, Хьэсэнбий, Хьэлимэтрэ ФатIимэтрэ (ахэр зэтIолъхуэныкъуэт) зэрыбынитхум я адэ Алихъан илъэс 35-кIэ школым щылэжьащ, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу. А IэнатIэм заулкIэ пэрытащ Жанпагуи. Адэ-анэм яхузэфIэкIащ я бынхэм ящыщ дэтхэнэми щIэныгъэфIрэ IэщIагъэ екIурэ ирагъэгъуэтын, нэхъыщхьэращи, лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу иратын. Зэшыпхъухэм ящыщу плIыр адэ-анэм я лъэужьым ирикIуащ, ахэр щапхъэ яхуэхъуу: егъэджакIуэ IэщIагъэм хуеджащ; щыр ноби а IэнатIэм пэрытщ, ехъулIэныгъэфIхэр яIэу. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Хьэлимэт еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэм. «Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ» IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта бзылъхугъэм I988 гъэм лэжьэн щыщIидзащ Аруан къуажэм дэт курыт школым. Абы лъандэрэ блэкIа зэман кIыхьым къриубыдэу зэи къэхъуакъым Хьэлимэт къыхиха IэщIагъэм щыхущIегъуэжа, зыпэрыува IэнатIэм щытезэша. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ хуиIэ лъагъуныгъэр инщ, къабзэщ. И нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэм а гурыщIэхэмкIэ ядэгуашэу, Хьэлимэт хущIокъу анэбзэм и IэфIагъыр, литературэ тхыгъэхэм я мыхьэнэ иныр абыхэм гурэ псэкIэ захригъэщIэну. Шорэным и дерсхэм я мурад нэхъыщхьэр хуэгъэпсащ адыгэхэм игъащIэми къыддекIуэкI лъэпкъ лъапIэныгъэхэу «хабзэ», «нэмыс» хуэдэхэм щIэблэр щIэпIыкIыным, ахэр и тегъэщIапIэу пэжырытхэм, екIуу псэлъэным, я Iуэху еплъыкIэхэр яубзыхурэ утыку ирахьэфыным хуэгъэсэным. Бгъэдэлъ апхуэдэ зэфIэкI лъагэхэращ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм Шорэн Хьэлимэт ФIыщIэ-гуапэ тхылъкIэ нэхъапIэIуэкIэ щIигъэпэжар. Технологие лъагэм, техникэ пэрытым тещIыхьа иджырей егъэджэныгъэ Iэмалхэр лэжьыгъэм къыщыгъэсэбэпыныр щIэблэм ядэлажьэхэм зэманым къапигъэтIылъ Iуэхугъуэу зэрыщытыр фIыуэ къызыгурыIуэ егъэджакIуэщ Хьэлимэт. Абы иригъэкIуэкI дерсхэм куэдрэ хеухуанэ апхуэдэ Iэмалхэр. Компьютерым и зэфIэкIхэр къигъэсэбэпурэ, егъэджакIуэм ныбжьыщIэхэм папщIэ зэхегъэувэ дерс гъэщIэгъуэнхэр, джэгу-зэпеуэр зи лъабжьэ лэжьыгъэхэр, ребусхэр, псалъэзэблэдзхэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, ахэр хуабжьу сэбэпышхуэщ сабийр предметым нэхъри дегъэхьэхынымкIэ, абы и зэхэщIыкIым, зэфIэкIхэм адэкIи зегъэужьынымкIэ. ШколакIуэхэм ядж предметхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр дерсхэм наIуэ къыщищIурэ, Хьэлимэт цIыкIухэм къагурегъаIуэ дунейм щекIуэкI къэхъукъащIэхэм я нэхъыбапIэр зыр адрейм епхауэ зэрекIуэкIыр. Апхуэдэщ, къапщтэмэ бзэм псалъэщIэ къызэрыхыхьэр, зэрыхэкIуэдыкIыжыр. Хьэлимэт зэрыжиIэмкIэ, бзэр зызыужьу, зызыхъуэжу зэрыщытыр наIуэ къохъу предметхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм сабийхэр щакIэлъыбгъэплъкIэ. Къапщтэмэ, ди лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр, гъащIэм игъуэт зыужьыныгъэр, цIыху зэхущытыкIэхэр ди бзэм къызэрыхэщыр, абы псалъэщIэхэмкIэ е псалъэ зэпхахэмкIэ къызэрыщыкIуэр яфIэхьэлэмэтщ абыхэм. Апхуэдэу абы Iуэхум хелъытэ иджырей щIэблэр ауэ дерс гъущэ къудейкIэ къызэрыпхудэмыхьэхынур. Абы къыхэкIыу лэжьыгъэм