Чэнджэщ щхьэпэ

Иужьрей зэманым куэдрэ тепсэлъыхь хъуащ цIыхум и псынщIагъ-хьэлъагъым абы и узыншагъэр, и гъащIэр зэрелъытам. «Iэпкълъэпкъыр уи гъащIэ псом къыздыбохьэкI. Ар нэхъ хьэлъэху, уи гъащIэри нэхъ кIэщI мэхъу», - жиIащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ щIэныгъэлI Глазгоу Арнольд. 

Пэж дыдэу, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, лы лейр зэранщ узыншагъэмкIэ, абы узыфэ куэд къегъэхъей. 
Пасэрейхэм зэрыжаIащи, «тшхым къегъэлъагъуэ дызыхуэдэр». «Шхынымрэ узыншагъэмрэ» и тхылъым Америкэм щыщ дохутыр Чейз Алисэ мыпхуэдэу щетх: 
«Хущхъуэ нэхъ лъэщ дыдэхэм нэхърэ нэхъ сэбэп къытхуэхъун, дызыхуэныкъуэ куэд хэлъщ ерыскъым. ЦIыхур зэфэмрэ ишхымрэ зэрыкIэлъымыплъым къыхокI ар зэрыпсэуфыну илъэси 150-м щыщу и ныкъуэм нэмысу дунейм зэрехыжыр. Тэмэму гъэхьэзыра мыхъуа шхыным мыгъэкъэбза псыр трифыхьыжурэ, цIыхум и узыншагъэм сэкъат егъуэт. Абы и зэранкIэ къеуэлIа узыфэхэр игъэхъужыну хуейуэ цIыхум зрехьэлIэ хущхъуэкIэ дызэджэ щхъухьхэр». 
Ерыскъыгъуэ къэс хэлъщ цIыху Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ куэд, ауэ ахэри мардэ гуэрым тету шхын хуейщ. Зырызахъумэж биохимие зэфIэкI и лъэныкъуэкIэ цIыхум япэ итщ нэгъуэщI псэущхьэ куэд, уеблэмэ зы клеткэ закъуэ фIэкIа мыхъу организмхэри. Абыхэм я Iэпкълъэпкъ мащIэр щахъумэфкIэ, дэ хэт зэран къытхуэхъур? Жэуапыр мыращ: ди дуней тетыкIэм лъабжьэ хуэхъу ди гупсысэкIэрщ ди гъащIэ псор зыубзыхур. Ди Iэпкълъэпкъыр узыншэныр куэдкIэ елъытащ белокхэм. Ахэр аминокислота зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхэтщ, абыхэм ящыщу 8-р ди Iэпкълъэпкъым езым къилэжьыркъыми, ахэр ерыскъым хэлъын хуейщ. Абы къыхэкIыу, нэхъ дызыхуэныкъуэхэр зыхэлъхэрщ нэхъыбэу тшхын хуейр. АтIэ, сыт хуэдиз пшхын хуейр? Мы упщIэм йогупсыс шхыныр къызыфIэIуэху дэтхэнэ зыри. 
Егъэлеяуэ ушхэныр зэранщ. Фи узыншагъэр фхъумэну, щIалэу фыщытыну фыхуеймэ, фи хьэлъагъэм зэрыхэвмыгъэхъуэным, фи Iэпкълъэпкъыр зэрывгъэкъэбзэным яужь фитыпхъэщ. Сыт щыгъуи фигу ивгъэлъ: Iэпкълъэпкъым лейуэ щызэтрихьэмрэ мардэм щIигъуа хьэлъагъымрэ абы зэран хуохъу: узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхокI, пасэу жьы уещI. 
Лы лей зытелъхэм папщIэ IэмалитI щыIэщ: къэуат нэхъ мащIэ зыхэлъ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ нэхъыбэу шхын, IэфIыкIэхэмрэ хьэжыгъэм къыхэщIыкIа ерыскъыхэмрэ нэхъ мащIэ щIын. Мыбдежым хуабжьу сэбэп мэхъу зыгъэмэжэлIэныр, шхэкIэ хэхам тетыныр. Шхыныр зэрыбгъэхьэзыр щIыкIэм куэд елъытащ: гъэвар нэхъ сэбэпщ, гъэжьам нэхърэ. 
Ди зэманым шхэкIэ хэхам и хабзэ куэд щыIэщ. Ахэр зэхалъхьащ щIэныгъэлIхэм, дохутырхэм, диетологхэм. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, псори сыт щыгъуи тетыфыркъым зы шхэкIэм. Псом япэ езы цIыхум гукъыдэж иIэн хуейщ, и хьэлъагъым кIэригъэхуну. Ар нэхъыщхьэ дыдэщ. 
Мыри гъэщIэгъуэнщ: ди узыншагъэр зыхуэдэнур, гъащIэм и кIыхьагъыр процент 15 - 20-кIэ - генетикэм, 20 - 30-кIэ дыкъэзыухъуреихь дунейм, 40 - 50-кIэ – ди шхэкIэм елъытащ. Абы нэхъыщхьэу хэлъыр бгъэкIуэд къарум пэкIуэ ерыскъым хуэдиз шхынырщ. Апхуэдэу зыщыдзеин хуейщ IэфIыкIэхэм, шхын гъэжьахэм, ерыскъым шыгъуу хэвдзэри вгъэмащIэ. 
ШхэнкIэ мардэ зыхуэбгъэувыжыныр гугъущ, ауэ, фи фIэщ фщIы, абы ехъулIэныгъэ, гукъыдэж, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, узыншагъэ быдэ къызэрыфхудэкIуэнур.   

КЪАН Ринэ.
Поделиться:

Читать также: