Къытхыхьэжыну хущIэкъуащ сыт хуэдэ лъэхъэнэми

Кавказ зауэм и Iэужьу хэкур зрагъэбгына, хамэщI къыщыхута адыгэхэм я нэгу щIэкIар зыхуэдэр, хуэгъэфэщауэ тщIэ мыхъумэ, ипэжыпIэ дыдэр ди нэгу къытхущIэмыгъэхьэну хьэлъэт. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, Тыркум зэрынэсу, асыхьэту зыкъагъазэу зыхэкIа мафIэм къыхыхьэжыну хьэзырт ахэр, апхуэдизкIэ хьэ­лъэт зыхэхуа гъащIэри. Дауи! Мыбдеж я хэку зэрыщIэбэныр ящIэу, дэнэкIэ ягъазэми - ягъуэт къуэгъэнапIэр я унэу щытамэ, мор хамэ щIыпIэт, цIыхухэри, бзэри, хабзэри мыцIыхут, къыхуа­гъэлъэгъуа псори пцIыт, пщIэи, нэмыси, цIэи, щхьэи щаIэжтэкъым. 

Инджылыз посольствэм Константинополь щиIэ секретарыр ­Кавказым ираша гупым къахэплъэри, итхыгъащ ахэр цIыху 1400-рэ зэрыхъур. Мазищ дэкIауэ, хэхэсхэм я бжыгъэр къипщытэну къы­щытригъэзам, адыгэхэр цIыху 211-рэ хъужу арат. «Жыг жьауэм щIэс мыхъумэ, нэгъуэщI здэкIуэн яIэкъым, а жыгым къыпач Iэрысэр мыхъумэ, яшхыни яIэкъым», - итхыжащ инджылызым. «Макъ» га­зетым и 230-нэ къыдэкIыгъуэу 1879 гъэм традзам зэритамкIэ, адыгэхэр Iэмалыншагъэм ирихулIауэ, я бынхэр щхьэхуимыт бэзэрым щащэрт, хэти дыгъуэгъуакIуэу ежьэжат. 
Дауи, щIымахуэ уаеу хым зэпрашахэм къыхуагъэлъэгъуа псэукIэр щамыгъуэтым, махуэ къэс цIыху 300 - 500 щахэлIыкIкIэ, сытыт къахуэнэжыр?! Я бынхэр псэууэ къагъэнэн щхьэкIэт щIыкIэрачыр. Тыркухэм адыгэхэр зэрагъэхамэр, жагъуэу къазэрыхущытыр, я щIы­уэпсым зэремысэр, дунейм и щытыкIэр къазэрытехьэлъэр абы хэгъэхьэжи, пхурикъунтэкъэ уи щхьэр щIэпхьэнущ! 
А лъэхъэнэм хэпсэукIа тхыдэтххэм наIуэ къызэращIыжамкIэ, Тыркум къыщыхута адыгэхэр сытым дежи хуеящ я хэкум къагъэзэжыну. 
Псом нэхърэ нэхъ гуащIэу а хъуэпсапIэр ди лъэпкъэгъухэм къайфыкI щыхъуар 1880 гъэхэм тырку правительствэм унафэщIэхэр ­къыхилъхьа нэужьщ. НэхъапэIуэкIэ, хэгъэрейхэм зэрыжаIамкIэ, адыгэхэр здагъэIэпхъуа щIыпIэхэм есэху, зыхуэныкъуэ псомкIи къы­зэпэщыху налог тын къыпаубыдынутэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, илъэси 10-кIэ щхьэщахат а хьэлъэр. Ауэ, къулыкъущIэхэр хущIегъуэжри, ахъшэ ятын хуейуэ къыщIидзыжат. Адыгэхэм я закъуэ мыхъуу, Кавказым ираша адрей лъэпкъхэри апхуэдэ IэнатIэ хьэлъэ Iуагъэуват. Лъэпкъым къылъыса гузэвэгъуэр нэхъ хьэлъэж ищIырт адыгэхэр зэкIэщIэс мыхъуу, Тыркум щIы мыхъумыщIэу, гъавэр щымыбагъуэу иIэхэм, уэгъур нэхъ зыхуэлъэ щIыпIэхэм зэрыщызэбградзам. 
1904 гъэм Тырку правительствэм къыхилъхьащ адыгэу а къэралыгъуэм щыпсэум я бжыгъэр къахутэу, абыхэм ятещIыхьауэ къыхэхын хуей ахъшэр къыIэщIагъэкIыну. Апхуэдэу щыхъум, ди лъэпкъэ­гъухэм зыкъаIэтри, тыркур ягъэтхытхащ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, ахъшэ ятын щхьэкIэ ар къызэралэжьын Iэмалрэ щIы тэмэмрэ хуэныкъуэт, икIи ткIийуэ абы тепсэлъыхьын щыщIадзэм, унафэщIхэр Урысейм Тыркум щиIэ консульствэм кIуэри лъэIуащ «адыгэ жыIэмыдаIуэхэр» Кавказым яшэжыну. КъэралыгъуитIым зэращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэмкIэ ар Iэмал зимыIэти, урысхэм ядакъым. Тыркум а къэукъубея Iуэхур зыгуэру зэхимыгъэкIыу хъунутэкъыми, зи тетыгъуэ пэщэ Хос­ровыр адыгэхэм закъыхуигъазэри къэлъэIуащ зауэ къамыгъэхъеину, иджыри тIэкIу зыхуагъэшэчыжу, щIыпIэ нэхъыфI гуэрым ягъэIэпхъуэху пэплъэну.

Тхыдэтххэр щыхьэт зэрыте­хъуэмкIэ, хэкум ираша адыгэ­хэм къагъэзэжыну хуит къащIыну иджыри илъэс куэдрэ щIэлъэIуащ. Урысейм и лIы­кIуэу Тыркум щыIэр тхыгъэ мин бжыгъэхэмкIэ щIагъэнат абы­хэм. «Тыркумрэ Урысеймрэ зэ­ращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэмкIэ, адыгэхэм щIы хъар­зынэ кърату, налог тыныр илъэси 10-кIэ щхьэщахыу ягъэпсэун хуеящ. Ауэ, Тыркум и псалъэр иIыгъыжакъым. АбыкIэ мыарэ­зыхэм я бжыгъэм махуэ къэс къыхохъуэ, хэкум ягъэзэжыну мэныкъуакъуэ. Уеблэмэ Урысейм щыщ хъунуи, чыристан диныр къащтэнуи арэзыщ», - итщ Урысейм и лIыкIуэу Трапезунд щыIа Мошниным и тхыгъэм. 
1872 гъэм ирихьэлIэу хэкум къагъэзэжыну лъаIуэу тхахэм я бжыгъэр 8500-рэ хъурт. Абыхэм я лъэIур Урысейм и пащтыхь Александр ЕтIуанэм деж къыщагъэсым, жэуапу итам ди лъэпкъэгъухэм я гур ирикъу­тыхьыпащ: «Бгырысхэм къагъэзэжынкIэ Iэмал иIэкъым. А псалъэмакъыр къевмыхьэ­жьэххэ!». 
Ауэ щыхъум, адыгэ хъыжьэ­хэм зыкъаIэтащ. Тырку уна­фэщI­хэм ахэр псалъэкIэ къащыхуэмыгъэдаIуэм, сулътIа­ным и дзэр къигъэувауэ щытащ, Iэщэрэ топкIэ зэ­щIэу­зэдауэ. Абы щхьэкIи къызэ­темыувыIэу къежьэжа унагъуэ 400-р зрикIуэну гъуэгухэмрэ лъэмыжхэмрэ хьэбэсабэр къыхрагъэхауэ жаIэ, Тыркум кърамыгъэкIын папщIэ. Дауэ ящIами, яхуэубыдакъым адыгэхэр – 1914 гъэ пщIондэ, зырыз-тIурытIми, унагъуэ псоми, Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ хэкум къэзыгъэзэжахэри мащIэкъым. Ахэр кхъуафэжьей къы­зэрыгуэкIкIэ хым къызэпры­сыкIырт, бгы защIэкIэ лъэсу къэкIуэжырт. Урысей генералхэм зэратхыжамкIэ, гъэмахуэ къэс адыгэхэр мин бжыгъэкIэрэ къэкIуэжырт. Апхуэдэу, 1891 гъэм Кубань, Тэрч областым адыгэу ираша 10045-м щыщу 7149-м къагъэзэжауэ щытащ илъэс нэхъ дэмыкIыу. 
