ЩIалэгъуалэм я хэщIапIэ лъэщ«Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлI гупым, IуэхущIапIэр къызэрызэIуахрэ илъэсищ зэрырикъум папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гуапэу ехъуэхъуащ. Абы и хъуэхъум щыжеIэ: - Ди къэралым и Президент Путин Владимир къыхилъхьа-уэ щыта жэрдэмым ипкъ иткIэ, илъэсищ ипэкIэ, 2022 гъэм и шыщхьэуIу мазэм, Псыхуабэ къалэм къыщызэIуахауэ щытащ «Езыгъаджэхэр идогъаджэ» къыхуеджэныгъэм зи лэжьыгъэр щIэт щIэныгъэ центр иныр. Егъэджэныгъэ программэщIэхэр, иджырей мардэхэм хуэкIуэ Iуэху зехьэкIэщIэхэр, творческэ бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэралым хэIущIыIу щызыщI щIыналъэ гупхэм апхуэдэу и гъуэгуанэр яублауэ щытащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




