Ди унэжь пхъэжь мафIэЗи Хэку лъэщыгъэкIэ зрагъэбгынауэ щыта ди лъэпкъэгъухэм я псэр мыбыкIэ къоIэ, дыкъэкIуэжащэрэт жаIэу. ХьэщIэу Хэкужьым къакIуэри мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, лъэпкъым и щыгъуэ-щIэж, фащэм, ныпым я махуэ лъапIэхэм иращIэкI дауэдапщэхэм хэтын мурад иIэу, и Iуэху иригъэкIуэтэкIыу къыщыкIуэж щыIэщ Тыркум и Анталье къалэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу Безыр Зэбит. - Жэщи махуи си гупсысапIэщ Хэкужьым сыкъызэрыкIуэжа хъуну щIыкIэр. Сыжеямэ, си пщIыхьым хэтщ, сыкъэушмэ - сигури си псэри зыщIэкъу щIыпIэм сызэрыпэIэщIэм къыхэкIыу гукъыдэжышхуэ симыIэу, жэщ согъэхъу. «Ди унэжь пхъэжь мафIэ» жыхуиIэращи, си нэр къызыхуикI лъахэм нэхъ лъапIэ дунеишхуэм тету къысщыхъуркъым. «ИкIутар из хъужыркъым» жыхуиIэм хуэдэщ иджыкIэ ди Iуэхур, - жеIэ Зэбит.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




