ЛъэныкъуитIымкIи щызэблокI

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Iуащхьэмахуэ районым и администрацэм и унафэщI Отаров Мухътар.
 
Ахэр тепсэлъыхьащ Тыр­ныауз ятIэпс къызэрыщехам кърикIуахэр гъэзэкIуэжа зэрыхъум. НобэкIэ къалэм пхыкI ­гъуэгухэм мывэрэ ятIэу щы­зэтрихьар трагъэкъэбзыкIыжащ, къэнэжар ЩэнхабзэкIэ уардэунэм и пщIантIэращи,            ар нобэ-пщэдей зэфIэкIыну Iуэхущ. 
Автомашинэхэр щызекIуэн папщIэ, пIалъэкIэ къагъэщ­хьэпэну гъуэгу щхьэхуэ къызэIуахащ. Автомобилхэри, хьэлъэзешэхэри, цIыхухэр къе­зы­шэкIхэри абы лъэныкъуитIымкIи унэтIауэ, Госавтоинспекцэм и нэIэ щIэту щызэблокI. Къэрал гъуэгу зыкIуэцIрыкI Герхожан-Суу псыежэхым телъ лъэ­мы­жыр зэрагъэпэщыжын щIа­дзащ, абы и лъабжьэри ягъэ­къабзэ. Къалэм и инфраструктурэмрэ ятIэпс къех хъумэ, къэзыгъэувыIэну кIэнауэхэмрэ я проектхэм IэщIагъэлIхэр йолэжь. 
ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ районыр гъэплъыгъуэ зэманым зэрыхуэхьэзыр щIыкIэм, псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйствэм игъэлажьэ хьэкухэмрэ къинэ­мыщI зэрагъэплъ Iэмэп­сы­мэ­хэмрэ щIэкIэ зэхъуэкIын зэ­рыхуейм и гугъу ящIащ. 

 

Поделиться:

Читать также: