ЛыхэкIыу къалэжьым хохъуэДызэрыт илъэсым и япэ мазихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэщыхъуэхэм къалэжьащ былымылрэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) тонн мин 58,9-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 9,5-кIэ нэхъыбэщ ар.
Абыхэм я нэхъыбэр Прохладнэ щIыналъэм и Iэщыхъуэхэм къалъысащ – процент 21-р е тонн мин 12,8-р. Апхуэдэу щытми, а пIалъэм къриубыдэу а ерыскъыхэкI лIэужьыгъуэхэм я куэдагъым хэзыгъэхъуахэмкIэ Бахъсэн районыр япэ ищащ – процент 25-кIэ.
Бжыгъэхэр я щыхьэтщ республикэм Iэщ гъэхъун IэнатIэм зыужьыныгъэ нэрылъагъухэр зэрыщыIэм, зэфIэкIыфIхэри къызэригъэлъагъуэм, къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
МыIэрысей хадэхэрщ лэжьыгъэм щигуащIэгъуэр
Урысей Федерацэм мыIэрысэр жыджэру иджыпсту къыщыпачыж, абы къыдэкIуэу, жыгыщIэхэр щагъэтIысыну щIыхэр ягъэхьэзыр. НобэкIэ къэралым къыщрахьэлIэжащ тонн мин 85-м щIигъу. МыIэрысэмкIэ къэралым щыпэрытхэм яхохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Краснодар, Ставрополь крайхэр, Кърымыр, Дагъыстэныр икIи УФ-м псори зэхэту къыщрахьэлIэжым и процент 80-р абыхэм къалъос.
Мыгъэрей пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ я нэхъыбэр республикэм щыIуахыжащ, иджыпсту лэжьыгъэм щигуащIэгъуэр мыIэрысей хадэхэрщ.
Иужьрей илъэсхэм жыг хадэгъэкIхэм ират къэрал дэIыпыкъуныгъэхэм я фIыгъэкIэ, мыIэрысейхэр зыхащIэ щIым къыхагъахъуэ, иджырей технологиехэр къыхашэ, псы зэрыщIагъэлъадэ, уэм зэрыпIэщIэт, щIыIэм щызыхъумэ системэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къагъэсэбэп зэпытщ.
2024 гъэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу къэралым къыщагъэкIам и процент 30-м нэблагъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ейщ, абы щыщу нэхъыбэр мыIэрысэу.
Мыдрейуэ, 2025 гъэм и щIышылэм – мэлыжьыхьым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мыIэрысэу тонн мин 79,5-рэ яхуригъэшащ къэралым и щIыналъэ куэдым. Ар процент 60-кIэ нэхъыбэщ 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ. Жыг хадэгъэкIхэм апхуэдэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Ди гъунэгъу щIыналъэхэм къадэкIуэу, республикэм и пхъэщхьэмыщхьэхэр куэду ящэху нэхъ тпэжыжьэIуэхэми, псалъэм папщIэ, Приморскэ крайм, Бурятием, Луганск, Донецк лъэпкъ республикэхэм, нэгъуэщIхэми.
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Республикэм хилъхьэр мащIэкъым
2025 гъэм и япэ мазихым къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зэхэту мэлылу къалэжьар проценти 6-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. ЖыпIэнурамэ, Урысей Федерацэм а шхыныгъуэм щыщу а пIалъэм къыщалэжьам и процент 36-р КИФЩI-м и Iэщыхъуэхэм я гуащIэщ.
Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – мэкъуауэгъуэм къриубыдэу мэлылымкIэ хэхъуэ нэхъыбэ Кавказ Ищхъэрэм къыщызыгъэлъэгъуар, нэгъабэрей бжыгъэхэм елъытауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрырщ – процент 28-рэ е тонн мини 6,2-рэ. Псалъэм папщIэ, КИФЩI-м мэлылу къыщалэжьам и процент 13-р ди республикэм и Iыхьэщ.
Iэщ гъэхъун IэнатIэм апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр щIиIэм и щхьэусыгъуэр мэлыр щаIыгъ щIыпIэхэм зэрызрагъэубгъурщ. Абы нэмыщI, иджырей комплексхэм фIагъ лъагэ зиIэ продукцэхэр къыщыщIагъэкI, ветеринариемрэ экспортымрэ ехьэлIауэ щыIэ мардэхэм къотIасэ.
КИФЩI-м и Iэщыхъуэхэм нэхъыбэу зэрахуэр лы куэду зытезылъхьэ «дорпер», «суффолк», «тексель» мэл лъэпкъыфIхэрщ. Иджырей Iэмалхэм тету ахэр зэрагъашхэм, къэуат зыщIэлъ Iусыпхъэ зэрыратым, илъэс хъурейкIэ мэлылыр къызэралэжьым я фIыгъэкIэ, щIэупщIэм кIэрыхуркъым, уеблэмэ я фIагъкIэ адрейхэм ейм къыщхьэщокI.
«Къэралым мэл лъэпкъыфIхэр къэгъэхъунымкIэ и IэнатIэм зегъэужьынымкIэ КИФЩI-м и мыхьэнэр нэрылъагъущ. Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлылу къыщалэжьым и куэдагъым зэрыхагъэхъуам дыщогуфIыкI. «Урысеймэкъумэшбанкым» адэкIи диIыгъынущ республикэм и мэкъумэшыщIэхэмрэ Iэщ гъэхъун IэнатIэмрэ, абыхэм зыужьыныгъэфIхэр ягъуэтын, фIагъ лъагэ зиIэ продукцэхэр нэхъыбэу къыщIагъэкIын папщIэ», - жиIащ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Сокъур Алим.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




