Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI КхъуэIуфэ Залинэ мы гъэм илъэс 25-рэ мэхъури анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмкIэ егъэджакIуэу щолажьэ Бахъсэн дэт курыт школ №4-м. И IэзагъымкIэ квалификацэ лъагэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэр жыджэру хэтщ къалэ, республикэ, щIыналъэ зэпеуэхэм, увыпIэфIхэри къыщехь. Залинэ хъуащ «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» (20I0, 20I9), «Илъэсым и класс унафэщI нэхъыфI» (20I5). Ар мызэ-мытIэу хэтащ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым, япэ увыпIэхэр къыщихьащ. ЕгъэджэныгъэмкIэ федеральнэ къэрал мардэхэм (ФГОС) къигъэув хабзэхэм тету абы адыгэбзэмкIэ ита дерсыр халъытащ ди щIыналъэм щыIэ методикэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэм.
«Щалъхуа Хэкумрэ къыдалъхуа бзэмрэ зыгъэнэхъапэу, абыхэм пщIэ яхуищIрэ ирипагэу псэу цIыхум зэхэщIыкI и лъэныкъуэкIэ фIыгъуэшхуэ бгъэдэлъу жыпIэ хъунущ. ЦIыхур цIыху зэрыхъур, зыгъэлъагэр икIи зэрыпагэр ахэращ: Хэкумрэ анэдэлъхубзэмрэ. Ди тхыдэм и хъумапIэ, гупсысэхэм я гъуджэ а лъапIэныгъэр мыгъэкIуэдыжыным, егъэфIэкIуэным хуэгъэпса хъуэпсапIэхэр адыгэ лъэпкъым тщыщу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми игу илъын хуейщ. Псом хуэдэжкъым абыкIэ егъэджакIуэхэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр.
IэнатIэм сызэрыпэрытрэ зэи къэхъуакъым си лэжьыгъэм сыщытезэша, къыхэсха IэщIагъэм сыщыхущIегъуэжа. Ноби си щIэщыгъуэщ лъэпкъыбзэр, литературэр щIэблэм егъэджыныр. Ди адыгэбзэм хуэдэу дахэ, шэрыуэ, уи гупсысэхэр щэщIауэ, нэсу къызэрыпIуэтэф яхэмытми ярейщ дунейм щызекIуэ бзэхэм. Урысыбзэри франджыбзэри зыщIэ сэ зэзгъэпщэну Iэмал сиIэщ а бзэхэм я къулеягъыр. Дауи, хэкупсэу сызэрыщытымрэ анэбзэм пэсщIын зэрыщымыIэмри хэлъщ Iуэхум, итIани, пэж дыдэу къызолъытэ адыгэбзэм нэхърэ нэхъ бзэ дахэ щымыIэу.
Жэуаплыныгъэ зыпылъ а IэнатIэм гурэ псэкIэ дызэрыпэрытыным дыхущIокъу дэ икIи фIыуэ къыдгуроIуэ сабийр хэкупсэу, и анэдэлъхубзэм пщIэ хуищIу, ар Iурылъу къэгъэтэджыныр лъэпкъ гъэсэныгъэкIэ дызэджэ унэтIыныгъэм и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Абы епхауэ къетхьэжьэ дэтхэнэ ди жэрдэмри къыддаIыгъщ школым и унафэщIхэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм. Дэри ди гъэсэнхэри сыт щыгъуи жыджэру дыхэтщ еджапIэм, щIыналъэм, республикэм бзэмкIэ къыщызэрагъэпэщ зэпеуэхэм. Ди еджакIуэхэм щIэныгъэ куу, зэфIэкI ин зэрабгъэдэлъым и щыхьэтщ апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм увыпIэфIхэр къызэрыщахьыр.
