ЦIыхухэм сэбэп зэрахуэхъум и гур хегъахъуэЗэфIэкI лъагэ зиIэ IэщIагъэлIщ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Лъхукъуэщауэ (Чым) Мадинэ СулътIан и пхъур. Абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Москва дэт, Пироговым и цIэр зезыхьэ къэрал медицинэ институтым. А еджапIэ дыдэм педиатриемкIэ ординатурэр щрихьэкIащ, иужькIи абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуэжри, УЗИ IэмэпсымэхэмкIэ узыр къэзыхутэ дохутыруи лэжьэн щIидзащ.
IэщIагъэр къызэрыхихар- Сэ курыт школыр къыщызуха лъэхъэнэм фIыуэ еджахэм псоми дохутыр IэщIагъэр къыхахырт. Сызыхуеджэнум теухуауэ зэи гупсысэ сиIакъым. СщIэрт дохутыр сызэрыхъунур, нэгъуэщIу зыслъагъуртэкъым. Си анэшхуэмрэ адэшхуэмрэ «сеIэзэрт», хущхъуэхэм я цIэхэр, ахэр зи сэбэпыр тынш дыдэу сигу изубыдэрт. Ди зэманым класс къэскIэ еджакIуэхэм ящыщу санитар яIэт, медсестрам и дэIэпыкъуэгъуу. Абыхэм жор плъыжьыр зытет хъуржын цIыкIур я плIэм идзауэ къыздрахьэкIырт. А къалэнри еджапIэм щызгъэзэщIащ. Пэжщ, сурэт щIыным, хьэпшыпхэм я щытыкIэр, зэхэлъыкIэр убзыхуным сыдихьэхырт, ауэ ар IэщIагъэ схуэхъуну зэи сигу къэкIакъым. Школыр къэзуха нэужь, Москва сыщеджэну тезухуащ. Си зэфIэкIыр згъэунэхужын папщIэ нэхъ жыжьэу сыIукIыну мурад сщIат. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым си благъэхэр щылажьэти, абыхэм я фIыгъэкIэ сыкIуэцIрыкIыу я гугъэну сыхуейтэкъым. Апхуэдэу 1979 гъэм Пироговым и цIэр зезыхьэ къэрал медицинэ институтым сыщIэтIысхьащ. Ар къэдуха нэужь илъэсищкIэ Москва дыщылэжьэн хуейт, ди псэукIэ и лъэныкъуэкIэ езыхэм псори къызэрагъэпэщт. Пэжыр жысIэнщи, абы сыкъыщынэну зэи сыхуеякъым, си лэжьыгъэр щыслъагъур ди республикэрат. Сыщеджа институтым жьэн узыфэр зыпкърыт сабийхэм еIэзэнымкIэ кафедрэ гъэщIэгъуэн иIащ, икъукIэ щIэщыгъуэу еджэныгъэр къыщызэрагъэпэщырт абы. А унэтIыныгъэм сызэрыдихьэхам къыхэкIыу Жьэн узыфэхэм щеIэзэ республикэ диспансерым лэжьапIэ сыуваут. Абы сызэрыкIуэрэ илъэс ныкъуэ хъуауэ, махуэ гуэрым фIы дыдэу си цIыхугъэ, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Ибрагимов Борис сыхуэзэри, и деж лэжьапIэ сригъэблэгъащ. Мис абы лъандэрэ, I988 гъэм щегъэжьауэ, мы центрым сыщыIэщ. Центрым хьэуам хэт ткIуаткIуэхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ и къудамэм лэжьэн щыщIэздзащ, а зэманым абы и унафэщIу щыта КIуэкIуэ Любовь и нэIэм сыщIэту. Иджыпсту абы зэреджэр узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ къудамэ №I-щ. Абы щIагъэгъуалъхьэр хьэуам хэт ткIуаткIуэхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэмрэ икъукIэ шынагъуэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ зыпкърыт сымаджэхэрщ. Япэм къызэщIеубыдэ пыхусыху лIэужьыгъуэхэр, бжэнтепкIэр, коклюшыр, скарлатинэр, фэрэкIыр, фэгъазэр, щIыфэкъилъэлъыр, щхьэ куцIым зэран хуэхъу узыфэхэр, нэгъуэщIхэри. ЕтIуанэм хохьэ тало, емынэ, сыбыр язвэ узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэр. Гухэхъуи гухэщIи къызет- Къыхэпха IэщIагъэмкIэ ущыхущIегъуэжа зэгуэр къыпхуихуа жыпIэмэ, зэи сиIакъым апхуэдэ гупсысэ. Дохутыр IэщIагъэр цIыхум и гъащIэр, и узыншагъэр хъумэным щепхакIэ, абы гухэхъуи гухэщIи къуитыфынущ. Уи Iэзэгъуэ зэпхьэлIа сымаджэр хъужауэ плъагъуныр гуфIэгъуэщ. Педиатриеращ си лэжьыгъэр зэпхари, сабийр балигъым хуэдэкъым, хьэлъэ дыдэу щымытмэ, ар къиин хъуркъым. Я жыджэрагъымкIэ, дэрэжэгъуэ къапкърыкIымкIэ уи гукъыдэжыр хагъахъуэу апхуэдэщ а цIыкIухэр. Къыпщыгугъ цIыхум сэбэп ухуэхъуфыныр, абы и фIыщIэ псалъэр зэхэпхыжыныр насыпышхуэщ.
Поделиться:
Читать также:
22.07.2026 - 17:35 →
Узыншагъэм теухуа щIэнIуатэ
22.07.2026 - 16:33 →
Уи бзэм ухуэсакъынри Хэкур пхъумэнри лIыгъэщ
22.07.2026 - 15:22 →
Бзэр тхыдалъэщ
22.07.2026 - 15:09 →
ЗылI хузэфIэкIын кърихьэлIащ
22.07.2026 - 14:04 →
Бзэ зэлъэбжьэгъухэр
| ||




