ЩIэблэм яхуэгъэза лэжьыгъэфI

НыбжьыщIэхэр хэкупсэу гъэсэным, абы хуэгъэпса Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэкIуэкIыным теухуа лэжьыгъэ щхьэпэ куэд щызэфIах ди республикэм. А Iуэхухэм дапщэщи хэтщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэри. ЩIыпIэ хасэм и тхьэмадэщ нэхъыжьыфI, цIыху гумызагъэ икIи жэуаплыныгъэ зыхэлъ КъущхьэтIу Хьэутий. 
Хьэутий 1939 гъэм и мэлыжьыхь мазэм Старэ Шэрэдж къуажэм къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэм хиубыдащ. 
- Дэ тхуэдэхэр щэрэ минрэт а зэман хьэлъэм, ауэ, итIани, дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхэтщIащ, дгъэващ а зауаем къытхуихьа насыпыншагъэхэр, дызыхидза бэлыхьхэр, - и сабиигъуэм топсэлъыхьыж КъущхьэтIур. - Си къуэш нэхъыщIэ цIыкIумрэ сэрэ зауэм Iут ди адэм и хъыбархэм дыщIигъэдэIурт ди анэм. Ар ДыщэкIхэ япхъут, и цIэр Мэржант. Абы ди гур фIы тхуищIырт, ди адэр къэкIуэжрэ унагъуэр дрикъужмэ, псоми тIуэтэжыну, дытыншыжыну къыджиIэурэ.
ГъащIэм щаIэфыну фIы псори щIалэ цIыкIуитIым зрапхыу псэуа я адэр щIэх ялъагъуну Тхьэм иухатэкъым - ТекIуэныгъэр къыщахьа 1945 гъэм къахуэкIуэжакъым сабийхэр апхуэдизу зэжьа я адэр. Хьэутий зэрыжиIэжымкIэ, ар уIэгъэ хъури, гъэру яубыдахэм яхэхуати, зауэ нэужьым Таджикистаным ягъакIуэри, абы и шахтэхэм щылэжьащ 1957 гъэ пщIондэ.
Апхуэдэу гугъу ехьу, я адэри ящхьэщымыту къэтэджа быныр къэхъуащ я гур къабзэу, цIыхур, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу. АбыкIэ фIыщIэ ин бгъэдэлъащ щIалэ цIыкIухэм я анэ Мэржан. Хьэутий ноби игу илъщ анэм къажриIэу щыта псалъэхэр: «ЦIыху хуэдэ цIыхуу дунейм фытет. Фэ фыцIыхухъу цIыкIущ, фи напэ, нэмыс фхъумэу, фи псалъэ фытрагъуэтэжу фыпсэу». А псалъэхэр и гъуэгугъэлъагъуэу гъащIэр ирехьэкI Хьэутий.   Къуажэ курыт школыр къиуха нэужь, ар хуеджащ шофёр IэщIагъэм. ИужькIэ щIыхь пылъу дзэм къулыкъу щищIащ.
Дзэ къулыкъум илъэсищкIэ щыIауэ, КъущхьэтIум къигъэзэжащ щалъхуа щIыналъэм. Ар щылэжьащ транспортым епха IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм, зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм, хьэрычэтыщIэ Iуэхухэм хыхьэри, и мурадхэр зригъэхъулIэфу хьэлэлу ирихьэкIащ.
Хьэутий дапщэщи щытащ къызыхэкIа лъэпкъым зи гур хуэкъабзэ хэкупсэу. Лъэпкъ хасэхэр ди щIыналъэм къыщыщызэрагъэпэщу щыхуежьам, а жылагъуэ зэгухьэныгъэм япэу хыхьахэм ящыщщ ар.
- Нало Заур зи пашэу япэу къызэрагъэпэща лъэпкъ Хасэм сфIэфIу сыхыхьауэ щытащ. А лъэхъэнэм абы къиIэтауэ щыта Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэри сфIэигъуэт, жыджэруи дэсIыгъащ, - зэфIих жылагъуэ лэжьыгъэм топсэлъыхь Хьэутий. - Аруан щIыналъэм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу сыщыту, ноби слъэкI къэзгъанэркъым къытщIэхъуэ щIэблэр къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуащIу, щалъхуа щIыналъэр къалъытэу, псом ящхьэращи, я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъурэ ар псэр зыгъэхуабэ IэфIыгъэу, нэхугъэу къалъытэу гъэсэнымкIэ.
Лъэпкъ Iуэхум, щIэблэ гъэсэныгъэм хуэнабдзэгубдзаплъэ нэхъыжьыфIыр япыщIащ щIыпIэм щыIэ курыт школхэми сабий садхэми. Абы жыджэру деIыгъ егъэджэныгъэ IэнатIэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къыщыхалъхьэ жэрдэмхэр, езыри дапщэщи хэтщ а Iуэхугъуэхэм. Хьэутий зэрыжиIэмкIэ, зи пашэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм къыхилъхьэ жэрдэмыщIэхэр къыдиIыгъщ икIи ахэр къызэгъэпэщынымрэ къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIынымрэ сыт щыгъуи и нэIэ трагъэтщ район администрацэм и унафэщIхэм. 
Лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ гъэсэныр къэралым къыпэщылъ къалэн нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къелъытэ КъущхьэтIум. НэхъыжьыфIым фIыуэ къыгуроIуэ нобэ къытщIэтаджэ ныбжьыщIэхэм гупсысэкIэу, дуней еплъыкIэрэ Iуэху зехьэкIэу ябгъэдэтлъхьэ мардэхэм ди пщэдейр зэрыхъунур зэрелъытар. Хьэутий зэфIигъэкI жылагъуэ Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр нэрылъагъущ. Ар къалъытэу, абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылърэ дыщэ медалри 2009 гъэм къратащ нэхъыжьыфIым.

 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: