Мэкъумэш IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзырКъэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым щылажьэ «Фермерым и еджапIэ» егъэджэныгъэ пэхуэщIэм и программэмкIэ мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлI 30 мы гъэм хуагъэхьэзыращ. Псом нэхърэ нэхъ хьэлэмэту мыгъэрей къыщIэкIыгъуэм хэтыр, япэм къэмыхъуауэ, дзэ Iуэху хэхам и ветеран 23-рэ абы зэрыхиубыдарщ. Мэкъумэш IэщIагъэлIхэм я дипломхэр щратыжым щыIащ КъБКъМУ-м и ректор къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Щхьэгъэпсо Заурбий, «Урысеймэкъумэшбанкым» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Сокъур Алим, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Чеченов Ислъам, республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ, «Хэкум и ХъумакIуэхэр» фондым щIыналъэ къудамэм и тхьэмадэ Дадэ МуIэед сымэ, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
06.03.2026 - 12:02 →
А гъатхэ пщэдджыжьыр уает лъэпкъым и дежкIэ
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
05.03.2026 - 12:08 →
Хамэ щIыпIэхэм нэIусырт и макъыр
| ||




