Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ заужьКъэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ (МСП) хыхьэ и IуэхущIапIэхэм я куэдагъым къыхэхъуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм шыщхьэIум и 10-м ирихьэлIэу абыхэм я бжыгъэр 22206-рэ хъуащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 107,3-кIэ хуэкIуэу. Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ я IуэхущIапIэхэм ящыщу 5654-р юридическэ лицощ (проценти 101,9-кIэ хэхъуащ), 16552-р – уней IуэхущIапIэщ (проценти 109,2-кIэ). Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу налогкIэ худачыхыу я щхьэ хуэлэжьэжыну налог хэзых IэнатIэхэм зыщезыгъэтхахэм я бжыгъэр 89967-рэ хъуащ - ар нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм процент 116,8-кIэ хуокIуэ. Абы щыщу физлицохэр 86673-рэ мэхъу (проценти 115,2-кIэ), уней IуэхущIапIэхэр – 3294-рэ (проценти 180-кIэ). КъинэмыщIауэ, МСП-м хыхьэ IуэхущIапIэ 3993-рэ мы гъэм щIэуэ къызэIуахащ, ари проценти 110-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Абы щыщу 450-р юрлицощ (проценти 112,2-кIэ), уней IуэхущIапIэхэр - 3543-рэ мэхъу е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 109,7-кIэ хуокIуэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэ IуэхущIапIэхэр щIыналъэм щыдаIыгъ икIи зыщрагъэужь «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хьэрычэт щIэн жэрдэмыр ядэIыгъын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




