Гъавэ бэвым и шэсыпIэКъэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм мы гъэм зыхуагъэувыжа пIалъэм тету щIыгъэпшэрхэр республикэм кърашалIэ. Дызэрыт илъэсым губгъуэ лэжьыгъэхэр ныкъусаныгъэншэу ирагъэкIуэкIыфын папщIэ, ахэр зыхуэныкъуэну тонн мин 47,2-м щыщу тонн мин 36,5-м щIигъу нобэкIэ къащэхуащ е псори зэхэту кърашэлIэну яубзыхуам и процент 77-р.
ГурыIуэгъуэщ мэкъумэш къэкIыгъэхэм щIыгъэпшэрыр и чэзум ирикъуу ирату щытмэ, нэхъ псынщIэу зэрызаужьынур, абыхэм къайуалIэ хабзэ узыфэхэм щыхъума зэрыхъунур, гъавэ бэв къызэратынур, щIыр «тIэщIа» мыхъуу къызэрызэтенэнур. Абы къыхэкIыу, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм щIым ират щIыгъэпшэрым и куэдагъым илъэс къэс хагъахъуэ икIи Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыпэрытщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2024 гъэм зы гектарым хуэзэу щIыгъэпшэру щIым халъхьам и куэдагъымкIэ - килограмми 156,6-рэ, - Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр КИФЩI-м щиубыдащ. Абы ипэ ита илъэсым а бжыгъэр зэрыхъуар килограмми 155,4-рэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




