Iэмалхэр къалъыхъуэХэку зауэшхуэм цIыху щIэжым хэмыгъуэщэжын дыркъуэ къытринащ. Зауэр зи нэгу щIэкIахэм, щэхуми нахуэми, щIагъэкIа нэпсыр зымылъэгъуа куэд совет лъэхъэнэм зы къэралыгъуэ зэдиса лъэпкъыбэм яхэткъым. Адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм я нэпсыр лъапIэщ, аращ абыхэм ехьэлIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми щIэблэр хуэсакъыу щIыщытыр. Абыхэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр, мывэ скъархэр, къуэшыкхъэхэр, кхъэлэгъунэхэр. Тырныауз къалэм иджыблагъэ къыщыхъуа щIыуэпс къэхъукъащIэхэм я ягъэ екIащ апхуэдэ зы фэеплъым – къалэкум ит фэеплъ скъарымрэ къуэшыкхъэмрэ ятIэпсым щIигъэнащ, къыхэщыж щымыIэу. А Iуэхугъуэм имыгъэпIейтея яхэткъым къалэдэсхэм. Ар къэгъэнауэ, щIыналъэм щыпсэу куэдым гухэщIыгъуэ къаритащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр кIуэдыпIэ зэрихуар. ЦIыхубэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэр зэблэгъэкIа зэрыхъуным, абы и Iэмалхэр къэлъыхъуэным теухуат Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Отаров Мухътар иригъэкIуэкIа зэIущIэр. Абы кърихьэлIахэм я пащхьэ кърилъхьа Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр щIыпIэр щIэзыхъума ятIэпсыр къыхэгъэкъэбзыкIыжын, илъэс къэси фэеплъым апхуэдэ къыщыщIынкIэ щыIэ шынагъэм къыIэщIэхауэ ар гъэIэпхъуэн, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалэхэм я хьэдэр къыщIэхыжауэ нэгъуэщIыпIэ щыщIэлъхьэжын зэрыхуейрт. Зэхуэсым хэтахэр псори арэзы техъуащ Отаровым къыхилъхьа Iуэхугъуэм икIи ар зи пщэ дэлъхьапхъэ кIэлъыплъакIуэ-гъэзэщIакIуэ гуп къызэгъэпэщын зэрыхуейри къыхагъэщащ. Гулъытэ хэха игъуэтынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм я хьэдэхэр къыщIэхыжауэ щIэрыщIэу щIэлъхьэжыныр зи пщэ дэкIынур хэтми – хэгъэгум и къалэныр щIыналъэхэм щратыж къыхокIри, хьэдэщIэлъхьэ хуэIухуэщIэхэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм къыхуэнэнрэ къыхуэмынэнрэ убзыхун хуейуэ къапэщылъщ. ЯтIэпсым щIигъэна щIыпIэр къыщIагъэщыжа нэужь, Фэеплъым и утыкум игъуэта хэщIыныгъэр зыхуэдизыр къалъытэнущ, лэжьыгъэр зэфIэкIмэ, ар зэрыт Iэгъуэблагъэр зэгъэпэщыжыныр «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр» къэрал программэм храгъэубыдэнущ. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