шэщIауэ къыщегъэсэбэп техникэм и IэмалыфIхэр, егъэджэныгъэм къыхыхьэ технологие пэрытхэр. Апхуэдэ Iэху бгъэдыхьэкIэфIхэр зэриIэр къалъытэри, егъэджакIуэхэр ябгъэдэлъ IэзагъымкIэ щызэпеуэ республикэпсо зэхыхьэм и щIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ Шорэн Хьэлимэт, «Егъэджэныгъэр къызэгъэпэщыным гупсысэщIэхэмрэ иджырей технологие Iэмалхэмрэ къызэрыщагъэсэбэпыр» унэтIыныгъэм зэрыщытекIуам щыхьэт техъуэу. Анэдэлъхубзэр, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ зылъагъу хэкупсэри и еджакIуэхэри апхуэдэу щIэх-щIэхыурэ хэтщ «Си бзэ – си псэ, си дуней» щIыналъэпсо фестиваль-зэпеуэми. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум и къэпщытакIуэ гупым зэриубзыхуам тету, Шорэныр абыи къыщалъытащ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэу икIи зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъыр къратащ, «Нало Заур и творчествэм теухуа классщIыб лэжьыгъэ нэхъыфI» унэтIыныгъэм ещанэ увыпIэр къызэрыщихьам папщIэ. ЕгъэджакIуэм и щIыхь тхылъхэм яхэлъщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, РАН-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и Къэбэрдей-Балъкъэр институтым къабгъэдэкIахэри. Аруан курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и пашэу щыту, Шорэн Хьэлимэт еджапIэм къыщызэрегъэпэщ икIи къызыхуэтыншэу щрегъэкIуэкI Адыгэбзэм и тхьэмахуэхэр, Бзэмрэ литературэмкIэ мазэ лэжьыгъэхэр. Апхуэдэу егъэджакIуэ жыджэрыр, абы и еджакIуэ цIыкIухэр дапщэщи хэтщ республикэм, районым къыщыхалъхьэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Зэкъым икIи тIэукъым Шорэным иригъаджэ ныбжьыщIэхэр бзэмкIэ зэпеуэхэм пашэ щыхъуахэм зэрыхалъытар. Илъэсищ зэкIэлъхьэужьым къриубыдэу Шорэным и гъэсэнхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ «Хэкурыдж», «Усэм гъэхуауэ къеджэн», «Литературэ викторинэ», «Нартхэм я фIыгъуэ» зэпеуэ унэтIыныгъэхэм. Куэд щIакъым Хьэлимэт игъэхьэзыра еджакIуэ цIыкIур «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм пашэ зэрыщыхъурэ. 2022 - 2023 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу къэралым къыщызэрагъэпэщ ШколакIуэхэм я урысейпсо олимпиадэми хэтащ Шорэным и нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэр. Абыхэм ящыщу тIур щытекIуащ щIыпIэ зэпеуэм. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэм хъарзынэу ехъулIэ бзылъхугъэм унагъуэ дахи и щIыбагъ къыдэтщ. Абырэ и щхьэгъусэ Алексейрэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, пщIэрэ нэмысрэ я зэхуаку дэлъу мэпсэу. Зэщхьэгъусэхэм бынитI къащIэхъуащ: Ислъамрэ Дианэрэ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ абыхэм, я лэжьыгъэ IэнатIэхэр тэмэму ирахьэкI, унагъуи хъужахэщ. Абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм ирогушхуэ, ирогуфIэ унагъуэм и нэхъыжьхэр. Апхуэдэу, лэжьыгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьэу, унагъуэкIи зэпэщу гъащIэ купщIафIэ ирехьэкI Шорэн Хьэлимэт. ЕгъэджакIуэ Iэзэм, унэтIакIуэ IэкIуэлъакIуэм, бзылъхугъэ щыпкъэм дохъуэхъу хьэлэлу зыпэрыт лэжьыгъэм и хъер куэд илъагъуну, и бынхэм я насып куэд хэплъэну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




