Зи IэщIагъэм хуэпэжу дунейм тета

Щхьэцэ Владимир къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

ЩыIэщ цIыху, къыхиха IэщIагъэм ­хущIегъуэжауэ, апхуэдэ дыдэуи и лэ­жьыгъэм насыпыфIэ ирихъухэми уа­IуощIэ. Дунейм тет къыщIэкIынкъым укъызыхуигъэщIа дыдэр щыуагъэншэу къыхэпхыфын нэхърэ нэхъыфI. Зи лэ­жьыгъэкIэ, IуэхущIафэкIэ апхуэдэ гу­зэгъэгъуэ псэуху зиIахэм ящыщщ зи илъэс 85-м мазэ бжыгъэкIэ нэмыса сурэтыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым ­гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Музыкэ театрым и сурэтыщI нэхъыщ­хьэу илъэс плIыщIым нэскIэ лэжьа Щхьэ­цэ Владимир. 

1940 гъэм шыщхьэуIум и 15-м ар ­къыщалъхуащ Старэ Шэрэдж къуажэм. Абы дэт курыт еджапIэм классибл школыр къыщиуха нэужь, Владимир щеджащ ­Курск къалэм дэт художественнэ учили­щэм. 1963 гъэм къигъэзэжри, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым художник нэхъыщхьэу уващ а илъэс дыдэм. Илъэс ­20-м щIигъукIэ   щыIауэ, Владимир Музы-кэ театрым ягъэкIуащ, псэухуи абы щы­лэжьащ сурэтыщI нэхъыщхьэу. 
- КъызэрысщыхъумкIэ, си гупсы­сэ- ­кIэм, дуней тетыкIэм къысхуихьа Iэ­щIагъэщ сурэт щIыныр, - къызжиIауэ ­щытащ зэгуэрым сыхуэзауэ Щхьэцэм. - Тхылъ седжэми, макъамэ седаIуэми, нэгъуэщI Iуэху зеспщытми, псори си нэгу къызэрыщIэзгъэхьэр сурэт щIауэт. 
Художник мыхъуауэ, гъащIэм и гъуэгу зэ­хэкIыпIэм деж щыту и нэгу къыщIигъэ­хьэрти, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ иунэтIын хуейуэ щытауэ къыщыхъуртэкъым Вла­димир. «СызыхущIегъуэж щыIэмэ, сурэт зэрызмыщIарщ», - къыжиIат абы. 
Театрым и утыкур игъэхьэзырын, игъэ­щIэрэщIэн Iуэху гугъум къыдэмыхуэурэ, IэдакъэщIэкI щIагъуэ хуэмыщIауэ ара си гугъащ апхуэдэу щIыжиIам и щхьэусы­гъуэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, Владимир иIэщ выставкэ пщIыуэ бгъэлъагъуэ хъун сурэт 200-м щIигъу. Ар иджыри къэс къыщIэмыхъуар мис а зэман жыхуэтIэр къыдигъахуэу и щхьэ Iуэху зэрихуэну зэрыхунэмысарщ.
Спектакль зэмылIэужьыгъуэу 100-м ­щIигъум елэжьащ Владимир. Художник гумызагъэм нэхъыфIхэр къыхигъэщхьэ­хукIын фIэфIтэкъым, дэтхэнэми и са-бийм хуэдэу хуэсакъырти. Ауэ езым и гур зыгъэзагъэр режиссёрымрэ сурэты­щIымрэ зэкъуэту ящIа лэжьыгъэрат. «А тIум я гупсысэр, Iуэху еплъыкIэр зэпэщ­хьэхуэмэ, лэжьыгъэ екIу цIыхухэм я пащ­хьэм иплъхьэфынкIэ Iэмал иIэкъым», - жиIэрт Владимир. 
Унагъуэ дахэ иIэщ Владимир - къуитI лъэпкъылIу ягъэсэн, лъэ быдэкIэ гъа-щIэм хагъэувэн яхузэфIэкIащ зэщхьэ­гъусэхэм. 
И IэщIагъэм гукъыдэж хуиIэу, къы­дэлажьэхэм фIыуэ къалъагъуу, пщIэ къыхуащIу къэгъуэгурыкIуа Щхьэцэ Владимир нобэ къытхэмытыжми, псэущ абы и IуэхущIафэхэр. Абыхэм щыгъуазэ дэ Владимир и фэеплъыр гуапэу ди гум илъынущ.  
ИСТЭПАН Залинэ.   

Поделиться:

Читать также: