Хьэцэпэцэр кърахьэлIэжащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, ди щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм хьэцэпэцэр: гуэдзымрэ хьэмрэ Iуахыжын яухащ. Республикэм и район администрацэхэм Мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ я управленэхэм зэгъусэу къызэратамкIэ, псори зэхэту гектар мин 76,6-м гъавапхъэу тонн мин 300-м нэблагъэ къытрахащ. 
Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 13-кIэ нэхъыбэщ ар. Илъэс блэкIам елъытауэ, хьэцэпэцэм хухаха щIым гектари 5,6-кIэ къыхагъэхъуащ мы гъэм. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, гуэдзу Iуахыжам и куэдагъыр проценти 5,3-кIэ нэхъыбэщ, гектар къэс центнер 39,2-рэ къытекIащ, хьэр - проценти 3-кIэ: зы гектарым центнер 39-рэ хуэдиз къытрахащ. 
 
Къалэжьым хагъахъуэ
Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэм – мэкъуауэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ сом мелард 18,8-рэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 104,6-кIэ хуэкIуэу.
Iэщ гъэхъун IэнатIэм и продукцэхэм я куэдагъми хэхъуащ, псалъэм папщIэ, былымылымрэ джэдкъазылымрэ проценти 9,5-кIэ, джэдыкIэм проценти 2,6-кIэ. Шэуэ къашам и куэдагъыр нэгъабэрейм хуэдэу къэнэжащ.
 
Шэмрэ тхъуцIынэмрэ 
 Дызэрыт илъэсым и щIышылэм - накъыгъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым шэуэ къыщыщIагъэкIащ тонн мин I8-м щIигъу е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам проценти 11I9,5-кIэ хуэкIуэу. ТхъуцIынэрэ спреду къалэжьащ тонн 817-рэ е нэгъабэ и мазитхум щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 121-кIэ нэхъыбэу. А псом щыщу процент 25-м нэблагъэр тхъуцIынэщ, адрейр спредщ. 
Апхуэдэуи, Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, республикэм ерыскъымрэ ерыскъыхэкIхэмрэ елэжь и IуэхущIапIэхэм кхъуейрэ кхъуейлъалъэу къыщIагъэкIар проценти 3,2-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и мазитхум яхузэфIэкIам нэхърэ - псори зэхэту тонн мин 1,9-рэ мэхъу. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: