IуэхуфIхэр зи IэрыкIыу, пщIэрэ нэмысрэ зыхэлъу дунейм тета цIыхур псэухэм яхэтщ и гупсысэхэмкIэ, цIыхугъэрэ зэхэщIыкIыу бгъэдэлъахэмкIэ. Апхуэдэущ зэрыпсэуар Шэджэм Езанэ къуажэм дэса Тхьэмокъуэ Хьэсэн ХьэцутI и къуэр. ЗыцIыху, къыдэлажьэ куэдым я щапхъэрэ дэIэпыкъуэгъуу, нэхъыжьхэм я чэнджэщакIуэрэ нэхъыщIэхэм я ущиякIуэу, и унагъуэм исхэм я гъуазэрэ абы къихъуэ щIэблэм я гъэсакIуэу дунейм тетащ ар. А цIыху псэ къабзэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут мы махуэхэм…
Шэджэм щIыналъэм 1950 гъэм къыщалъхуащ Тхьэмокъуэр. ЗэрыбыниплIым: Ленэ, Хьэсэн, Лалушэ, Лэужан сымэ я адэ-анэр гуащIэдэкI лэжьыгъэм къыпимыкIуэт, гъащIэм и гугъуехь куэд зылъэгъуа, зышэча мэкъумэшыщIэхэт. Унагъуэм я къуэ закъуэ Хьэсэн школ кIуэгъуэ ныбжьым щынэсым, щIэныгъэ нэхум и къарур зыщIэ, абы щIэхъуэпсу зи гъащIэр зыхьа и адэ ХьэцутI унафэ ищIащ щIалэр Шэджэм Ищхъэрэм дэт интернатым иратыну. Апхэдэуи хъуащ. Интернатым и пэщIэдзэ классхэм фIы дыдэу щеджа Хьэсэн а Iуэхум щыпищащ я жылэм дэт курыт школым икIи ари ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Курыт щIэныгъэ иIэрэ лъэпкъ гъэсэныгъэм и фIыпIэхэр хэлъу, балигъ гъащIэм хэбэкъуащ ар. 1968 гъэм щIалэщIэр щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и инженер-техникэ къудамэм. Студент гъащIэми щIэх дыдэу хэзэгъащ, щIэныгъэмрэ къэхутэныгъэхэмрэ дахьэхыу. Адэ-анэми и анэкъилъху шыпхъухэми я гумрэ я псэмрэ щыщIэ гуфIэгъуэр къэIуэтэгъуейт. Къуэ, дэлъху закъуэм дэтхэми ирипхырт езым гъащIэм хуиIа хъуэпсапIэхэмрэ мурадхэмрэ, псоми я гур дэинырт, абы еджэным щызыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм. Дзэм къулыкъу зэрыщищIа илъэсхэмкIэ (щIыхь зыпылъ а къалэнри щытхъу иIэу зэфIихащ абы) еджэныр зэпыуда хъуами, Тхьэмокъуэм университетыр хъарзынэу къиухащ, зыщIэхъуэпса щIэныгъэри IэщIагъэри зыIэригъэхьащ.
ЛIэщIыгъуэ кIуам и 90 гъэхэм я пэщIэдзэм Тхьэмокъуэр япэщIыкIэ Шэджэм район советым и тхьэмадэм и къуэдзэу, иужькIэ Шэджэм щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэу лэжьащ. А лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, Хьэсэн щIыпIэ самоуправленэм щигъэзэщIащ цIыхубэ депутатым и къалэнхэри. ЗэхэщIыкI куурэ гууз-лыузрэ зиIэ цIыху жумартыр дэIэпыкъуэгъу зыхуэхъуахэр мащIэкъым. Абыхэми я гум ноби щахъумэ Тхьэмокъуэм и фэеплъ нэхур. Зи лэжьыгъэфIымрэ Iуэху зехьэкIэ мардэ пэрытхэмкIэ зи цIэр жыжьэ Iуа адыгэлI щыпкъэр иужькIэ ирагъэблэгъащ КъБР-м Гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм. А зэманым къыщыщIэдзауэ пенсэ тIысыжыху Тхьэмокъуэ Хьэсэн лэжьащ министерствэм и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу, «къэрал чэнджэщэгъу» щIыхь зыпылъ цIэ лъапIэри иIэу. Тхьэмокъуэм къыхилъхьэ жэрдэмхэр я тегъэщIапIэу, абы и Iуэху зехьэкIэр я щапхъэу IуэхугъуэфI куэд министерствэм щагъэзэщIащ а илъэсхэм. Ауэ щыхъукIэ, зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зиIэ къулыкъущIэ гумызагъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм и фIыгъэ куэд хэлъщ а лъэхъэнэм IэнатIэм игъуэта зыужьыныгъэм.
Псори зэхэту къапщтэмэ, илъэс 40-м щIигъукIэ Тхьэмокъуэр псэ хьэлэлу къэралым хуэлэжьащ, и къаруи зэмани, зэфIэкIи щIэныгъи щымысхьу. Апхуэдэ лэжьыгъэфIым къыпэкIуащ къэрал IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, профсюзым къабгъэдэкIа дамыгъэ лъапIэхэр щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. А къэрал гулъытэ лъагэхэм ящыщ дэтхэнэри лъапIэт Тхьэмокъуэм и дежкIэ, ауэ а псоми япэ абы иригъэщырт цIыхухэм сэбэп зэрахуэхъуфыр, IуэхукIэ, чэнджэщкIэ зэрызащIигъэкъуэфыр. Щыпкъагъэр зи фащэу псэуа Хьэсэн хэлъа а хьэлыфIхэр фIы дыдэу ноби ящIэж а илъэс зэхуэмыдэхэм абы къыдэлэжьахэм, и нэIэм щIэту Iуэху зэфIэзыгъэкIахэм.