Абы лъандэрэ зэманышхуэ дэкIыжащ. Дауэ хъуами, хэкум адыгэу ирашар къинам нэхърэ нэхъыбэу къыщIэкIри, къэрал щIыбым ди лъэпкъэгъуу щы­псэур мелуан бжыгъэкIэ къыщабж лъэхъэнэм дыкъэсащ. Арами, адэшхуэм и къуэ­рылъху-пхъурылъхухэм яхуиIуэ­тэжурэ, нобэм къахьэсащ лъэпкъым къытехьа леишхуэм и гукъэкIыж бжыгъэншэхэр. Абыхэм ящыщщ Тыркум щы­псэу НэтIабжьэ Жанхъуэт и адыгэ унэцIэр зыгъэкIуэдыжа тырку цIэ лейм къызэрытенам и хъыбарыр. 
- Ди лъэпкъым нэпкъпэпкъ зэхэлъыкIэ гъэщIэгъуэн иIэт – щIалэхэм натIэ къупщхьэмрэ нэпкъымрэ моуэ нэхъ къыте­IэтыкIауэ щыту. Абы папщIэ ижь-ижьыж зэман лъандэрэ, Беслъэнейм дыщыщыпсэуам, НэтIабжьэ унэцIэр зетхьэу дыкъэгъуэгурыкIуат. Адыгэхэр хэкум щраша лъэхъэнэм си адэшхуэ Ибрэхьим Тыркум къы­щыхутащ. АтIэ, зыхэхуа псэукIэр, щэнхабзэр, щIыуэ­псыр игу хутемыгъахуэу, Хэкум зыгъэзэжыну ныкъуакъуэхэм пэрыту яхэтащ си адэшхуэри, си адэри. Уи быным адыгэцIэ фIэпщыну ухуимыту, адыгэ лIакъуэцIэр къипIуэу къыпхуа­мыдэу, адыгэбзэ зэрагъэIу къудейм Iэл фIыцIэу унафэщIхэр къызэщIигъанэу… Шынагъуэт. Си адэ Рызэ Тыркум къыщалъ­хуащ, ар хъыжьэт, ткIийт, тыркухэм къыхуащI унафэм щIэтын имыдэу зауэ-банэ куэд къиIэ­тырти, Деврим къыфIащауэ щытащ, жыIэмыдаIуэ (революционер) кърагъэкIыу. Яубыду лъэхъуэщым щрадзами, НэтIабжьэ мыхъуу Девримыр и унэ­цIэущ зэратхар. Абы лъандэрэ зыдохьэ хамэм къытфIища унагъуэцIэр, - жеIэ Жанхъуэт.
Археологием тепщIыхьмэ, адыгэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ илъэс мини 6-м щIигъу я ныбжьщ. ДиIа къэралыгъуэми, зетхьа хьэмтетыгъуэми, къы­зэднэкIа тхыдэшхуэми щыхьэт техъуэ куэд щIэныгъэм къетIэщIыж хуэм-хуэмурэ. Ауэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым зы Iуэхугъуэ – адыгэр нобэм дыкъэсащ, дыкъызэригъэщIауэ зытхъумэжауэ: ди бзэр тщIэжу, хабзэм дытету, щэнхабзэр тхъумауэ! Абы щыгъуэми, иужьыIуэкIэ къэунэ­хуурэ ужьыхыжа, кIуэдыжа лъэпкъхэр гъунэжщ. 
Дэ ди зэхэтыкIэм дыкъихъумащ… Хьэл гуэр тхэлъщ дунейм лъэ бы­дэкIэ дытриIыгъэу, зэблэ­джэ­рэзыкI лъэхъэнэхэм  я жьапщэм дыщихъумэу, тхы­бзэ щыдимыIами, IуэрыIуатэ защIэкIэ тхыдэр тхуихъумауэ. Ар дуней псом щыцIэрыIуэу, щIыфэр зыгъэтхытх лIыгъэ, хъыжьагъэ, адыгэпсэ жыхуа­Iэр арагъэнщ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: