НыбжьыщIэхэм зыщIагъакъуэ«Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо цIыхубз зэгухьэныгъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыхилъхьащ «Сабийр школым хуэгъэхьэзыр» псапащIэ Iуэхур.
Гъэ къэс зэгухьэныгъэм и гуащIэ хелъхьэ бынунагъуэшхуэхэм щыщхэмрэ щытыкIэ гугъу ихуахэмрэ еджэгъуэм хуэгъэхьэзырыным. ХъыбарегъащIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ бэрэжьей къэс, IуэхущIапIэм епха псапащIэ фондым (Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрам, №17) сабий щыгъынхэмрэ школ хьэпшыпхэмрэ щызэхуахьэс и пэшыр зэIухауэ щытынущ.
- Республикэм щыпсэухэр къыхудоджэ гъэ еджэгъуэщIэм бынунагъуэшхуэхэм щыщхэр хуэдгъэхьэзырыным къыхыхьэну. Мы Iуэхур дэ илъэс къэс къызыдогъэпэщри, зэхуэтхьэс хьэпшыпхэр зэуапIэм пэгъунэгъу щIыналъэхэм я социальнэ IуэхущIапIэхэм щеджэ сабийхэм яхудогъэхь. Апхуэдэу нэгъабэ сабий 50-м яхуэдгъэхьэзырахэр Курск едгъэшащ, - жеIэ фондым и унафэщI Букинэ Еленэ. - Ахэр иратащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я бынхэм. Ди псапащIэ фондым и лэжьыгъэр гъэмахуэми зэпигъэуркъым: цIыхухэм кърахьэлIэ щыгъынхэм школакIуэхэм къахуэсэбэпыну хэлъхэр къахыдох. Ахэр псори шыщхьэуIум и кIэм ныбжьыщIэхэм яIэрыдгъэхьэнущ. Щхьэж и зэфIэкI мы Iуэхум къыхилъхьэмэ, шэч хэлъкъым сабий нэхъыбэ зэрытхуэгъэгушхэнум.
IуэхущIапIэм и куратор Малкаровэ Нелэ зэрыжиIэмкIэ, псапащIэ фондым и лэжьыгъэм цIыхухэр Налшык фIыуэ щыщыгъуазэщ икIи тхьэмахуэ къэс щыгъын куэд къыхуахь. Ахэр зэхадзри, нэхъыфI дыдэхэр сабийхэм хуагъэтIылъ. 2025 гъэр къызэрихьэрэ мы IуэхущIапIэм апхуэдэ псапэ Iуэхуу 16 къызэригъэпэщащ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 15:06 →
Щыуэпсымрэ цIыхумрэ
17.08.2026 - 13:00 →
Уадыгэу упсэуныр тыншкъым
16.08.2026 - 12:26 →
ПсэукIэ жыджэрым хуашэж
16.08.2026 - 11:18 →
Музейхэм ядоIэпыкъу
16.08.2026 - 09:30 →
ГъэщIэгъуэнщ икIи щхьэпэщ
| ||




