«Хабзэ» ансамблыр къыхожаныкI

 ЦIыхубэ къафэхэр гъэзэщIэнымкIэ щапхъэу къалъыта, Бахъсэн къалэм и «Хабзэ» сабий ансамблыр мызэ-мытIэу щытекIуащ урысейпсо зэпеуэхэм. Гупым и художественнэ унафэщIыр Джэшей Албэчщ.

   «Сэ сызэчиифIэщ» урысейпсо зэхьэзэхуэм и «ЦIыхубэ къафэ», «Къафэ творчествэ» Iыхьэхэм гупыр лауреат щыхъуащ, убых, абхъаз къафэхэр ефIэкIыу зэрагъэзэщIар къалъытэри. Артист ныбжьыщIэхэм къафэм къыдэкIуэу, утыкум щагъэлъагъуэ зыщыщ лъэпкъым и цIыхубэ фащэхэр, макъамэхэр, хабзэ, хьэл-щэн дахэхэр.

  - КъэфакIуэ ныбжьыщIэхэр къыддекIуэкI лъэпкъ хабзэхэм тету, цIыху пэжу, гуапэу, шыIэрэ укIытэрэ яхэлъу, зыхэтхэм зыдрагъэкIуу, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIу зыкъагъэлъэгъуэныр псом ящхьэщ. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, хабзэр бзэгупэкIэкъым зэрызэрахьэр, атIэ ар ягъэзащIэ, IуэхукIэ щIагъэбыдэжу, - жеIэ Албэч. - Лъэпкъ тхыдэм къыхэна цIыху цIэрыIуэхэм уригушхуэныр мащIэщ, абыхэм уахуэфащэу ущытын хуейщ. Си гъэсэнхэм утыкур ягъэбжьыфIэ къудей мыхъуу, Кавказ лъэпкъхэм ди деж щызекIуэ лъапIэныгъэхэм тету, зыр адрейм дэIэпыкъуу, я адэ-анэм пщIэ хуащIу къэхъуну сыхуейщ. Дэтхэнэ зы сабийри къафэм хуэбгъэсэфынущ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэбгъуэтурэ. Къафэм къыдэкIуэу, цIыкIухэр ди блэкIам, фэилъхьэгъуэхэм, макъамэм я тхыдэм щызогъэгъуазэ. 

 «Хабзэ» ансамблым япэу зыкъыщигъэлъэгъуащ Лазаревск щекIуэкIа «Кубанский казачок», «Алые паруса» урысейпсо зэпеуэхэм. А зэхьэзэхуэхэм гупым япэ увыпIэхэр къыщихьащ. Мы гъэм Москва щекIуэкIа зэпеуитIми ахэр хэтащ икIи унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм япэ увыпIиплIыр щызрагъэхъулIащ, саугъэт нэхъыщхьэхэр хыхьэу.

  Джэшей Албэч иджыпсту зи ныбжькIэ зэщхьэщыха гупищым (къафэм хуигъэхьэзыр, гуп нэхъыщIэ, гуп нэхъыжь) ядолажьэ. Адэ-анэхэм илъэсиплIым щыщIэдзауэ я бынхэр къафэм ират. Гуп нэхъыщIэм хэтхэр лъэпкъ къафэхэм хуегъасэ. Нэхъыжь цIыкIухэр зэпеуэхэм я зэфIэкI щоплъыж, ди республикэм щекIуэкI концертхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ я мызакъуэу, урысейпсо зэпеуэхэми зыкъыщагъэлъагъуэ, ехъулIэныгъэхэр яIэу.

 Гуп нэхъыжьым хэтхэр балигъыпIэ иувэу щызэрихъуэкIын хуей зэманыр къыщыблагъэкIэ, Албэч игу хощI. Артист ныбжьыщIэхэр ансамблым хэкIыжа нэужьи, я пIэм къиува цIыкIухэм я концертхэм макIуэ, я унафэщIым и ехъулIэныгъэхэм иригушхуэу, Iэгуауэ ин хуаIэт.

  Джэшей Албэч Налшык къалэм къыщалъхуащ. ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-м къафэмрэ уэрэд жыIэнымрэ зыщыхуигъэсащ, иужькIэ Сабий, ныбжьыщIэ творчествэхэмкIэ Уардэунэм къафэмкIэ и гупжьейм екIуалIэу щытащ. ЯпэщIыкIэ ДзыхьмыщI Къэралбий и деж зыщигъэсащ, итIанэ Гороев Жамболэт зи художественнэ унафэщI «Кавказ»  ансамблым хыхьащ.

  2019 гъэм Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №4-м къыщызэригъэпэщащ щIалэ, хъыджэбз 20 хъу «Хабзэ» ансамблыр. Гупым и зэфIэкIыр къалъытащ - «Къэбэрдей-Балъкъэрым щапхъэ зытрах и сабий ансамбль» щIыхьыцIэр къыхуагъэфэщащ. Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым Джэшейм иджыпсту щIалэгъуалэр щыхуегъасэ бэнэкIэм, фехтование спорт лIэужьыгъуэхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться: