«Инфорум-2025» зэхыхьэшхуэр япэу иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ. Абы и программэм хыхьэу, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ республикэм, гъунэгъу щIыналъэхэм я хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я редактор нэхъыщхьэхэмрэ стIол хъурей щрагъэкIуэкIащ.
УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Соловьёв Владимир тепсэлъыхьащ къэралым лъэпкъыбзэкIэ щылажьэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я щытыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхэлъым, абыхэм заужьыным, IэнатIэм и лэжьыгъэр къэзылъахъэхэр гъэзэкIуэжыным хуэгъэпса Iуэхухэр къызэраIэтынум. Абы щапхъэу къигъэлъэгъуащ языныкъуэ щIыналъэхэм я лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI газетхэмрэ теленэтынхэмрэ я Iуэхухэр зэрынэхъыфIыр. Абы и лъэныкъуэкIэ узэхъуэпсэнщ Тэтэрстаным и сабий телеканалыр жэщи махуи зэпымыууэ сыхьэт 24-кIэ зэрылажьэр, нэтыным хыхьэу ныбжьыщIэхэм мультфильмхэр тэтэрыбзэкIэ зэрызэрадзэкIыр. Абы щIигъужащ Iуэхум мылъку зэрытекIуэдэнур.
КИФЩI-м и журналистикэм ехьэлIауэ нэхъ зыгъэпIейтейхэм ящыщу Соловьевым гу зылъитахэм я гугъу щищIым нэхъыщхьэу къигъэлъэгъуар щIэблэм ящыщ куэдым я анэдэлъхубзэр фIыуэ зэрамыщIэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэм зрагъэхъуэжыну зэманым къызэригъэувыр къыхигъэщу, сабий гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ урысыбзэр зэрыщрагъэджым хэплъэжу, анэдэлъхубзэкIэ дерсхэр ирагъэкIуэкIыну къызэрыхалъхьэнур жиIащ. УФ-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэм лъэпкъ газетхэм заужьыным гъэ къэс мылъкушхуэ зэрыхухихыр икIи а комиссэм езыр зэрыхэтыр Соловьевым къыхигъэщащ. Абы къыхуриджащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэри апхуэдэ зэпеуэхэм хэтыну, лъэпкъыбзэхэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ щыIэ Iэмал псори къагъэсэбэпын папщIэ.
- ЗэрытщIэщи, лъэпкъыбзэхэр лъапIэныгъэхэм ящыщщ. Ахэр хуэсакъыу хъумэным, сабийр щыцIыкIум щыщIэдзауэ ирипсалъэу къэгъэхъуным псом хуэмыдэу унагъуэхэм гулъытэ хэха щыхуащIын хуейщ. Абы мызэ-мытIэу дытепсэлъыхьащ. ЩытыкIэр ефIэкIуэным хуэгъэпсауэ щыIэ Iэмал псори зыдэдгъэIэпыкъуну и чэзущ, - жиIащ Соловьев Владимир.
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Жыласэ Заурбэч къытеувыIащ республикэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм бзищымкIэ (адыгэ, балъкъэр, урыс) нэтынхэмрэ тхыгъэхэмрэ зэрагъэхьэзырыр, лъэпкъыбзэр зыгъэшэрыуэхэр, журналист IэщIагъэм хуеджэхэр зэрымащIэм къыхэкIыу, иужь зэманым лэжьакIуэхэр къемэщIэкI зэрыхъуар. Жыласэм жиIащ филологие институтым лъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэхэм щIэсхэр ещанэ курс нэужьым журналистикэми хурагъаджэу, филолог, редакцэм и литературнэ лэжьакIуэ IэщIагъэр яIэу къыщIагъэкIыну къызэрыхалъхьар. ЦIыхубэм я деж хъыбарыщIэхэр нахьэс къудей мыхъуу, лъэпкъ щэнхабзэмрэ бзэмрэ зэрахъумэри къыхигъэщащ. Сабий гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ урысыбзэкIэ зэрыщрагъаджэм, цIыкIухэм иджырей Iэмэпсымэхэр яIыгъыу, таурыхъхэм я анэдэлъхубзэкIэ зэремыплъым къыхэкIыу, жылэ нэхъ пхыдзахэм къыщыхъу щIэблэри урысыбзэм нэхъ зэрыхуэшэрыуэр. ЛэжьакIуэхэр ирикъуу яIэн и лъэныкъуэкIэ Жыласэ Заурбэч хэкIыпIэу къигъэлъэгъуащ нэхъапэм Москва журналистхэр щагъэхьэзыру зэрыщытар яублэжыныр зэрыIэмалыфIыр. Апхуэдэу щIигъужащ «Журналист ныбжьыщIэхэм я школ» къызэрагъэпэщауэ иужьрей илъэсхэм щIалэгъуалэр IэщIагъэм зэрыхагъэгъуазэр.
«Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Конаков Хьэсэни журналистхэр МГУ-м щрагъэджэным теухуауэ къаIэта псалъэмакъыр фIэкъабылу пищащ, сыту жыпIэмэ къыдэкIыгъуэхэр зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэр зэхуэдэщи. Абы жиIащ илъэсым цIыху зы-тIу нэхъ мыхъуми еджакIуэ яхуэгъакIуэу щытамэ, абы и фIыгъэкIэ республикэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр зи IэщIагъэм хуэIэижь лэжьакIуэхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъунур, лъэпкъ газетхэр мыкIуэдыжу иджыри илъэси I00-кIэ къыдэкIыну зэрахъуэпсапIэр.
- УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я егъэджэныгъэ Iуэхухэр, зэхыхьэхэр къытхузэгъэпэщынущ. Хъыбар нэпцIхэм цIыхухэр куэдрэ щрихьэлIэ щыIэщ. Абы журналистхэр хуэсакъыпхъэщ икIи зэрыхъукIэ япэщIэтыпхъэщ. Абы теухуауэ щыIэ иджырей Iэмалхэр къэгъэсэбэпын хуейщ, - жиIащ Касютин Владимир.
Урысей пощтым и лэжьыгъэр тэмэму къызэрызэмыгъэпэщам и гугъу ящIащ зэхыхьэм хэтхэм. Языныкъуэ щIыналъэхэр (Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэр) пощтым зэрыдэмылэжьэжыр, хэкIыпIэ къагъуэтауэ, я газетхэр езыхэм цIыхухэм зэрыIэрагъэхьэр ябзыщIакъым.
Пощтым и лэжьыгъэр тэмэму зэрызэтемыухуам и гугъу щищIым Соловьев Владимир къыхигъэщащ щытыкIэм зригъэхъуэжын папщIэ, УФ-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэр зыдигъэIэпыкъуу, ар УФ-м и Президентым и деж нихьэсыну зэримурадыр. Зэхуэсахэр Соловьевым къыхуриджащ Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр къагъэсэбэпыну, я зыужьыныгъэм зэран хуэхъуу гу зылъатэ Iуэхугъуэхэр зэхагъэкIыу икIэщIыпIэкIэ ягъэзэкIуэжыну, журналистхэм я щIэныгъэм хагъэхъуэну, цIыхухэм епсалъэурэ нэхъ яфIэгъэщIэгъуэн тхыгъэхэмрэ радио, теленэтынхэмрэ ягъэхьэзырурэ газетеджэхэр, телевизореплъхэр, радиом едаIуэхэр къыдахьэхыну, зэпеуэхэм я зэфIэкI щеплъыжыну - а псом зэричэзур къыхигъэщащ.
Зэхыхьэм хэтахэм фIыщIэ хуащIащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр къазэрыхуеблэгъам папщIэ. ХьэщIэхэм Налшык къалэм и музейхэм, щIыпIэ дахэхэм зыщрагъэплъыхьащ, я нэгу зыщрагъэужьащ. Абыхэм жаIащ щIыналъэм щыпсэухэр зэрыцIыху гуапэр, къалэм и теплъэр кIуэ пэтми нэхъри зэрефIакIуэр.