ЯтIэпсыр аргуэру къащIоуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек наб­дзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ икIи езым и унафэ щхьэхуэм щIигъэтщ Тырныауз ­къалэм аргуэру къыщIэуа ятIэпсым ­къри­кIуа щытыкIэ гугъур. КъэхъукъащIэр зэрагъэзэкIуэжым телефонкIэ къы­щIэуп­щIащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий. 

Бадзэуэгъуэм и 31-м уэшх къешха нэужь, Тырныауз пэгъунэгъу къуршхэм къежэха ятIэп­сыр щIэрыщIэу къалэм къыдэлъэдащ. Щы­тыкIэр зи нэIэ щIэт МЧС-м занщIэу хъыбар­егъащIэ зэбгритыкIащ «Герхожан» районым и машинэ гъуэгухэм ущызекIуэ зэрымыхъунум теухуауэ икIи цIыхухэр я унэхэм къыщIэмыкIыну къыхураджащ. ЯтIэпсыр нэхъыбэж хъууэ, хуагъэхьэзыра жапIэхэр щызэтрикъутэм, МЧС-мрэ район администрацэмрэ къэхъукъащIэр зыхиубыдэ Молодежнэ уэрамдэкIым тет унэ зыбжанэм щIэс цIыхухэр ягъэIэпхъуэну мурад ящIащ, гъуэзри, псыри, гъэсыныпхъэхэри зэрызекIуэхэр бгъэлажьэ зэрымы­хъунум къыхэкIыу. 
ЩытыкIэм IейкIэ зэрызихъуэжу, абы ирахьэлIэ лэжьыгъэ псори занщIэу и нэIэм щIигъэуващ республикэм и Iэтащхьэм икIи лэжьыгъэ IуэхукIэ здэщыIэ командировкэм икIэ­щIыпIэкIэ къикIыжащ. Асыхьэтми и телеграм-каналым цIыхухэм защыхуигъэзащ, ятIэпсыр къыщех щIыпIэм щыIэ псоми абы пэIэщIэ защIыну къыхуриджэу. Ар зыхуэзар «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм и Iэгъуэблагъэрщ. 
ШыщхьэуIум и 1-м КIуэкIуэ Казбек Тыр­ныауз къипсэлъыкIыу, жиIащ: «Псом нэхърэ нэхъапэр цIыхухэр шына­гъуэм пэIэщIэ тщIынрати, абы и ужь дитщ. ЗыгуэркIэ ятIэпсыр аргуэру къехмэ, зэран зы­хуэхъункIи хъуну унэхэм щыпсэухэр догъэIэпхъуэ. Ерыскъым теухуауэ щыщIэныгъэ диIэкъым, етхьэлIэн къарухэми дрокъу. Гъэкъэбзэн, зэтегъэувэжын Iуэхухэм       я гугъу тщIымэ, абы­хэм яужь дитщ. ЯтIэпсыр зыубыд ирижапIэр нэхъ быдэу, лъагэу зэрыдухуэжыным делэ­жьыну ди мурадщ. Пщэдджыжьым сыхьэти 6-м щегъэжьауэ, ищхьэм къытена туристхэр автобус 20-м ису къыдошэх. Унафэ зыIэщэлъ псори щхьэж и къалэным пэрытщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дунейр иджыри къызэIыхьэнкIи хъунущи, дыхуэсакъын, дыхуэхьэзырын ­хуейщ, аращи, цIыхухэр догъэIэпхъуэ». 
КIуэкIуэ Казбек Чайкэ Юрий щытыкIэм телефонкIэ щыгъуазэ ищIащ. ЯтIэпсыр зэран зыхуэхъункIи хъуну унэхэм щIэсхэр къызэ­ры­щIагъэIэпхъукIар, Iэгъуэблагъэм ит къуа­жэхэм пIалъэкIэ щыпсэу хъуну екIуэлIапIэхэр къызэрыщызэIуахар, Iуащхьэмахуэ лъапэ къи­кIыжыну хуей туристхэр автобускIэ къызэ­ры­рашэхыжыр жриIащ. 
Полномочнэ лIыкIуэм и аппаратымрэ республикэм и унафэщIхэмрэ щытыкIэм гулъы­тэшхуэ зэрыхуащIыр нэрылъагъущ. ­КъБР-р иджыпстукIэ зыри хуэмыныкъуэу щытыкIэм полъэщ. Чайкэ Юрий къыхи­гъэ­щащ, хуей ­хъумэ, къэралыр зыдагъэIэпыкъу зэрыхъунур. 

Поделиться:

Читать также: