ЗекIуэр кърахьэлIащКъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэмрэ Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща шу зекIуэ гъуэгуанэр къызэрызэранэкIрэ куэд щIакъым. Зеикъуэ – Таучэшхэ я псынащхьэ – Налшык гъуэгум къитIэса а зекIуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщт ди щIыналъэм и дахагъыр хэIущIыIу щIыныр, абы зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэныр, адыгэшым и цIэр жыжьэ гъэIуныр. – УблэхъуэпсыкIынкIэ Iэмал имыIэу адыгэхэм щэнхабзэ дахэ яIэщ, щIэблэм сыт хуэдэ лъэхъэни къекIуу зэрихьэфын хуэдэуи абы лъапIэныгъэ куэд къызэщIеубыдэ. Хэку лъагъуныгъэм къыщегъэжьауэ абы щыпсэу цIыхухэм яхуэщIыпхъэ пщIэм щыщIэкIыжу, Адыгэ Хабзэм хэмылъ хъугъуэфIыгъуэ щыIэкъым. Ди ужькIэ къэкIуэну щIалэгъуалэм я гупэр абыхэм зэрыхуагъэзэн жэрдэмхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ зэпымычу къыхэлъхьэн, Хэкум и зы плIанэпэ къэмынэу егъэщIэн хуейщ. Иджырей зекIуэр зытеухуари арат. Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм езыр фIэфIу щIэзэуа зауэлIым и махуэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ бжьэгъуэ» дунейпсо зэпеуэхэмрэ ирихьэлIэу екIуэкIыну щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм ипэ къихуэу дишхэм я лъэр щIэдгъэкIащ, гъуэгуанэм и гуащIэр зыхедгъэщIащ, – жиIащ Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим. ЗекIуэм хэтащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр, Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим, Урысейм Iэпщэрыбанэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, UFC-м и бэнакIуэ Мырзэкъан Азэмэт, Урысейм Iэпщэрыбанэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Мамхэгъ Iэдэм, Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Тембот Анзор, УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ УФ-м ЩIэпхъаджагъэхэр зэхэгъэкIынымкIэ и къулыкъущIапIэмрэ КъБР-м щаIэ щIыналъэ къудамэхэм я лэжьакIуэхэр, адыгэшыр фIыуэ зылъагъухэмрэ зезыхуэхэмрэ. ЗекIуэр къызэранэкIыу еплIанэ махуэм къекIуэлIэжа нэужь, зекIуэлIхэм папщIэ Зеущэ Iэуес, Бешкур Ислъам, Мэремыкъуэ Резуан, Мамий Аслъэн, Къуэдз Залым, ШыкIэбахъуэ Ислъам сымэ зыхэт пшыхь дахэ екIуэкIащ. Лъэпкъ щэнхабзэм и лъапIэныгъэхэр къызэщIэзыIэтэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъри щIагъэбыдэжащ зекIуэм и мыхьэнэр. – УФ-м и Президентым и унафэкIэ къащтащ «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр хъумэнымкIэ икIи зегъэужьынымкIэ къэрал политикэм и лъабжьэхэр гъэбыдэным» теухуа программэр. Ди нобэрей махуэхэм ар лэжьыгъэшхуэщ, тхузэфIэкIи къэдмыгъанэу абы къигъэув Iуэхугъуэхэр гъащIэм хэпщэн хуейщ. Дэ диIэщ ар зэрытщIын Iэмал – Адыгэ Хабзэр ди гъащIэм щыщщ, и пщIэр къэIэтын хуейуэ аращ, – жиIащ Мамхэгъ Хьэчим. БЕСЛЪЭН Берд.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