Пэрытыныр зи хьэл, жэуаплыныгъэр дапщэщи зыхэлъу къекIуэкIа адыгэлIыр, пэжу, зыщыщ лъэпкъми щыпашэт. Тхьэмокъуэхэ гуфIэгъуэ е гузэвэгъуэ яIэмэ, Хьэсэнт япэу хъыбар зрагъащIэр. Арат Iуэху зиIэ унагъуэм я куэбжэ япэу Iузыхри. Зи тхьэмадэ лъэпкъым и зэIузэпэщыныгъэмкIэ гумызагъэ нэхъыжьыфIым сыт хуэдэ къуэхъукъащIэми унафэ екIу трищIыхьыфIырт, нэхъ гугъу дыдэу къыпщыхъу Iуэхуми хэкIыпIэ дахэ къыхуигъуэтыфырт. Хьэсэн и жэрдэмкIэ Тхьэмокъуэхэ я лъэпкъ зэхуэсышхуэ 1993 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы хэтахэм ягу къызэрагъэкIыжымкIэ, тхьэмадэ Iумахуэм и нэгум сыт хуэдиз гуфIэгъуэ кърихрэт, сыт хуэдэ гурыщIэхэр и псэм щыщIэрэт, зыщыщ лъэпкъым щыщ щIалэгъуалэ акъылыфIэм, зэфIэкI зыбгъэдэлъым щахэплъэкIэ, Тхьэмокъуэхэ къыщIэхъуэ щIэблэ зэчиифIэм иригуфIэрэ иригушхуэу. Хьэсэнрэ абы и адэ къуэшым и къуэ Алексейрэ зэфIагъэувэжащ Тхьэмокъуэхэ я лъэпкъ жыгыр. Зэманышхуэрэ къаруушхуэрэ ихьащ а лэжьыгъэ щхьэпэм епха къэхутэныгъэхэр зэфIэгъэкIыным, атIэми ар лъэпкъым и щIэныгъэщ, и фащэщ, къэкIуэну щIэблэхэм къахуэнэну икIи ягъэбэгъуэну фIыгъуэщ.
Дунейм тетыху, и дэтхэнэ махуэри IуэхугъуэфIхэмкIэ, купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ псэуащ Хьэсэн. Ерыщагърэ быдагърэ зыхэлъ, зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ адыгэлI зэпIэзэрытри сыт хуэдэ гугъуехь гъащIэм щримыIхьэлIами, абыхэм зэи къапикIуэтакъым, мураду зыхуигъэувыжахэми зэралъэIэсыным дапщэщи хущIэкъуащ. Шэч хэмылъу, цIыхум и гъащIэм куэд щелъытащ езыр и Iыхьлы дыдэхэм, и унагъуэм, къыдалъхуахэм зэрыхущытым. Хьэсэн и гур апхуэдизу итхьэщIыкIати, и унагъуэм исхэр, и анэкъилъхухэр дэнэ къэна, и благъэ-Iыхьлыхэм ящыщ дэтхэнэми лъагъукIэ дахэ хэха хуиIэт. ЦIыху зэпIэзэрытым ищIэрт хэт и гур гъэдэхэн, дэтхэнэм и псэм зегъэузэщIын, и лъэр щIэгъэкIын, хэт еущиен хуейми. ЗэпсэлъылIэ дэтхэнэми и жагъуэ имыщIу, хуэгумащIэу бгъэдэтт, псэкIэ фIыуэ зэрилъагъур зыхригъащIэу. Арат а цIыхухъу зэтетым, зэпIэзэрытым, малъхъэдисым хуэдэу, цIыхур къыщIыкIэрыпщIэр, Хьэсэн хэмыIэбауэ я Iуэхур зэфIэмыкIыну, а цIыху угъурлым и чэнджэщыфI абы хэлъын хуейуэ ялъытэу.
Тхьэр унагъуэ дахэкIэ зыхуэупсахэми ящыщащ Хьэсэн. Абырэ и Лерэрэ (ар Батухэ япхъущ) унагъуэ дахэ яухуат. Зэщхьэгъусэхэр илъэс 37-м нэскIэ зэдэпсэуащ, пщIэрэ нэмысрэ я зэхуаку дэлъу, гъащIэм и лъэпощхьэпо куэдми пхыкIыфащ, ягурэ я гугъэрэ яфIэмыкIуэду. Лъэ дыдэкIэ ягъэуващ къуищрэ зыпхъурэ зэдапIащ. Хьэсэн хуабжьу иригушхуэрт я бынхэм, абыхэм я унагъуэхэм исхэм я дэтхэнэ ехъулIэныгъэми. Къуэрылъху-пхъурылъхухэмкIэ гумащIэ адэшхуэм ахэр нэмрэ псэмрэ хуихьырт, я IэфIагъыр гукIэ зыхищIэу. Нобэ быным, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм я хъумакIуэщ анэ, анэшхуэ IэфI Лерэ. КъыщIэна унагъуэ дахэм я гукъэкIыжхэм ноби хэтщ Хьэсэн. А адыгэлI щыпкъэр Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ куэдрэ ягу илъынущ.