ЕхъулIэныгъэщIэхэм дыхуэзыунэтI дамыгъэ

Ныпыр цIыхухэм, лъэпкъхэм куэд щIауэ къадогъуэгурыкIуэ я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу, я къарур къызэщIигъэуIуэу. Ар ди гъусэщ Хэкум и махуэшхуэ­хэми ди ехъулIэныгъэхэр щы­дгъэлъапIэми.

Мы гъэм 31-нэу ягъэлъапIэ Урысейм и къэрал ныпым и махуэшхуэр. Абы тхыдэ къулей ­къыдогъуэгурыкIуэ, ауэ ар зэ­ры­зэхэт плъы­фэхэм я мыхьэнэр къэралым щIигъэбыдауэ щыткъым. КъызэралъытэмкIэ, ху­жьым къегъэ­лъагъуэ мамырыгъэрэ къабзагъэрэ; щIыхум - фIэщхъуныгъэрэ пэжыгъэрэ; плъыжьым - къарурэ Хэкум и щхьэхуитыныгъэм пап­щIэ ягъэжа лъырэ. Ныпым теухуа Iуэху­гъуэ гъэщIэгъуэнхэр тхыдэм ­къыхощ. Псалъэм папщIэ, Пётр Езанэм и лъэхъэнэм хытетхэм (моряк) абы и плъыфэхэр зэрызэ­кIэлъыкIуэр тыншу ягу ирау­быдэн щхьэкIэ «БеСиК» (белый, синий, красный) жыIэгъуэр къагъэсэбэпу щытащ.
Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым Iэтауэ щагъэлъэпIащ ар. Налшык къалэм ЗэгурыIуэныгъэм и утым «Си нып - си Хэку» зыфIаща Iуэхур щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ,                      КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэ­-мэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшы­рокъуэ Залым, республикэм и министрхэр, ветеран зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэр, СВО-м и лIыхъужьхэр, жылагъуэ лэжьа­кIуэ­хэр, щIалэгъуалэ, волонтёр зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Каз­бек щIыналъэм щыпсэухэм­рэ хьэщIэхэмрэ зэрехъуэхъу тхыгъэм итщ: «ПщIэ зыхуэсщI си ­лъахэгъухэ! Сынывохъуэхъу Урысейм и къэрал ныпым и ма­хуэмкIэ! Къэрал дамыгъэр къа­дэ­гъуэгурыкIуащ лъэпкъ куэд щыпсэу ди Хэкум и щIэблэхэм. Абы дропагэ Урысейм и тхы­дэ­шхуэм, и текIуэныгъэхэмрэ ехъу­лIэныгъэхэмрэ я щыхьэтщи. ­Урысей къэралыгъуэм къыгуэ­хыпIэ зимыIэ и дамыгъэу ар ди гъащIэм хэтщ, цIыхубэ зэкъуэ­тыныгъэмрэ Хэкум хуэпэжы­нымрэ дыкъыхуриджэу. Гъэу­нэ­хуныгъэщIэхэм дащыпэщIэт мы лъэхъэнэм а зи гугъу сщIы лъапIэныгъэхэм я мыхьэнэр нэхъ иныжщ, ди къэралыр нэхъри ­къарууфIэ хъуным дыхущIе­гъэкъу. Къэрал ныпыр щапхъэ ­яхуохъу къыдэкIуэтей щIэблэм, ар хэкупсэу къэхъунымкIэ, я лъахэм и къэкIуэнум папщIэ жэ­уап­лыныгъэ зыхалъхьэнымкIэ. Икъу­кIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ди къэрал дамыгъэ нэхъ лъапIэхэм ящы­щым сабиигъуэм щыщIэ­дзауэ щIэблэр ирипагэу дгъэ­сэным. Си фIэщ мэхъу ар дяпэкIи ехъулIэ­ныгъэшхуэхэм ди гур къыхуэзыгъэуш къарууэ зэрыт­щIыгъунур. Сынывохъуэхъу! БэIу­тIэIуншэу фыпсэуну, мы махуэм фIыгъуэр къыфхудэкIуэну си ­гуапэщ!»

ЗэгурыIуэныгъэм и утыр махуэшхуэм хуагъэхьэзырат. Абдеж Урысей Федерацэмрэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрымрэ я нып­хэр щаIэтащ, къэрал гимнхэр щIэту. НыбжьыщIэхэм утым щаубгъуащ метр 30 зи кIыхьагъ,        20 зи бгъуагъ триколорыр. 

Урысей Федерацэм и Къэ-рал ныпым и махуэм хуагъэ-­хьэ­зыра пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артист Те­-куев Амур, КъБР-м щIыхь зиIэ  и артист ЦокIыл Азэмэт,  КъБР-м и Музыкэ театрым и           у­э­рэ­джыIакIуэхэу ПащIэ Маринэрэ  ДыщэкI ФатIимэрэ, Мэзыхьэ Анастасие, иджырей къафэмкIэ щапхъэ зытрах «Арабеск» ансамблым.
КъБР-м и Правительствэмрэ республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ я къарукIэ зэхыхьэ дахэхэр къыщызэрагъэпэщащ Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм я унэу дэтым и гупэм, ХьэтIо­хъущо­къуэм жыг хадэм,  Искож хьэблэм щыIэ «Зэныбжьэ­гъугъэ» зы­гъэп­­сэ­ху­пIэм. Абыхэми цIы­хушхуэ къы­зэ­хуашэсащ: хьэ­щIэ­хэр «Си къэралым и нып» зыфIаща пшыхьым еп-лъащ, «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» Iуэхум ­хы­хьэу, трико-лор лентIхэр цIы­ху­хэм хуагуэшащ, ны­пым и плъыфищыр зэкIэл­ъы­кIуэу аквагрим IэмалкIэ зы­хуейхэм тра­­гъэщIыхьащ, ину ягъэува къэрал ныпым деж щыту су­рэтхэр зытрагъэхыну ­Iэмал яIащ. Нэхъ цIыкIухэм пап­щIэ «Гъэмахуэр - сабийхэм» Iуэ­хур ирагъэкIуэкIащ. Урысейм и къэрал нып дахэм иращIэкIа зэхыхьэхэм цIыхухэм я нэгу зыщиужьауэ жыпIэ хъунущ. 
БАГЪЭТЫР  Луизэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

Читать также: