Iуащхьэмахуэ сыIуплъэрти...

Адэжь лъапсэм къэзыгъэзэжахэм я махуэм гулъытэ хэха щыхуащI Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм. 

Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар Адыгэ Республикэм япэ дыдэу щагъэлъэпIар 1998 гъэращ. А илъэсырщ Косовэ къыщыхъея зауэм къыхашыжа адыгэхэм я япэ гупыр ди къуэшхэм я щIыналъэм къыщрашэжари, Мейкъуапэ километри 4-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэу, Махуэхьэблэ зы­фIа­ща къуажэ цIыкIур къэ­Iэп­хъуэжахэм папщIэ къыщызэрагъэпэщари. Ди республикэми а махуэм 2010 гъэм къыщыщIэ­дзауэ гулъытэ хэIэтыкIа щы­хуащI. 
Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс бжыгъэ ипэкIэ, ди лъэпкъэгъу куэд Сирием къикIыжу Урысейм къэIэпхъуэжауэ щытащ. Абы­хэм ящыщу цIыху 600-м нэб­лагъэм Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым къагъэзэжащ.
Мыри къыхэдгъэщынут. Унагъуэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ зыдагъэтIысхьэжа къуажэхэм дэс­хэм я Iуэхур зэрынэхъыфIым   гу лъыттащ. КъызыхэкIри гуры­Iуэгъуэщ. Ахэр а къуажэхэм ­дэ­зэшыхьынымкIэ, я щхьэ закъуэу зыкъыщалъытэжынымкIэ Iэмал ямыIэм хуэдэщ. Сыту жытIэмэ, нэхъ щызэрощIэ, щы­зэкIэлъокIуэ, щызэроIыгъ.
Дапхуэдэу мыхъуами, ди гур щIэдгъэфIыр аращи, къэIэп­хъуэжу щIыпIэ зэмылIэужьы­гъуэхэм ирагъэтIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр хухаха лъапсэхэм зрагъэзэгъэ­жауэ, я гур щагъэтIылъауэ ап­хуэ­дэщ. ЩыIэщ нэхъ гушхуауэ псэухэри…
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэ­кIуэ­жахэм къахэкIыу нэхъыбэ дыдэ зыдэтIысхьэжа жылэхэм ящыщщ Бахъсэн щIыналъэм хы­хьэ Крем-Константиновкэ къуа­жэр. Абы мы зэманым дэсщ Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ унагъуэ 15. 
А жылэм дыщынэсым, Си­рием къикIыжахэм ящыщ нэхъыжьыфI СтIащ Сабри и унэм, псом япэрауэ, дыIухьащ. ФIэхъус гуапэхэр къыдихыурэ, абы пщIантIэм дыдишащ, тIэкIу зыкъыщыдигъэплъыхьа нэужьи, унэм дыщIишащ. 
Абдежым дызэгупсысаращ: лъэпкъыр зэрызэкъуэтыр фIыгъуэшхуэщ. Тыркум, Сирием, Иорданием къикIыжауэ къытхэзэгъэжахэр куэд дыдэ мы­хъуми, Хэкужьыр псом япэ изыгъэщ къызэрытхыхьэжар ди гуа­пэщ.
- Сирием иужьрей зауэм щы­щIи­мыдзэ ипэ, Хэкум къэдгъэ­зэжа зэрыхъунум куэд щIауэ де­гупсысырт, къригъэжьащ абы. - Унагъуи 125-м къэ­кIуэжын Iуэхум зытедгъэп­сы­хьакIэт. Дыщысабийм къы­щы­щIэддзауэ, нэгъуэщIхэм дримыгуфIэу, дримыпсалъэу, «сытым щыгъуэ Хэкум щы­дгъэзэжынур?» жытIэрт. Уеб­лэ­мэ, ныбжьэгъу 20-м нэблагъэр тхьэмахуэ къэси дызэхэсрэ       Iуащхьэмахуэ и уэрэдыр, «Я      нэхъ лъагэу Iуащхьэмахуэ,       щIэгъэкъуэни ар хуэмей…» псалъэхэр зыхэтыр, зэдыжытIэу дызэдекIуэкIырт. 
