Налшык къызэрацIыхур

Къалэхэр, щIыналъэхэр зыр адрейм къащхьэщызыгъэкIыр, шэч хэмылъу, я щIыуэпсырщ, хъугъуэфIыгъуэхэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрыр псом япэу къызэрацIыхур и щхъуантIагъэрщ, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэрщ. 
Къэбэрдеипщым и цIэр зыфIащыжа зыгъэпсэхупIэр къалэдэсхэм я мызакъуэу, хьэщIэхэми я кIуапIэщ. КъэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуи I50-м щIигъу зит хадэм и лъэс лъагъуэхэм урикIуэху, гум зегъэпсэху: удз гъэгъахэр, гуэлхэр, гъуазджэм и IэрыкIхэр, шхапIэхэр, зыплъыхьыпIэ лъагэр - куэдкIэ цIэрыIуэщ Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ зыгъэпсэхупIэр. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы жыг хадэм и тхыдэр XIX лIэщIыгъуэм икухэм къыщыщIедзэ, Налшык дзэ быдапIэм жыг хадэ щыхасэну мурад щащIам. I865 гъэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр зэрыт мэзым и Iыхьэ пщы ХьэтIохъущокъуэм иратауэ щытащ. XX лIэщIыгъуэм ар зэIузэпэщ ящIат: лъэс лъагъуэхэр пхашат, удз гъэгъахэр ягъэтIысат. Жыг хадэ ихьэпIэ нэхъыщхьэр, нобэ тлъагъу колоннэ хужь лъагэхэр, дращIеят I930 гъэхэм, урыс, совет архитектор Веснин Виктор и проекткIэ.
Жыг хадэм мызэ-мытIэу и фIэщыгъэр яхъуэжащ: Къэбэрдей жыг хадэуи щытащ, Сталиным и цIэр зэрихьэуи къекIуэкIащ. 2007 гъэм зыгъэпсэхупIэм и цIэ дыдэр иратыжащ. 
Мэзым зэрыхэщIыхьарщ мы зыгъэпсэхупIэр нэхъ гъэщIэгъуэн зыщIыр, километр зэбгъузэнатIэу 2-м нэблагъэр нэхъ ину уэзыгъэлъагъур. Сыт и уасэ абы сыхьэтитI-щыкIэ къыщыпкIухьыныр, уи щхьэм зигъэпсэхуу, мурадыщIэхэр абдеж щыбухуэу?!  Лермонтовым и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэбдзэрэ лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм урикIуэмэ, кIапсэ гъуэгур зыщхьэщыкI гуэлым уIуощIэ, ухуейрэ - псым кхъуафэжьейкIэ тет! Къыхэдгъэщынщи, а лъэс лъагъуэр километр I,5-рэ мэхъу, пкIейхэр, бзиихухэр, щхъуэмчжыгхэр и Iуфэхэм Iутщ. Дыгъэ гуащIэм ущахъумэу, жыг щIагъхэр щIыIэтыIэщ,  я жьауэм зыщыбгъэпщкIу мэхъу,  дауи.  Апхуэдэ дыдэуи жьауапIэщ лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм къыбгъурыту дэкIуейри. 
Ар нэхъ кIыхьщ - километри 2,5-рэ мэхъу. Абы утету укIуэмэ, Курзалымрэ псынэпс къыщрагъахъуэмрэ уIуохьэ. 
Лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм и сэмэгурабгъумкIэ иIэ гъуэгур бгъурытщ псыежэхым, абыкIэщ ЗАГС-м и унэмрэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъымрэ здэщыIэр. Иджыри зы лъагъуэ дахэ иIэщ мы жыг хадэм - псей щхъуантIэхэр щагъэтIысарщ, Къэбэрдей уэрамым пэгъунэгъущ.
ЦIыху кIуапIэу Налшык къалэм иIэ мы щIыпIэ дахэр ди хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу жыпIэ хъунущ: абы узыIэпешэ, псэкIэ зыщыбогъэпсэху, ущогупсысэ. КъищынэмыщIауи, мыбдеж сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд гукъинэжу щокIуэкI, махуэшхуэхэм епхахэри яхэту. Сыт атIэ нобэ дигу къыщIэдгъэкIыжыр мы жыг хадэм и тхыдэр?! 
Нэхъ ипэкIэ жыг хадэм щIыпIэ хэха иIащ, цIыхухэр къыщыфэу, я нэгу зыщрагъэужьу. Иджыпсту ар иIэжкъыми, гу лъыботэ адыгэ джэгухэр, нэгъуэщI къафэхэмкIэ флешмобхэр жыг хадэ ихьэпIэм щащIу.  Абы гу лъатэри, щIыналъэ унафэщIхэр иужь ихьащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм къэфапIэ къыщызэрагъэпэщыжыну. КъБР-м и Правительстаэм и сайтым зэрыщатхымкIэ, абы елэжьынущ «Къалэхэр зэIузэпэщ щIын» программэм ипкъ иткIэ. ЦIыхухэр гуапэу зэхыхьэу, лъэпкъ щэнхабзэр къаIэтыжу зэхэтынымкIэ ар, дауи, сэбэп хъун Iуэхущ. Абдеж асфальт тралъхьэ, уэздыгъэхэр фIадзэнущ, тIысыпIэхэр ягъэувынущ (цIыху I3-I5-м нэс зэхэсыфын хуэдэу). Утыку ихьэпIэр ныкъуэхъурейуэ ящIынущ, экран и щIыбагъ къыдэту. Ари нобэрей зэманым декIу Iэмалщ, сыту жыпIэмэ абдеж фильмхэри щагъэлъэгъуэн мурадхэр яIэщ. А Iуэхухэм елэжьын щIадзащ, асфальтыр тралъхьагъэххэщ, уэздыгъэхэр ягъэувыным мы зэманым йолэжь. 
НэгъуэщI лэжьыгъэфIхэри щокIуэкI ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм – зыгъэпсэхупIэм ищхьэкIэ щыIэ Налшык зоопаркыр къызэрагъэщIэрэщIам гу лъызымыта къэна къыщIэкIынкъым. Мы гъэмахуэм джэду лIэужьыгъуэхэр щаIыгъхэр зыхуей хуагъэзащ, нэхъ хуитхэм ягъэIэпхъуащ. Апхуэдэуи метр зэбгъузэнатIэ 700 къызэщIэзыубыдэ щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ. Зоопаркым и унафэщIым и къуэдзэ ДыщэкI Мурат зэлэжьахэм я гугъу щищIым жиIащ хьэкIэкхъуэкIэхэр щIымахуэм зыщIэсынухэр жьыри хуабэри зэрыщIэтыпхъэм хуэдэу къызэрызэгъэпэщар, къыщIэкIмэ, жьауапIэу гуэщхэр зэрыхуащIар, зыгъэпскIыпIэхэр, пшахъуалъэхэр, уеблэмэ щхъуантIагъэхэр дэту зэрыщытыр. 
Зоопаркым и теплъэр зыхуэдэнум елэжьыр абы и унафэщIращ. Забаков Залым зэрыжиIэмкIэ, япэ илъэсхэм нэгъэсауэ и нэгу къыхущIэгъэхьатэкъым зоопаркым зэрызрагъэужьыфыну щIыкIэр, ауэ иджы Iуэхур кIуэтащи, щогугъ зы илъэсищ-плIыкIэ я мурадхэр и кIэм нагъэсыпэну. «Мыбы сыкъыщыкIуа япэ махуэ дыдэм гу лъыстат сабийхэм зоопаркым къащыщIихьэ мэр зыхамыщIэн щхьэкIэ я джанэхэр я пэм Iуалъхьэу. Дауи, ар гурыхьтэкъым. Дэ дыхуейщ ныбжьыщIэ цIыкIухэми балигъхэми зоопаркым нэфIэгуфIэу зыщаплъыхьыну, псэущхьэхэр зэрызрагъэлъагъум и мызакъуэу, зыщагъэпсэхуу, джэгуу, я гукъыдэжыр удз гъэгъа дахэхэм къаIэту гукъинэж ящыхъуну. А псом долэжь, - жеIэ IуэхущIапIэм и унафэщIым. - Псалъэм папщIэ, дыхущIэкъуащ дунейм и сыт хуэдэ пIалъэми цIыхухэр зэплъын къэкIыгъэхэр зэрыдгъэтIысыным. Хэтсащ пкIей плъыжь, къыпцIей, мыIэрысей, чыпцIэщхьэпэ (черёмуха), магнолие. Ди лъэс лъагъуэщIэм гуащэнабдзэ (розэ) лIэужьыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыдгъэтIысащ, Краснодар щIыналъэм, Польшэм къитшахэр яхэту. ЩхъуантIагъэхэм къищынэмыщIа, сабий джэгупIэхэри дгъэхьэзыращ, хъыринэхэмрэ къежэхыпIэхэмрэ мы гъэм мэкъуауэгъуэм и I-м къызэIутхащ».
ЖытIар къызэщIэткъуэжмэ, мы зыр къыхэдмыгъэщыжынри щыуагъэщ: 2000 гъэхэм и пэм ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр Урысейм парк щхъуантIэ нэхъыфI дыдэу къалъытауэ щытащ. Мыбы щыплъагъунущ дунейм и сыт хуэдэ щIы кIапи къраша къэкIыгъэхэр: япон хьэйуэ жыпIэми, амур мэжджытжыг хъуми, канадэм къраша бундукхэрами, пасэрей жыгыжьхэрами. БлэкIа лIэщIыгъуэм быдапIэ теплъэ иIэу яухуауэ щыта чэщанэм гуэлхэм, бгыхэм, зыгъэпсэхупIэхэм ухагъаплъэу, жыг хадэм ит тхылъ дэлъхьапIэм узыщрихьэлIэ къыдэкIыгъуэхэм уи къэухьыр хагъахъуэу, нэхъ щIыпIэ дахэ улъыхъуэн?!
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: