ГукъэкI щIагъуэ![]() ГуащIэдэкIым зэщIэкIуэ иIэкъым, жызыIа адыгэр псом япэ зэгупсысар, шэч хэмылъу, лъэужь дахэрэ Iэужь щхьэпэрэ къэзыгъэнам и фэеплъыр цIыхухэм IэщIэхуж зэрымыхъунырщ. Ди япэ итахэр тщымыгъупщэныр, я цIэр къиIуэныр ди хабзэм къищтэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм языхэзщ. ЦIыхуфIхэм я лэжьыгъэфIхэр щIэх-щIэхыурэ къыдоIэтыж, зи гугъу тщIым елъытауэ, абыхэм яхузэфIэкIам дроплъэж. Языныкъуэхэр щIэныгъэм гуащIафIэу хуэлэжьащ, нэгъуэщIхэри егъэджэныгъэм лъэрызехьэу хэтащ, ауэ къахэкIащ къэрал IэнатIэри къызыхуэтыншэу, акъылрэ зэпэшачэрэ хэлъу зезыхьахэри. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ. Къэрал къулыкъущIэ лъэрызехьэу щыта лIыщхьэм и фэеплъу зэхашэну Iуэхугъуэхэм ятеухуат иджыблагъэ Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм щекIуэкIа зэIущIэри.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 14:54 →
Щыгъуэ махуэр зэрекIуэкIынур
18.05.2026 - 11:34 →
Узэда мэскъалхэм я фIыгъэкIэ
18.05.2026 - 11:32 →
Ящымыгъупщэ къэхъукъащIэ шынагъуэхэр
18.05.2026 - 11:25 →
Тщымыгъупщэну унафэ щыIэщ!
17.05.2026 - 11:34 →
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
| ||