Иджы, си фIэщ мыхъум хуэдэщ ди Iуэхур, апхуэдизу шы­кур худощIри Тхьэшхуэм. Сирием сыщыщыIэм, «зэ нэхъ мыхъуми Хэкур сымылъагъуу сылIэжыну пIэрэ?» жысIэрт. Адэжь щIыналъэм къыздэдгъэзэжам, япэ зэманхэм махуэ къэси пкIэлъейм сыдэкIуейрт, Iуащхьэмахуэ сыIуплъэрти, сыт­хъэжу къысщыхъуу, жьы IэфIыр къэсшарэ сыгуфIэжу сыкъехыжырт. 
- Сабри, щIыпIэ зыбжанэм къы­­щызэрагъэпэща зэхуэс­хэм сыщыныпхуэзати, сигу ирихьащ абыхэм укъы­зэ­ры­щыпсалъэ щIыкIэр, узэрыт утыкури зэрыбгъэбжьыфIэр. 
- Упсэу, Аслъэн, си гуапэ къэп­щIащ. Сэ куэд щIауэ уси сотх хьэрыпыбзэкIи адыгэбзэкIи… 
Абдежым, ди псалъэр здынэсам, СтIащым и унэгуащэр унэм къихьэри, дызыбгъэдэс Iэнэм пхъэщхьэмыщхьэ къыт­ригъэуващ, елIэлIапэу щызэригъэзахуэурэ. «Мыхэр ди хадэм къикIа мыIэрысэщ, шэфталщ» жиIащ Сабри, и унэгуащэм фIыщIэ щыхуэтщIым. 
- Аращи, - пещэ адэкIэ и псалъэм Сабри, - фызыщыгъуазэ зауэр къемыжьэ ипэкIи адыгагъэм куэдрэ яужь дитащ. Игъуэ къэмысу дунейм ехыжа Къэ-жэр Альберти Адыгэ Респуб­ликэм а зэманым щэнхабзэмкIэ и министру лэжьа Жэмыфэ Гъазии Хэкум къэдгъэзэ­жы­нымкIэ къыт­­хуащIэфынум теу­хуауэ куэдрэ къы­дэп­сэ­лъы­лIэрт, къыдэупщIырт, «И щып­къапIэкIэ Хэкужьым къэгъэ­зэ­жыным фыхуэхьэзыр? - жаIэу. - Апхуэдэу щытмэ, фыкъакIуи фи хъыбар къытхуэфхь». 
Арати, нэрыбгищыр (сэ, По­нэжхэрэ Дыгъужьхэрэ я щIалэхэр) гъуэгу дыкъытехьащ. Сирием щыпсэу адыгэхэм я цIэ­кIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым дыкъихьат. Иужьым, Черкесски дыкIуащ. А щIыналъэм и Правительствэм и УнафэщIым дыхуэзащ. 
- А псом ипэкIи, нэгъуэщI адыгэ гуп Сирием къикIыжу Хэкужьым къызэрагъэзэжам фыщыгъуазэтэкъэ? 
- Дауи! Абыхэм си благъи, си нэIуаси яхэтащ. Псалъэм папщIэ, ЖыркIагуэ Хьисэ, Уджыхъу Абдул-Хьэзиз, Къумыкъу Мамдухь, Батокъуэ Нияз, Ды­гъужь ФуIэд сымэ, нэгъуэщI­хэри. 
- Сабри, Крем-Константинов­кэ къыдагъэтIысхьэжауэ щы­та псори мы зэманми фыдэс?
- Сирием къиIэпхъукIыжахэм ящы­щу унагъуэ 19-м мы жы-лэм лъапсэхэр щыдиIэщ. 15-р дыдэсщ, адрей унагъуэхэм ярысхэр Налшык фэтэрхэр къыщащтауэ абы щолажьэ, жэщ къэс къызэры­мыкIуэ­жы­фым къыхэкIыу. ЖыпIэнур ­арамэ, къэзыгъэзэжахэм Урысейм лэжьапIэ къыщагъуэтыфу щытамэ, нэгъуэщI къэралхэмкIэ еп­лъэ­кIыни, кIуэжын Iуэху зезыхуэни къахэкIынутэкъым. Апхуэдэу щIэхъум и зы щхьэу­сыгъуэщ урысыбзэр тэмэму зэрамыщIэри. 
- Зэрыщыта дыдэм къыте­мы­нэу, зэхъуэкIыныгъэфI гуэрхэри щыIэнымкIэ гугъэ диIэщ, Сабри. 
- Тхьэм и фIыщIэкIэ, уна­гъуэм хадэшхуэ, гектар ныкъуэ хуэдиз хъууэ, диIэщи, абы долэжьыхь. Къитхыр дошх, къыдэхуэмкIэ догуашэ. Нышэдибэ сыхьэти 4-м сыхыхьэри, сыхьэти 9 хъуху сыхэтащ. Ап­хуэдэхэм деж тIэкIу зызогъэп­сэхури, сохьэж. Армэм дызэ­рыхэт лъандэрэ десауэ, абы дытетщ.
- Адыгэхэм ящыщу Сирием и дзэм хэтахэр фыщы­зэры­цIы­­хурэт абдежым? 
- И нэхъыбэр. 
- Сирием ущыщыIэм, къэбэрдей псэлъэкIэми ущыгъуазэу къы­щIэкIынт?
- АбыкIэ къэбэрдеи, бжьэ­ды­гъуи, шапсыгъи, абазэхи, беслъэнеи - псори зы хьэблэу дызэхэст. ПсэлъэкIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм хэт макъхэр щы­зэ­хэпхкIэ, уесэжынкъэ? 
- Кавказым къина къэбэрдейхэри кIахэхэри дызэхэсатэмэ, сыт хуэдэ псэлъэкIэу пIэрэт ды­зыхуэкIуэнур, уэ къызэрып­лъ­ы­тэмкIэ?
- Ар дэгъуэт, сызэреплъымкIэ. Бзэм нэхъ дыхуэкъулейуэ щытынут. Сэ, псалъэм пап- щIэ, Хэкужьым сыкъызэрихьэжрэ анэдэлъхубзэм щыщу зэи зэхэзмыха псалъэ куэд щызэзгъэщIащ. Бжьэдыгъухэми яIэщ Къэбэрдейм къыщамыгъэсэбэп псалъэхэр. 
- КъызэрызгурыIуэмкIэ, мобы я псэлъэкIэм щыщу дэ тщыгъупщэжауэ е къэунэхуа­гъащIэми щIэщыгъуэрэ щхьэ­пэу, дызыхуэныкъуэ гуэрхэр дэри къытхуэщтэжынут. ИтIани, апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэман зыбжанэ дэкIа иужькIэ, зы бзэм дыхуэкIуэжынкIи хъунт. 
- Пэжщ, сэри аращ сызэреплъыр, Аслъэн. Зэманыр екIуэ­кIыурэ, псалъэхэм ящыщу нэхъ екIур къэнэнут, къащтэнут.
- А зи гугъу тщIым и щыхьэту къызолъытэ фи зэхэтыкIэ, зэ­дэпсэлъэкIэр зыхуэдэри. Уэ езыр убжьэдыгъу?
- Кавказ зауэм и кIэхэм убых­хэр щызэбграхум, ящыщ гуэрхэри бжьэдыгъухэм яхэтIысхьэжат. Ди нэхъыжьхэм къызэрыджаIэжу щытамкIэ, дэ, СтIащ­хэ, абыхэм дащыщщ. Ди унагъуэцIэр, ипэжыпIэкIэ, къы­зэрапсэлъу щытар ПстIащщ. КъикIыр, къызэрызгурагъэ­IуамкIэ, «псы (нарзан) къы­щIэ­жыпIэм Iуса ТIащхэ, нэгъуэщIу къэдгъэлъагъуэмэ, «Псы ТIащ­хэ» жыхуиIэщ. Си адэм и а­дэр, илъэс 12 фIэкIа имыныбжьу, Сирием къыщыхутауэ ­щытащ. Абы и адэм зэхригъэхар ди адэм къыжриIэжат. Зэрыщытар аращи, Кавказым здисым, ди жылэр здэщыIам деж псы куэду къыщыщIэжырт. «Моуэ къы­зэрыбгъазэу, абдежым щхьэл тетащ» жиIэжырт ди адэм. Си щхьэкIэ, Хэкум къэзгъэзэжа иужь, КIахэмкIэ щыIэ а щIыпIэм сыкIуати, къуа­жэр згъуэтыжакъым, зэрагъэсэхыжам къыхэ­кIыу...
Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ. 

Поделиться:

Читать также: