ЗэфIэкI лъагэхэр къигъэлъэгъуащЛъэпкъ щэнхабзэм лъагъуэ бгъуфIэ икIи купщIафIэ щыхэзыша, абы и зыужьыныгъэм зи гуащIэ емыблэжу хуэлэжьа творческэ цIыху емызэшт Мэзыхьэ Борис. Лъэпкъ литературэми журналистикэми абы зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъэгъуащ, а унэтIыныгъэхэмкIэ Iуэхугъуэ куэдым я зэхэублакIуэуи щытащ. И гуащIэр псыхэкIуадэ хъуакъым
Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр 1940 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Щхьэлыкъуэ къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр а къуажэм къыщиухащ. МэкъумэшыщIэ унагъуэм къихъукIа щIалэр школ нэужьым япэщIыкIэ колхозым щылэжьащ, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щеджащ. Мэзыхьэр къулыкъу IэнатIэ зыбжанэ пэрытащ: ар щылэжьащ печатым и щэхухэр щахъумэу КъБАССР-м щыIа IуэхущIапIэм, «Адыгэ псалъэ» газетым (корреспонденту, къудамэм и унафэщIу, жэуап зыхь секретару, редактор нэхъыщхьэу), КПСС-м и обкомым печатымкIэ, телевиденэмрэ радиомкIэ и къудамэм и унафэщIу. Борис тIэунейрэ хахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Ар илъэс 40-м нэблагъэкIэ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ. Зи хъэт зиIэж тхакIуэ гъэщIэгъуэнт
Абы и IуэхущIафэхэм ущытепсэлъыхькIэ, япэ игъэщыпхъэу къыщIэкIынщ Мэзыхьэ-тхакIуэм и зэфIэкIхэр. Сыту жыпIэмэ, лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъукIэ зыпэрыта журналист лэжьыгъэм и къежьапIэ хъужар пасэу тхэным гу зэрыхуищIарагъэнщ. «Ленин гъуэгум» къыщыщIидзэри…
Мэзыхьэ-журналистым и гугъу пщIымэ, а къалэн мытыншри хъарзынэу ехъулIэу илъэс куэдкIэ ирихьэкIащ, а IэнатIэм щилэжьащ ущIыщытхъун Iуэху щхьэпэ куэд. Ар пасэу дихьэхат журналист IэщIагъэм. Адыгэ журналистикэм абы щхьэузыхь хуищIащ и щIалэгъуэр, Iуэху зехьэкIэм, цIыхухэр зэщIэгъэуIуэным, абыхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным, унафэ яхуэщIыным, гупышхуэм я творческэ гукъыдэжыр убзыхуным зэрыхуэIэижьри къыщигъэлъэгъуащ а IэнатIэм. «Ленин гъуэгу», иужькIэ «Адыгэ псалъэ» зыфIащыжа газетым къулыкъу зэхуэмыдэ зыбжанэ щрихьэкIащ, редакцэм щыIэ лэжьыгъэ лIэужьыгъуэ псори игъэунэхуащ, IэнатIэ къэс езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэм и лъэужь къыщигъанэу. ЛIакъуэхэм я къуэпсыр зэпычакъым«Сэ лъэпкъ газетым илъэс 28-кIэ сыщылэжьащ, корреспондент нэхъыщIэу сыуври, редактор нэхъыщхьэм нэс гъуэгуанэр зэпысчащ, абы къыхэкIыуи «Адыгэ псалъэм» нэхърэ сэркIэ нэхъ лъапIэ газет щыIэкъым. ЩыIэкъым, си къару куэд есхьэлIащи, лъапIэщ, цIыху дахэ куэдым сащрихьэлIащи, гуапэщ, сыт хуэдэцIэ зэрихьами, лъэпкъым хуэлажьэу къокIуэкIри. СегъэгуфIэ дэ къетхьэжьа Iуэхугъуэ зыкъомым, хыфIимыдзэжауэ, ноби газетым зэрыпищэр. Абы къикIращи, нэхъапэм редакцэм щIэса журналист нэхъыжьхэм я гуащIэр псыхэкIуадэ хъуакъым, абыхэм къакIэлъыкIуахэм я Iуэхум дэгъуэу пащэ, япэкIэ ягъэкIуатэ. ЛIакъуэхэм я къуэпсыр зэпычакъым», - щыжиIауэ щытащ Мэзыхьэ Борис и ныбжьыр илъэс 75-рэ щыхъум итауэ щыта инервьюм.
Поделиться:
Читать также:
12.04.2026 - 12:26 →
Вагъуэхэм пхылъэтри…
12.04.2026 - 10:01 →
Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...
11.04.2026 - 15:14 →
Къэпщытэныгъэр йокIуэкI
11.04.2026 - 13:41 →
Мылъкур зытрагъэкIуадэр
11.04.2026 - 13:14 →
ЕхъулIэныгъэщIэхэм хуопабгъэ
| ||