Иджырей мардэхэм тещIыхьауэ доухуэ ди дерсхэр. Дауи, мы зэманым тыншкъым анэдэлъхубзэр ебгъэджыну. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ ипэкIэ екIуэкIыу щыта къэрал къэпщытэныгъэхэр щыIэжкъым, ныбжьыщIэхэм я щхьэм нэхъыбэу илъыр ЕГЭ-хэр зэратыну къапэщылъ предметхэм зэрехъулIэнырщ. АтIэми сабийр къыпхудэхьэхынущ уэ ебгъэлъагъу щапхъэмкIэ, уэ ебгъэдж предметым хууиIэ щытыкIэращ сабийхэми абы хуащIыну гулъытэр - ар цIыкIуми инми зэлъытар егъэджакIуэращ. Апхуэдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийр зыщыщ унагъуэм илъ лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж нэхъыжьыр къыщIэхъуэ щIэблэм хамэбзэкIэ епсэлъэнукъым, къыдалъхуа бзэр къигъанэу.
Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, адэ-анэхэм иджыри къахокI «адыгэбзэм КъалэкIыхьым унимыхьэсыну» къэзылъытэхэр. Абыхэм я гупсысэкIэм тепщIыхьмэ, сабийри анэм имыгъасэми хъунущ – ирещIэ ар нэгъуэщI зыгуэрым. Бынымрэ анэмрэ нэрымылъагъу къуэпс куэдкIэ зэрызэпыщIам хуэдэ дыдэу, цIыхумрэ къыдалъхуа бзэмрэ зэгуэхыпIэ яIэкъым. КъалэкIыхьым адэкIэ щыIэ гъащIэм и гугъу пщIымэ, а адрыщIым нобэрей ди быну зэбгрыпхъар зэрыщызэрыIыгъыр а анэбзэращ, а лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэщ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэхуэхьэса, зэгъэпэща хъуа а фIыгъуэхэм ебакъуэ адэ-анэхэм я Iуэху еплъыкIэр зэи къызгурыIуэнукъым.
Апхуэдэу еджакIуэхэр тхылъ нэхъ мащIэу еджэ зэрыхъуами дегъэпIейтей. Гугъущ ныбжьыщIэр а Iуэхум епшэлIэну. Художественнэ литературэ еджэ цIыхум игури и псэри нэхъ къулей мэхъу, и бзэр нэхъ шэрыуэщ, езыр нэхъ Iущщ, хьэл-щэныфIэщ. Литературэм щIэблэр нэхъ пэгъунэгъу хуэтщIын папщIэ, дэ идогъэкIуэкI адыгэ IуэрыIуатэм теухуа зэпеуэхэр, литературэ викторинэхэр, конференцхэр, макъамэрэ усэу зэхэт теплъэгъуэхэр. Абыхэм еджакIуэхэр жыджэру хэтщ, щхьэж зэрылъэкIкIэ и щIэныгъэр, зэфIэкIыр къигъэлъагъуэу.
ЛитературэмкIэ иджырей тхылъхэм ихуащ ди зэхэтыкIэм тегъэпсыхьа, ныбжьыщIэхэр гъащIэм хуэзыгъэхьэзыр, гупсысэ куукIэ гъэнщIа, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ художественнэ тхыгъэ куэд. Ахэри сэбэпышхуэ мэхъу ныбжьыщIэхэм нэхъ иужьыIуэкIэ гъащIэм къащыхуэщхьэпэжын дерсхэр абыхэм къыхахынымкIэ. КъытщIэхъуэ щIэблэр тэмэму гупсысэфу, иджырей гъащIэм хэзагъэу, лъэпкъ напэр яхъумэу, цIыхухэм екIуу яхэтыфу егъэсэнымкIэ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ я зэфIэкIыр икъукIэ инщ. Ахэр шэщIауэ лэжьыгъэм къыщыдогъэсэбэп».
Анэдэлъхубзэр зыIурылъ щIэблэ лъэпкъым къытщIэувэнымкIэ апхуэдэ гупсысэфIхэр зыбгъэдэлъ КхъуэIуфэ Залинэ усэ тхынми и зэфIэкIхэр къыщегъэлъагъуэ. Абы и къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ «Адыгэ псалъэ», «Баксанский вестник», «Баксан», «Горянка» газетхэм. И лэжьыгъэфIым папщIэ къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм, Къэбэрдей, Дунейпсо Адыгэ Хасэхэм, КъБКъУ-м, ЕгъэджакIуэхэм я профсоюзым, нэгъуэщI IэнатIэхэми къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.