Къардэн Рае электроникэм ехьэлIа инженер IэщIагъэм Сирием щыхуеджащ, къэрал къулыкъущIапIэхэм Iутащ. Хьэрыпыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ хуэшэрыуэщ.
Раерэ и щхьэгъусэ Сихъу (Уэсмэн) Иядрэ я унагъуэр Хэкум къызэрыкIуэжрэ илъэс пщыкIутху мэхъу. Ахэр ящыщщ Сирием зауэ къыщыхъея нэужь, зи гупэр адэжь щIыналъэмкIэ къэзыгъэзахэм. БынитI яIэщ, щIалэ нэхъыжьым и цIэр Азерщ, илъэс 23-рэ мэхъу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дзэ дохутырым щыхуоджэ. НэхъыщIэр Iэдэмщ, зыуэ щыт къэрал экзаменхэр мы зэманым тын иухащ, дизайным епха IэщIагъэ зригъэгъуэтыну и мурадщ.
- Си адэм и адэшхуэ Къардэн Яхуэмыгъуэт къыщалъхуар Алътудт. ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэм щIигъу ипэкIэ и анэм и гъусэу Сирием кIуэуэ къыщынахэм ящыщщ. Си адэ тхьэмыщкIэ Фахриддин илъэс 50 ипэкIэ Хэкум, и къуэпсхэр къыщежьэ Алътуд къуажэм, письмо и лъэпкъэгъухэм къахуитхыу щытащ, - дыщегъэгъуазэ Рае. - Ар щIэхъуэпсырт Хэкум къэкIуэжыну, ауэ абы щыгъуэм визэ къратакъым, къехъулIакъым. А зэманым сэ илъэсиплI си ныбжьу арат. Ди адэр пасэу тщхьэщыкIащ, илъэс 40 фIэкIа мыхъуауэ. Абы и хъыбархэр жаIэжу сэ седэIуауэ аращ. ИужькIэ си зы дэлъхумрэ си адэ къуэшым и къуэмрэ балигъ хъууэ ХэкумкIэ къыщыкIуэм, лъэпкъым яхыхьащ, ялъэгъуащ, зрагъэцIыхуащ. - Си анэшхуэ Назифэ, си адэм и анэр, илъэси 105-кIэ псэуащ. ДыщыцIыкIум ди анэр лажьэрти, пэжыр жыпIэмэ, нэхъыбэрэ сабийхэм къыткIэлъыплъар аращ. Абы хьэрыпыбзэ ищIэртэкъым, къэбэрдеибзэкIэ фIэкIаи къыдэпсэлъакъым. Абы и фIыгъэкIэ, дысабииху, си дэлъхуитIымрэ сэрэ адыгэбзэм дгъэшэрыуэу дрипсэлъащ. АрщхьэкIэ балигъ гъащIэм дыхэбакъуэри, еджэн, лэжьэн хуей дыщыхъум, дызыхэс лъэпкъым я бзэр ищхьэкIэ къытфIэкIуащ, анэдэлъхубзэр нэхъ тIэщIэхуат. Къэбэрдеибзэри, бжьэдыгъубзэри, абазэбзэри псори къыдгурыIуэрт, ауэ къэтпсэлъыну къыдэгугъуэкI хъуат. Бзэм уримыпсалъэмэ, къыумыгъэсэбэпмэ, дауи, аращ къэхъур.
Рае анэшхуэм адыгэм зэрахьэ хабзэхэм щIипIыкIащ, нэхъыжьым пщIэ зэрыхуэщIыпхъэм къыщыщIэдзауэ гъунэгъум зэрыхущытыпхъэм щыщIэкIыжу. Езыри псом нэхъапэу зи ужь итар я быным щIэныгъэ зэрыратынырщ, лъэ быдэкIэ ахэр зэрагъэувынырщ. Бзылъхугъэм и щхьэгъусэращи, графикэ дизайным епхауэ IуэхущIапIэхэм рекламэ яхуигъэхьэзыру Сирием щылэжьащ, хэхъуэ хъарзыни иIэу. Мыбдежи абы щелэжьын щIидзат, ауэ къыпэкIуэр мащIэ дыдэти, мы зэманым ухуэныгъэ, унэ зэгъэпэщыжын Iуэхухэм хэту аращ.
«Нэхъ ипэкIэ адэжь лъахэм сыкъэкIуэжыну си пщIыхьэпIэ къыхэхуауэ щымытами, Хэкум къэдгъэзэжа нэужь, япэу сызэгупсысаращ: «Дауэ дыпсэунут ди адэжь лъахэр дымылъэгъужамэ, къэдмыгъэзэжамэ». Мыбдеж жэнэту къытфIощI, ди къуэпсхэр къыщожьэ. Хэкум уи гур щопсэху, - пещэ ди лъэпкъэгъум. - Псалъэм папщIэ, гъуэгум срикIуэу цIыхухэр адыгэбзэкIэ зэпсалъэу щызэхэсхкIэ си гур хохъуэ. Шэч хэмылъу, дыкъэкIуэжа нэужь, ди анэдэлъхубзэми хэдгъэхъуэжащ, псом хуэмыдэу Жэмтхьэлэ дыщыдэса зэманым. ГъунэгъуфIхэр диIащ. ЖысIэкIэ уи фIэщ хъункъым ахэр апхуэдизкIэ гуапэу къытхущытащи, сахуэарэзыщ. Иджыри дызэрощIэ. Иджыпстуи адыгэбзэм срипсэлъэну сызэрыхуейм хуэдэ дыдэу хуиту къысхуэгъэсэбэпыркъым, абы срогумэщI. Сыт зэран хъур жыпIэмэ, къуажэм дыдэсыжамэ, нэхъыфIу дыпсэлъэну къыщIэкIынт, ауэ къалэм ар щынэхъ гугъущ. Си цIыхугъэхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ яхэтщ Сирием къикIыжахэри хэкурысхэри. АрщхьэкIэ махуэ къэс узэIущIэфыркъыми, адыгэбзэкIэ узэпсэлъэныр мащIэщ. Дауи, фIы дыдэ хъунт зыгуэрым и деж адыгэбзэри урысыбзэри щызэзгъэщIэну апхуэдэ Iэмал гуэр згъуэтами».
Къызэрыхэдгъэщауэ, Рае дэлъхуитI иIэщ: Басель Канадэм дэсщ, унагъуэ иIэщ. Юксель и закъуэу Норвегием щопсэу. Ар экономикэ IэщIагъэм хуеджащ. ЩIэх-щIэхыурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэщIапIэ къокIуэж. «Иджы дыдэ Юксель тхьэмахуитIкIэ щыIа къудейщ си деж. Налшык фIыуэ ецIыху, бзэри нэхъ ещIэ. Сыт Хэкум здрихар жыпIэмэ, уи фIэщ мыхъунуми сщIэркъым, ауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и къыдэкIыгъуэ зыбжанэ къищэхури, иригушхуэу къыздищтащ. ФIэфIу фи газетым йоджэ. Сэ мы лъахэм си гур щызгъэтIылъащ, сыпсэуху Хэкум сисыжыну сыхуейщ. Ди быным я ехъулIэныгъэ тлъагъумэ, лъэпкъым къыпызыщэн щIэблэ къащIэхъуэмэ, абы нэхъ насып улъыхъуэн?!» - дыщIегъу цIыхубзым.