ЦIыху нэхъыбэ драгъэхьэх

Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэси 6 хъуауэ зыщеужь волонтёр Iуэхум. Абы елэжь IуэхущIапIэм зэреджэри аращ: «КъБР-м волонтёр Iуэхум зыщезыгъэужь центр». Псапэ, жылагъуэ Iуэхухэм цIыхухэр нэхъыбэу къыхэшэныр, апхуэдэуи хэкупсэ мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэ къызэгъэпэщыныр абы къалэн зыщещIыж. Волонтёр лэжьыгъэм и мыхьэнэр зэрыиныр гурыIуэгъуэ мэхъу зы Iуэху пыухыкIам цIыхушхуэ щызэщIигъэуIуэкIэ.
Дызэрыт илъэсым и пэм абы и унафэщIу ягъэувауэ Iуэхугъуэ куэд зэфIегъэкI Гелястановэ Алимэ. Хъыджэбзым и адэри, и адэ къуэшитхури дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм я ветеранщ, и дэлъхур СВО-м хэтащ. ЩIалэри ТекIуэныгъэм и илъэс 80-м траухуа Дунейпсо волонтёр корпусым и щIыналъэ штабым и унафэщIщ. 
Алимэ ехъулIэныгъэфIхэр къыщигъэлъэгъуащ Студент, Школ гъатхэм, КъБР-м и КВН зэпеуэм, ЩIалэгъуалэм я махуэм, «Большая перемена» Iуэхум, нэгъуэщI куэдми. Абы жеIэ волонтёр Iуэхум дэIэпыкъуныгъэхэр къызэрызэригъэпэщым и мызакъуэу, цIыхур зэрызэкъуигъэувэри, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэрыригъэкIуэкIри. 
«Мы гъэм Iэтауэ дгъэлъэпIащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъуам и махуэшхуэр. Дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди япэ итахэр зэкъуэту, лIыгъэ яхэлъу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, си дежкIэ щапхъэщ си дэлъхур, ар дзэ Iуэху хэхам и ветеранщ. Абы и деж щызолъагъу, щызыхызолъхьэ хьэл быдэ сиIэныр, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIэзгъэкъуэн зэрыхуейр. Абы иригъэкIуэкI волонтёр лэжьыгъэм сэри сызэрытетыным сыхущIокъу, а псор зыхуэгъэзар ди щIыналъэ дахэр зэредгъэфIэкIуэнырщ», - жеIэ Алимэ.
 «КъБР-м волонтёр Iуэхум зыщезыгъэужь центр» IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм къытхутепсэлъыхьащ хъыджэбзыр. Псом япэр волонтёр жэрдэмхэмрэ Iуэхухэмрэ ядэIыгъынымрэ пхыгъэкIынымкIэ IуэхущIапIэр щIэгъэкъуэн зэрыхъурщ. ЕтIуанэрауэ, цIыхур зэрыгъэубыдынырщ, жылагъуэм я къарур зэщIэгъэуIуэнырщ. Мыхьэнэ мынэхъ мащIэ егъэзащIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну хьэзырхэр мы Iуэхум къызэрыхишэм. КъищынэмыщIауэ, IуэхущIапIэр «лъэмыж» яхуохъу волонтёрхэмрэ къэрал, хьэрычэт, егъэджэныгъэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ.
ЩIыналъэ центрыр щолажьэ ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык къалэм). Апхуэдэуи абы и къудамэхэр республикэм и районхэми щыIэщ. «Добро. Центр» жылагъуэ IуэхущIапIэм хуэдэуи 6 къызэIуахащ: зыр щIыналъэ IуэхущIапIэщ, иджыри апхуэдэ зы Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым епхауэ щыIэщ, адрей плIыр Шэрэдж, Шэджэм, Аруан районхэмрэ Бахъсэн къалэ округымрэ щолажьэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым волонтёр Iуэхум зыщезыгъэужь IэнатIэр илъэс зыбжанэ хъуауэ «Iуэху гуапэхэм я щIыналъэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм пашэ щохъу икIи абы ипкъ иткIэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI. Абы къызэщIрагъэубыдэ егъэджэныгъэ Iуэхухэр, семинархэр, тренингхэр, нэгъуэщIхэри.
А лэжьыгъэм цIыху нэхъыбэ драгъэхьэхын мурадкIэ, центрым и IэщIагъэлIхэр щIэх-щIэхыурэ республикэм и курыт школхэм йокIуалIэ, волонтёрыр зищIысым еджакIуэхэр щагъэгъуазэу. 
IуэхущIапIэм къыщызэрагъэпэщащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэр щызэхуахьэс «Дызэкъуэтщ» штабыр. Абдеж щагъэбелджылы дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ящыщу дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэр. 
Алимэ дыщигъэгъуэзащ #МЫВМЕСТЕ дунейпсо саугъэтыр зэрагъэувами. 
- Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу жыпIэ хъунущ волонтёрхэм папщIэ ягъэува саугъэтыр. Ар IэмалыфIщ я Iуэхухэр урысейпсо, дунейпсо утыкум щагъэлъэгъуэнымкIи я жэрдэмхэр ягъэзэщIэфын хуэдэу ахъшэ къыхэзылъхьэнухэр къагъуэтынымкIи. Апхуэдэуи «Илъэсым и волонтёр», «Илъэсым и гъэсакIуэ» цIэхэр зыхуэфащэхэр дяпэкIэ къызэрыхахынури гуапэщ, - къыхегъэщ ди псэлъэгъум. 
«Призвание» Iуэхум ипкъ иткIэ, зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм школакIуэхэр яунэтI икIи трагъэгушхуэ къыхахыну IэщIагъэм, IуагъащIэ щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ пажэхэм, ехъулIэныгъэ зиIэхэм. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ Iуэхухэм къыхашащ волонтёри 100-м нэблагъэ. 
НэгъуэщI зы Iуэху щхьэпи къызэригъэпэщащ мы IэнатIэм - ар брейн-ринг акъыл зэпеуэрщ. Ар апхуэдизкIэ ягу дыхьати, джэгугъуэ 13-м и пIэкIэ 15 ирагъэкIуэкIащ, школакIуэрэ студенту 1500-рэ къызэщIиубыдэу. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм щIалэгъуалэм я зэфIэкI зэрыщагъэлъагъуэм къищынэмыщIа, нэхъыбэж къызэрыщащIэми шэч хэлъкъым. Гуп нэхъыфIхэр ягъэпажащ, ягъэлъэпIащ.
Волонтёр-медикхэм я район зэхыхьэхэри мы гъэм ехъулIэныгъэ яIэу ирагъэкIуэкIащ. Абыхэм къыщаIэтащ узыфэхэр нэхъ мащIэ хъуным, япэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат щIыкIэм епха Iуэхухэр. Зэхыхьэхэм хэтахэм Iэмал яIащ IэщIагъэлI пажэхэм упщIэхэмкIэ зыхуагъэзэну. КъищынэмыщIауэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ курытхэмрэ къыщызэрагъэпэщащ Япэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыратым и школ. Студент 60 Iуэхум хагъэгъуэзэну траухуауэ щытами, абы нэхъыбэ дихьэхыу къыщIэкIри, хэтащ I00-м нэблагъэ. Волонтёрхэм гулъытэ хуащI хьэл мыхъумыщIэхэм, зрамыхьэлIапхъэхэм щIэблэр пэIэщIэу щыгъэтынми. 
«Волонтёрым сыдэIэпыкъунущ» Iуэхум хыхьэу, нэгъабэ центрым Iуэху 50 къызэригъэпэщащ, зи узыншагъэм сэкъат иIэу лажьэ волонтёрхэмрэ апхуэдэхэм я адэ-анэхэмрэ яхуэгъэзауэ. Зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийр зыхуэныкъуэмрэ зыхущыщIэмрэ нэхъ зэхегъэщIыкIыным теухуа дерсхэр ирагъэкIуэкIащ, арт-терапием и фIыгъэкIэ ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэчийхэр зыхуэдэхэр къагъэнэIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэхэм щIэс апхуэдэ волонтёрхэм зыщIагъэкъуэныр я мураду, тренинг 30-рэ мастер-классу 10-рэ екIуэкIащ. Абыхэм щыхущIэкъуащ волонтёрхэм я гукъыдэжыр емыхуэхыу я зэфIэкIым зэрыхагъэхъуэным, ныкъуэдыкъуагъ зиIэхэм зэрадэлэжьапхъэм хэгъэгъуэзэным. 
Iуэху дахэт «Налшык гъащIэм щикIыхьагъыр» зыфIащари. Абы къыхашащ зи ныбжьыр илъэс 65-м щхьэдэхахэр. Республикэм и район зэхуэмыдэхэм щытепсэлъыхьащ узыншагъэм, спортым, IэпэIэсагъэм я сэбэпым, ди щIыналъэр зэрацIыхум, тхылъхэм, уэрэдым къэухьым зэрыхагъахъуэм, нэгъуэщIхэми. 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: