Ущыпсэуну тынш къалэхэр

Налшык, Май, Шэджэм щыпсэухэм я проектхэр Къалэхэр ущыпсэуну тынш щIынымкIэ урысейпсо зэхьэзэ-хуэм зэрыщытекIуам щхьэкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэ­тащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

«Къалищми я гупхэм фIыуэ загъэхьэзырат. Шэч хэлъкъым а проектхэм я фIыгъэкIэ къалэхэри нэхъ дахэ, цIыхухэми я псэукIэр нэхъыфI зэрыхъунум. Къару нэхъыщхьэу а лэжьыгъэм хэтщ ди Президент Путин Владимир къыхилъхьа «Къалэхэр ущыпсэуну тынш щIынымкIэ» проектыр, - щетх и напэкIуэцIым КIуэкIуэ Казбек. 
2025 гъэм зэхьэзэхуэм зрагъэубгъуащ. Абы хэтыну хуитт зи бжыгъэр цIыху мин 300-м щIигъу къалэхэр, тхыдэ, административнэ псэупIэхэр. ТекIуар къыхахын папщIэ, мы гъэм ирагъэкIуэкIа урысейпсо IэIэтым хэтащ цIыху мелуан 16,5-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу зэпеуэм хэтащ Налшык, Май къалэхэмрэ Шэджэм районымрэ я муниципальнэ гупхэр. 
ТекIуэныгъэ къэзыхьа проектым ипкъ иткIэ, Май къалэм «Пшэплъ» зи цIэ парк щаухуэнущ. Абы зыщиубгъунущ Эн-          гельсым и цIэр зезыхьэ уэрамым деж. Жыг сатырхэр, щхьэ зытелъ тетIысхьэпIэхэр, спорт объектхэр, сабий джэгупIэхэр, щхъуантIагъэм хухэха щIыпIэхэр, къэжыхьыпIэхэр, зэхэзе­кIуапIэхэр - зыри гулъытэншэу къагъэнакъым. Май къалэр иджы етIуанэ щытокIуэ мы зэхьэзэхуэм. 
Шэджэм щызэфIахынущ «Къалэм уиутIыпщыркъым» проектыр. Абы хохьэ теплъэ дахэ зиIэ дамыгъэхэр: къуршхэр, псыежэххэр, щхъуантIагъэм къыхэщIыкIахэр, лъэпкъ нэ­щэнэхэр. Проектым хэт Iыхьэр Налшык здэщыIэ лъэны­къуэм гъэзауэ къалэм и курыкупсэм хеубыдэ, аращи, Шэджэм и хьэблэщIэхэм щыпсэухэр зыIэпишэнущ. Зэхэзе­кIуапIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, спорт джэгупIэхэр хеубыдэ проектым. Шэджэм иджы ещанэ зэхьэзэхуэм щытокIуэ. ИджыпстукIэ къалэм щызэфIах «Псыежэхым IэплIэ къытхуещI» проектыр. 
Налшык щIалэгъуалэр нэхъуеиншэу зыпэплъа «экстрим-парк» къыщызэIуахынущ. Мылылъэ сэрейр здэщыт, Таман дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым деж зыщиубгъунущ абы, сабий-щIалэгъуалэ спорт хьэблэ щаухуэм щыгъуэ зэраубзы­хуам хуэдэу. Зи гугъу тщIы паркым хэтынущ «спорт шына­гъуэм» и лIэужьыгъуэхэм яхухэха зыгъэсапIэ, сабий джэгупIэ, щхъуантIагъэм къыхэщIыкIа гъэлъэгъуапIэ, зыгъэпсэхупIэ, зекIуапIэ, машинэ гъэувыпIэ, къинэмыщI объектхэр.

Поделиться:

Читать также: