ЩIэнгъуазэ пэлъытэ ирехъу

2008 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэм» лъэпкъым и тхыдэм фIыкIэ къыхэна цIыху цIэ­рыIуэхэм ятеухуауэ гуэдзэн щхьэ­­хуэхэр къыдегъэкI. Дунейм къы­техьакIэщ КIыщокъуэ Алим, Темыр­къан Юрий, IутIыж Борис, МэшбащIэ Ис­хьэкъ, Къэшэж Иннэ, Къардэн­гъущI Зырамыку, Налохэ Зауррэ Ахьмэдхъанрэ, Мэлба­хъуэ Тимборэ, Къалмыкъ Юрий, Бэрбэч Хьэ­тIутIэ, Iэп­щэ Александр, Хьэшыр Чылар, Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин) сымэ, нэгъуэщIхэми ятеу­хуа­хэр.
ПщIэ зыхуэтщI ди газе­т­еджэхэр фыщыгуфIыкIыну ди гугъэщ нобэ фи пащхьэ ды­зэрихьэ унэтIыныгъэщIэми. Ар адыгэхэр дунейпсо щэнхабзэм и пащхьэ зэрит, адрей лъэпкъ­хэм къахэзыгъэщхьэхукI ехъу­лIэны­гъэ­хэм тепсэлъыхь гуэ­дзэн­хэрщ. ЩIэн­гъуазэ пэ­лъытэ хъуну ­ды­зы­щIэхъуэпс къы­дэ­кIы­гъуэ­хэм къы­щыдгъэ­лъэ­гъуэну ди мурадщ адыгэ лъэп­къым и хъугъуэ­фIыгъуэхэр: «Нарт» эпо­сым­рэ ар адрей лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм къызэ­рыщхьэ­щы­кIым­рэ; адыгэ фащэмрэ ­Iэщэм­рэ; Хьэт къэралыгъуэмрэ абы ди тхы­дэм щиу­быд увы­пIэм­рэ; Адыгэ хабзэмрэ ар ХХI лIэщIы­гъуэм зэрезэгъым­рэ; лъэпкъ шхыныгъуэхэмрэ адыгэ  Iэнэм  и лъапIагъымрэ, н.
Мы къыдэкIыгъуэм и ­гуэ­­дзэныр дуней псом «къэ­бэрдей» фIэщыгъэмкIэ къыщацIыху адыгэшым и блэкIамрэ и нобэмрэ теухуащ. Ар зыгъэ­хьэ­зырар «Адыгэ псалъэм» и обоз­реватель Чэрим Марианнэщ.
ПщIэ лейуэ тщыхъунт фэри, ди гупыжхэр къызэрыддэфIыгъым и джэрпэджэжу, дэ ды­зы­щымыгъуазэ тхыдэ напэ гъэ­щIэгъуэнхэмрэ цIыхубэм лъэ­Iэсыну ффIэигъуэ гукъэ­кIыж купщIафIэхэмкIэ фыкъыддэгуэшамэ.
ПщIэ къыфхуэзыщI

«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ,
ЩIДАА-м и вице-президент,
«Адыгэ (Шэрджэс) щIэнгъуазэ» институтым и директор,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
Поделиться:

Читать также: