Хэкупсагъэр щытепщэу

Урысейм и Къэрал ныпым и махуэр республикэм и къалэ, щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Нарткъалэ дэт лицей №1-м и пщIантIэм Урысей ныпыр щаIэтащ ныбжьыщIэхэм я Iэгуауэшхуэм щIэту. ЗэIущIэм хэтащ лицейм щеджэхэмрэ щылажьэхэмрэ, Аруан район администрацэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м «Хэкум и хъумакIуэхэр» и фондым и IэщIагъэлIхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хьэщIэ лъапIэу кърагъэблэгъат дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр. 
Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, хэкупсагъэм, Хэкум и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ и тхыдэмрэ я нэщэнэ ныпыр къэрал Гимныр къеуэу яIэтащ лицейм нэхъыфIу щеджэ ныбжьыщIэхэм. 
Нарткъалэ дэт «Нарт» щIалэгъуалэ цент­рым а махуэм къыщызэрагъэпэщащ щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр зыхэта зэпеуэ, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэр. Ахэр псори зытеухуэжар Урысейм и тхыдэр, къэралыгъуэр хъумэнырт, ди цIыхухэм я хэкупсагъэр нэхъри нэхъ быдэ щIынырт. Нэхъ цIыкIу дыдэхэм асфальтым мел щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ тращIыхьащ плъы­фищу зэхэлъ ныпым и сурэтыр. 

Бахъсэнхэр зэхыхьащ
Бахъсэн къалэм щыпсэухэри и хьэщIэхэри къыдэкIащ махуэшхуэм хэтыну. «Урысейм и ныпым дропагэ» Iуэху дахэр щрагъэкIуэкIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэ утым. Абы къекIуэ­лIащ сабийхэри, щIалэгъуалэри, нэхъы­жьы­Iуэхэри. Дэтхэнэми а махуэм иджыри зэ нэхъ лейуэ егъэлъагъуэ къыщалъхуа щIыналъэм цIыхум дежкIэ и мыхьэнэр, апхуэдэ дыдэуи зыхещIэ хэкум япэ ибгъэщ хъун зэры­щы_мыIэр. 
НыбжьыщIэхэр хэкум хуэпэжу, къэралым и тхыдэр фIыуэ ящIэу къэгъэхъуным ехьэлIауэ волонтерхэм къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ хуагуэшащ данлъэчхэмрэ Урысейм и тхыдэмрэ и дамыгъэ нэхъыщхьэхэмрэ зэрыт тхылъ цIыкIумрэ. Сабий творчествэмкIэ центрым нэхъ цIыкIухэр зэхуишэсащ икIи къэрал ны­пыр щIыным теухуа мастер-класс иригъэкIуэкIащ. 
А махуэм къалэ паркым щекIуэкIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэр зыхэта концерт. Дыгулыбгъуей къыщызэрагъэпэщащ «Си къэралым и ныпыр» флешмобыр. 

Ныпым къигъэуш гупсысэхэр 
Махуищ-плIым къриубыдэу Тэрч районым и библиотекэхэм къыщызэрагъэпэщащ «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысей Федерацэмрэ я къэрал дамыгъэхэр» фIэщыгъэцIэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэр. Тэрч къалэм дэт ГъуазджэмкIэ сабий школым щызэхыхьащ зэчий зыбгъэдэлъ ныбжьы­щIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм еплъыну гупыж зы­щIахэр. Ахэр псори зытеухуар, дауи, къэ­рал ныпырт, абы лъабжьэ хуэхъу гупсысэ нэхъыщхьэрт - хэкупсагъэр, зэкъуэтыныгъэр, зэныбжьэгъугъэр, зэгурыIуэныгъэр ди гъуа­зэу дыпсэун, щIэблэр абы хуэдгъэсэн зэры­хуейрт. 

Хэкум хуэпэжу ягъасэ
ШыщхьэуIум и 18-м щегъэжьауэ 22 пщIондэ Дзэлыкъуэ районым Iуэхугъуэ хэхахэр щрагъэкIуэкIащ «Лъэпкъым и дамыгъэ» фIэщыгъэцIэм щIэту. 
Каменномост къуажэм дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ къуажэ курыт еджапIэм щызэхуэсащ къуажэдэс нэхъыжьхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, школакIуэхэр. Къуажэм дэс ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэт Кумыщ Малилрэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Алмэ Аслъэнрэ ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ къэрал ны­пым, абы и мыхьэнэм, и пщIэм. ШколакIуэ нэ­хъыщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ ныпыр къэрал ныпыр къызэрыунэхуауэ щытар, абы и плъыфэхэм къарыкIыр, ар зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэ зэрыхъуар.
Мазэ псом къриубыдэу мы щIыналъэм щекIуэкIынущ творческэ зэпеуэхэр, концертхэр, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр.
 
Метр 20 и кIыхьагъыу
Шэджэм щIыналъэм и щIалэгъуалэм хуабжьу зыхуагъэхьэзырат Урысейм и къэ­рал ныпым и махуэм. ТекIуэныгъэм и паркым абы­хэм щаукъуэдиящ метр 20 зи кIыхьагъ ны­пыр. ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм хэт щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ къэрал ныпым и мыхьэнэм, абы хуэщIын хуей пщIэм, хэкур, лъэпкъыр, укъы­зы­хэкIар бгъэлъапIэу дуней узэрытетыпхъэм теухуауэ я гупсысэхэр къыщаIуатэ видео теплъэгъуэ трахащ. 

Паспортхэр иратыж
Бахъсэн район администрацэм и гупэ утым махуэ лъапIэм ирихьэлIэу паспортхэр щратыжащ зи ныбжь нэса щIалэгъуалэм. Махуэ лъапIэм теухуа данлъэчхэр щагуэшащ зэ­хы­хьэм. ЩIыналъэм и къуажэхэми зэхыхьэ щхьэ­­пэхэр къыщызэрагъэпэщащ, псом хуэ­мы­дэу Iуэхум жыджэру хэтащ къуажэ ку­рыт еджапIэхэр. 

ЩIэблэм я махуэшхуэ
 «Зы ныпым и лъабжьэм дыщIэту», «Плъыфищу зэхэлъ ди нып» флешмобу Iуащхьэмахуэ районым щрагъэкIуэкIам ныбжьыщIэ куэд зэхуишэсат. Махуэшхуэр зейр ахэра фIэкIа умыщIэну гукъыдэжыр я куэду зэрахьащ Iуэхур. КъэкIуэнур зейр щIалэгъуалэращ жыхуаIэм хуэдэу ныпым зэкъуигъэувэн хуейри, ар гъуазэ зыхуэхъун хуейри къыдэкIуэтей щIэблэр зэрыарар къагурыIуэу, щIыналъэм и жылэхэм щекIуэкIа зэхыхьэхэр гъэ­щIэ­гъуэну ягъэпсат. 
Куэдрэ ящымыгъупщэжыну телъыджэ ­хъуащ уафэгум ираутIыпща шар хужьхэр, плъыжьхэр, щIыхухэр. 

Зэпеуэхэри хэту
Прохладнэ къалэ округымрэ щIыналъэмрэ, Май районым, адрей куейхэм зы­къы­кIэрамыгъэхуу, зыхуагъэхьэзыращ махуэшхуэм. Абы щекIуэкIащ тхылъ гъэлъэгъуэ­ныгъэхэр, сурэт щIынымкIэ зэпеуэхэр. А махуэм паспортхэр иратыжащ нэхъыфIу еджэ ныбжьыщIэхэм. ШколакIуэхэр хэкупсагъэм хуэзыгъэуш фIэщыгъэцIэхэр зиIэ зэхыхьэ гу­къи­нэжхэр къыщызэрагъэпэщащ Алътуд, Про­летарскэм, Заречнэм, нэгъуэщI жылэхэми. 
Май къалэкум пщыхьэщхьэм щекIуэкIащ «Пагэу мэхуарзэ къэралым и ныпыр» концертыр. Абы еплъыну къызэхуэсат къалэдэсхэри къуажэхэм къикIахэри. 

Сабий зэчиифIэхэм зыкъагъэлъагъуэ
Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Ташлы-Тала, Анзорей, Арщыдан, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ, Хьэтуей жылэхэм сабий къэфакуэ, уэ­рэ­джыIакIуэ гупхэр зыхэта зэхыхьэхэр ще­кIуэкIащ. ГъуазджэмкIэ сабий школым къы­щы­зэрагъэпэщащ цIыкIухэм я Iэдакъэ­щIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Апхуэдэуи ­районым и ЩIалэгъуалэ центрым щызэхуэсат махуэшхуэм хэтыну гупыж зыщIахэр. Къуа­жэхэм щыIа зэIущIэхэм хэтахэр зэхуэ­сыжри, къэрал ныпыр яIыгъыу машинэкIэ къажыхьащ.
 
Гупсысэ куу щIэлъу
Ныпым и махуэм траухуа Iуэхугъуэхэм гупсысэ куу ящIэлърэ ар ныбжьыщIэхэм бгъэдалъхьэм яфIэфIу зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызэрагъэпэщащ Шэрэдж районым ит библиотекэхэм. Абы тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэри щекIуэкIащ, цIыкIухэм я гупсысэр зыунэтI зэпсэлъэныгъэхэри къыщызэрагъэ­пэщащ. Дыгъуасэ Къэщкъэтау дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэм щызэхашащ къэрал ныпым иращIэкIа дауэдапщэхэм я нэхъыщ­хьэ концерт зэIухар. 

Тхыгъэри сурэтхэри зейр
НэщIэпыджэ Замирэщ. 

Поделиться:

Читать также: