Шыгъум теухуауэ

Дуней псом шыгъуу къыщыщIахым и процентих къудейрщ шхыным халъхьэу къагъэсэбэпыр. Процент 17-р гъуэгу щтырыгъухэм тракIутэным ирикъуу аращ. Адрейхэр металлургием, транспорт, химие промышленностым, лэч щащI заводхэм къыщосэбэп. 
Ику ит лIэщIыгъуэхэм шыгъур къагъэсэбэпырт нэгъуэщI хьэпшып лIэужьыгъуэхэр кърахъуэжу, дзэм хэтхэми иратырт ахъшэ папщIэу. А зэманым шыгъур зи Iэнэ тезыгъэувэр нэхъ къулей дыдэхэрт. 
XVII лIэщIыгъуэм Америкэ Ищхъэрэм лIыщIэ зиIэхэм шыгъу куэду къащэхурт. АбыкIэ яшыурт фошыгъу губгъуэхэм шылажьэ лIыщIэхэм ират лы, бдзэжьей ныкъуэзэIыхьэхэр. 
50 гъэхэм Швейцарием шыгъум халъхьэу къыщаублащ фторидрэ йодиду процентитI. Ар кариесым зэрыпэщIэт Iэмалт. Абыхэм щапхъэ трахащ франджыхэм, нэмыцэхэм, иужькIэ, дуней псоми. 
Тенджызым къыхах шыгъур узыншагъэмкIэ нэхъ сэбэпщ, сыту жыпIэмэ абы куэду хэлъщ цинк, медь, кремний, йод, железо, калий, селен. 
Къапщтэмэ, цIыхум шхыным хилъхьэ шыгъур игъэмащIэмэ е къимыгъэсэбэпыххэмэ, и давленэр мытэмэму щытами, зэтоувэж. Апхуэдэуи, зи лъакъуэ бэгхэм, зи нэщIащэ къытебэгэрейхэм шыгъур ягъэмащIэмэ нэхъыфIщ. 
Инджылызым унафэ щыIэщ ерыскъыхэкI къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкIым шыгъуу хэлъыр зыхуэдизыр къагъэлъэгъуэн хуейуэ. Финляндием щыIэщ цIыхубэм шыгъуу яшхыр ягъэмэщIэнымкIэ сэбэп хъу къэрал программэ щхьэхуэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар сэбэп мэхъу. Программэм и фIыгъэкIэ, инфаркт къызэуэ цIыхухэм я бжыгъэр процент 80-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
Боливием щыIэ Уюни гуэлыр шыгъу нэхъыбэ дыдэ зыхэлъхэм ящыщщ. Гуэл игъукIыжам деж зыгъэпсэхуакIуэхэм папщIэ щаухуа хьэщIэщхэм я блынхэр мывэ шыгъум къыхэщIыкIащ. ЗыгъэпсэхупIэм кIуэхэм зы хабзэ гъэщIэгъуэн къыхуагъэув: блынхэм ебзей хъунукъым. 
Киев Русым и зэманым шыгъу къыщыщIахыу щытащ тенджыз ФIыцIэмрэ Iузэврэ. Нэхъ иужькIэ Уралым къыщагъуэтащ абы и гъэтIылъыпIэхэр. Уралым ирашурэ шыгъур Къэзанрэ Урысейм и Европей лъэныкъуэмрэ яшэрт. 
1548 гъэм Москва шыгъу бунт къыщыхъеящ. ЦIыхубэм зыкъаIэтащ, шыгъум папщIэ ятын хуей налогыр ямыдэу. ЗэщIэхъееныгъэм кърикIуащ Морозов Борис трагъэкIыныр. 
Мёртвэ тенджызым шыгъу нэхъыбэ дыдэ хэлъщ. Абы нэмыщI, ар къулейщ узыншагъэмкIэ сэбэп хъу ятIэхэмкIэ. 
1980 гъэм Луизианэ штатым техногеннэ насыпыншагъэ къыщыхъуауэ щытащ. Шыгъу зыхэмылъу щыта Пенер гуэлым ар куэду зэрыхищIам нэмыщI, хуэдищэкIэ нэхъ куу хъуащ. Ар кърикIуащ щIыдагъэ къалъыхъуэурэ, шыгъу шахтэхэм ящыщ зы зэрыкIуэцIраудам. 
ЦIыху щхьэхуэм и хьэлъагъым тепщIыхьмэ, зы киллограммым хуэзэу шыгъу граммищ хуэдиз ишхмэ, игъэлIэнущ. Псалъэм папщIэ, килограмм 75-рэ зи хьэлъагъым шыгъу грамм 225-рэ ишха нэужьщ апхуэдэ къыщыхъуфынур. 
ЩIэныгъэлIхэм жаIэ, цIыху балигъым илъэсым къриубыдэу ику иту шыгъу килограммий хуэдиз ишхыу. А бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэ мэхъу, цIыхур чипсрэ фастфудкIэ ерыщмэ. 
ГъэщIэгъуэнщ хьэндырабгъуэхэм шыгъу щахуримыкъум деж, абыхэм Iэщышхуэхэм я нэпсрэ я пщIэнтIэпсрэ зэрырафыр. 

Шыгъу къыщIахыу лэжьахэм я щIыхькIэ яухуа фэеплъхэмрэ музейхэмрэ дунейм куэду тетщ. Абыхэм ущрихьэлIэнущ Франджым, Италием, Австрием, Португалием, Колумбием. Урысейм шыгъум и музей цIэрыIуэр щыIэщ Соликамск. Абы ди зэманми хъума щыхъуащ XIX лIэщIыгъуэм къызэIуахауэ щыта шыгъугъавэ заводыр. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: